Къамыл, шыкIэпшынэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ. Пшынэр къыщацIыхуар XIX лIэщIыгъуэм икухэм хуэзэу къагъэлъагъуэ, икIи нэхъ пасэм ар нэхъыбэу зыгъэбзэрабзэу щытар цIыхубзхэрщ.
Ди зэманым щIалэхэм ар нэхъ я Iэпэгъу хъуащ. А Iуэхум езым и щхьэусыгъуи и фIагъи хэлъыж къыщIэкIынщ. Шэч къызытумыхьэнырщи, ар къэмыIумэ, джэгури мыхъуауэ, гуфIэгъуэри зэхамышауэ къыпщохъу. ЖаIэ хабзэщ: адыгэ пшынэр бзэрабзэмэ, къуалэбзу макъыу зэщIэкIмэ, гуфIэгъуэм цIыхур къыхуреджэ.
Сэхъу Хьэсэн и пшынэ макъамэм зэхуишэсар мащIэкъым. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун ЕтIуанэ къуажэм 1952 гъэм къыщалъхуащ. Иджыри цIыкIу дыдэу пшынэр Iэпэгъу зыщIа Хьэсэн артист нэс къызэрыхэкIынур гурыIуэгъуэт. Абы и шыпхъуищми пшынэр яIыгъти, абыхэм якIэлъыплъурэ езыми зигъэсэну хэтт. АрщхьэкIэ къуэш нэхъыжьым ар къыхуигъэдахэртэкъым (зэрыжытIауэ, а зэманым пшынэр бзылъхугъэ IэщIагъэу нэхъ ялъытэрт), уеблэмэ зэрыIэпиудын Iэмалу зыри къигъанэртэкъым. Макъамэм куэд щIауэ дихьэха щIалэр и къуэш нэхъыжьым и Iулыджми къригъэкIуэтакъым. Арагъэнщ уи натIэм къритхам уфIэкIыфынукъым жыхуаIэри.
И Iуэхур унэм къыщыщыдамыIыгъым, нэгъуэщI хэкIыпIэхэм лъыхъуэн щIидзащ Хьэсэн. Школым къуажэ клубыр къыбгъурытт, абы и унафэщI цIыхубзри Сэхъухэ я гъунэгъубзэт. Арати, зэман лей къызэрыхудэкIыу, щIалэр абы жэрт, пшынэм зыщыхуигъэсэну. Еянэ классыр къыщиухым, и къуэшым къыжриIащ: «Пщэдей къыщыщIэдзауэ фермэм жэмышу ущылэжьэнущ». Ар нэхъ цIыхухъу IэщIагъэу къыщыхъурэт?! Дауэ щымытми, Хьэсэн зэхихар игу ирихьакъым, унэм щIэкIуэсыкIынуи мурад ищIащ. Клуб унафэщIыр къыдэIэпыкъури, къэкIуэнум музыкант Iэзэ хъуну щIалэр Налшык школым щыщIигъэтIысхьащ. Зэреджэм хуэдэу, пшынэ еуэнми абы зыхуигъасэрт, хорми хэтт. Аттестатыр къратыжу Бахъсэн къигъэзэжа нэужь, пэщIэдзэ классхэр уэрэд жыIэным хуригъэджэну ар хуожьэ. «Нэхъыбэу урыс уэрэдхэрат сиIэри, адыгэ сабийхэр абыкIэ къыпхудэхьэхынт?! Школым сыкъыIукIыжри, ЩэнхабзэмкIэ унэм сыуващ, Бахъуэ БетIал и нэIэм сыщIэту. Актёр, художник икIи гъэсакIуэ лъэщ БетIал мандолинэ Iэзэу еуэрт, макъамэ итхырт, уэрэд иусырт, езыр цIыху гъуэзэджэт», - жеIэ Хьэсэн.
Иджыри еджэу, Хьэсэн «Кабардинка» къэфакIуэ гупым и пшынауэу ирагъэблэгъащ, 1972 гъэ пщIондэ абы щылэжьащ. А гъэм и щэкIуэгъуэм ансамблым пшыхь итыну Куба къуажэм кIуат. Концертыр здекIуэкIым, удз гъэгъа Iэрамэ иIыгъыу зы школакIуэ хъыджэбз цIыкIу утыкум къилъэдащ. Хьэсэн абдеж къыгурыIуат ар и насыпыр зэрыарар. Ауэ зы мазэ дэкIри, Сэхъур дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Къыщигъэзэжар 1974 гъэм и щэкIуэгъуэрщ. ЗэрымыщIэкIэ ар хуозэж илъэситI и пэ зыIущIауэ щыта хъыджэбзым. Пщэдджыжьу зэхуэзат, пщыхьэщхьэу ихьат. Абы лъандэри ахэр зэгъусэу зэдопсэу.
«Кабардинка»-м Сэхъур пшынауэу къызэращтами хъыбар щхьэхуэ иIэщ. Ансамбль цIэрыIуэм пшынэ щеуэну щIэхъуэпсыр куэд хъурт. А зэпеуэм Сэхъури хэтыну кIуат. Зы макъамэ пычыгъуэ цIыкIу зэригъэзащIэу, Хьэсэн гупым и унафэщI Аронов Евгений Iуплъащ, асыхьэтуи абы и нэгумкIэ къыгурыIуащ: игу ирихьакъым. АрщхьэкIэ языныкъуэми гъащIэм дызыпэмыплъа фIыгъуэхэм дыIуегъаплъэ. Сэхъум и Iуэхури апхуэдэу хъуащ. Тхьэмахуэ дэкIауэ, телеграммэ къыхуэкIуащ, гупым щылэжьэну зэрырагъэблагъэр иту. Зыгуэр къыдэгушыIа къыщыхъури, а хъыбарым щыгуфIыкIыну Хьэсэн епIэщIэкIакъым. Сыхьэт бжыгъэ къыхуагъэлъэгъуами хъарзынэу блэкIауэ, ар екIуэлIащ «Кабардинка»-м и хэщIапIэм. «Ароновым укъыкIэрыхуу фIэфIтэкъым, занщIэуи ар абдеж къыщызгуригъэIуат. «Пщэдей гупыр гастроль йожьэ, къыздэпщтэн хуейхэр къеIыхи, сыхьэтищым вокзалым тет», - кIэщIу гурыIуэгъуафIэу къызжиIат. КъыкIэлъыкIуэ махуэм Азие Курытым сыщыIэт», - игу къегъэкIыж Хьэсэн.
Ансамблым и зыужьыныгъэм ирихьэлIащ Сэхъур - къэфакIуэ гупыр хамэ къэралхэм куэдрэ кIуэуэ щыщытам. Гугъуехьхэри я мащIэтэкъым, дауи. Мазэ зыбжанэкIэ ахэр къыщыт къэхъурт, щIымахуэм вагон щIыIэхэм ист, станцхэм пхъэ гъэсынрэ фIамыщIрэ езыхэм къыщыщалъыхъуэ къахуихуэу. Ауэ ахэр асыхьэту ящыгъупщэжырт, утыку къызэрихьэу. Сэхъум къыхуэщIэжыркъым гупыр щызэгурымыIуэ къэхъуауэ. Псори зэрыIыгът, зэхуэпэжт.
Ансамблым и гъусэу, ар щыIащ Испанием, Голландием, США-м, Италием, Сингапур, Сауд Хьэрыпым. Дэнэ щIыпIи гуапэу къащыIущIэрт, ауэ зэхуэмыдэу. Дэтхэнэ къэралми теухуауэ Сэхъум жиIэн иIэщ: «КъызэрытIущIэр елъытат дызыхуеблэгъа лъэпкъым я хабзэм, щыIэкIэ-псэукIэм. Испанхэм кавказ лъэпкъхэр уигу къагъэкIырт, зыгуэркIэ ахэр къыдэщхьт. Голландием щыпсэухэр нэхъ зэпIэзэрытт. Япониер цIыху хьэлэмэтхэм я хэкущ. Япон цIыхум утыкум ахъшэ къридзэфынущ, артистхэм я гъусэуи къэфэфынущ, е, хуумыгъэфэщауэ, псори шхапIэм иригъэблэгъэфынущ».
Испанием зы Iуэху гъэщIэгъуэн къыщыхъуат. Гупыр зыщIэс хьэщIэщым лэгъунлей хэтт. Езыр упщэфIэжмэ, нэхъ пуду укъикIырти, Сэхъур щыщхьэхуитым и нэхъыбапIэр хьэкум бгъэдэту игъакIуэрт. Зы махуэ гуэрым хъумбылэ лъыхъуэу Хьэсэн щIакхъуэ здащIым щIыхьащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэми абдеж цIыхугъэ къыщыхуэхъуахэм яхуэупсат езым игъэжьа щIакхъуэмрэ лэкъумхэмкIэ. Испанхэм апхуэдизкIэ гурыхь ящыхъуати, куэдрэ къелъэIуащ абыхэм я деж щылэжьэну къэнэну.
НэгъуэщI зы хъыбари иIэщ Японием епхауэ. ХьэщIэхэр шхапIэ ирагъэблэгъат, щхьэж зыхуей япон лъэпкъ шхыныгъуэр къыхихыу езым ипщэфIыжыну хуиту. Хьэсэн а хабзэр икъутэри, адыгэ шхыныгъуэ ипщэфIат. ШхапIэм кърихьэлIа зыгуэрым ар гъэщIэгъуэныщэ щыхъуати, кавказ шхапIэ къызэIуихыну чэнджэщ къритат.
Хьэсэн «Кабардинка»-м етIуанэу щыувыжам (1983 гъэм) и щхьэгъусэ Анисэти щIыгъут. Бзылъхугъэм фащэ цехыр и IэмыщIэ къралъхьэри, апхуэдэу тIури 2012 гъэ пщIондэ гупым дэлэжьащ…
Сэхъу Хьэсэн КъБР-м и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр иIэщ, щэнейрэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ, Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Шэшэн Республикэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием я щIыхь тхылъхэр къратащ. Ар пшынауэ къудейкъым, усакIуэ-уэрэдусщ, лэжьыгъи 100-м щIигъу итхащ (абы щыгъуэми гъуазджэмкIэ щIэныгъэ имыIами). Абы и IэдакъэщIэкIхэр ягъэзащIэ Кърым Иринэ, Даур Иринэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Сокъур Ольгэ, нэгъуэщI ди уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэми. 2012 гъэм зызыгъэпсэхуну тIысыжа лэжьакIуэлIыр Iуэхуншэу щысакъым, щэнхабзэм сабийхэр дегъэхьэхыным пищащ. Сэхъухэ я унагъуэм къихъуащ къуэрылъху-пхъурылъхуу 9-рэ абыхэм къащIэхъуэжауэ зырэ.
ЦIыхум зы гъащIэ Iыхьэ гуэр къигъэщIа иужь, и щIыбагъкIэ зэплъэкIыж хабзэщ. Абы теухуауэ Хьэсэн жиIэр зыщ: «Гъуэгуанэ къэпкIуам уриплъэжрэ ар зэрыдахэр плъагъумэ, мис аращ цIыхум дежкIэ насыпышхуэр».
Сэхъум и гуащIэ зыхилъхьа Iуэхугъуэхэм щыщщ Дыджэш Ленэ эфирым папщIэ игъэхьэзыру щыта гушыIэ театр теплъэгъуэ кIэщIхэри.
- Ар зэрыхъуаращ: «Уи псэлъэкIэмрэ уи хьэл-щэнымрэ ТIыхъужь Алий ейм мащIэу тохьэри, сыхуейт телевиденэм щхьэкIэ згъэув теплъэгъуэхэм ухэтыну», - жиIэу Дыджэш Ленэ зыкъыщысхуигъазэм, схузэфIэкIыр сщIащ. Пэжыр жысIэнщи, а Iуэхум сэ псом нэхъ гугъу сыдехьащ. Апхуэдиз текстыр гукIэ зэгъэщIэн хуейуэ си щхьэм къэкIыртэкъым. Спектаклыр щекIуэкIым кIуэрыкIуэу сыкъеджэжурэ трахат. Иужьым фIы дыдэу сыджэгуауэ къызжаIэжащ… Iейуэ уджэгуащ жаIэнт-тIэ?! - пыгуфIыкIыурэ игу къегъэкIыж Хьэсэн. - Артистым Iэмал имыIэу щабагъэрэ гуапагъэрэ хэлъын хуейщ. Псоми декIу, гупым гушыIэ дахэ хэлъу яхэтырщ «артист» зыхужаIэжри. Сценэм дыгуфIэу, дыгушхуэу диту щалъагъукIэ, куэдым къащохъу ди лэжьыгъэм нэхъ тынш щымыIэу. Мывэ зэтезылъхьэм къыпкърыкI пщIэнтIэпсым хуэдиз, сценэм итми къыпкърокI. А гугъуехь псори пщызыгъэгъупщэжыр куэду къызэхуэс цIыхумрэ абыхэм къыпхуаIэт Iэгуауэшхуэмрэщ.
Сэхъу Хьэсэн игу зыгъэныкъуэ (ари мымащIэу) Iуэхугъуэ гуэрхэр щыIэщ. Ар тогузэвыхь нобэрей щIалэгъуалэм и гъэсэныгъэм, апхуэдэ дыдэуи ди пшынэ макъамэм и къэкIуэнум егъэпIейтей: «Ди зэманым зы щIакхъуэ Iыхьэр псоми зэдэдгуэшу, зы сом фIэкIа димыIэмэ, абыкIэ зыгуэр зэдэтщIэфу щытащ. Апхуэдэ гуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэблэм деж щыслъагъуркъым, я зэхущытыкIэр махэщ, я гъэсэныгъэр йолъэбышауэ. Къэфэну утыку къихьэ щIалэгъуалэм я зыIыгъыкIэмрэ зыхуэпэкIэмри гу лъатэну сыхуейт. Лъэпкъ макъамэми гузэвэгъуэр къылъысащ. Адыгэ макъамэм и бзэрабзэр Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу дэнэкIи къыщацIыхуу, абыкIэ цIыхум уепсэлъэфу щытащ. Иджы сыт къэхъур?! Ди гъэсакIуэхэм абхъаз, осетин, шэшэн, нэгъуэщI макъамэхэр щIэблэм ирагъащIэри, адыгэм ейм лей къытохьэ. Шэшэным укIуэмэ, зэхэпхыр шэшэн макъамэщ, Абхъазым щыпэрытыр езым ейрщ. НтIэ, щхьэ дыдейм пщIэ хуэдмыщIрэ? Щхьэ тхылъу къыдэдмыгъэкIрэ, макъамэхэр нотэкIэ тхыжауэ. ДиIэщ дэ пшынауэ хъарзынэхэр, Къуэдз Iэбубэчыр, Борей Линэ сымэ хуэдэхэр, ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Къашыргъэ КIурацэ сымэ я лэжьыгъэхэри тхауэ щыIэщ. Лъэпкъ макъамэр нобэ къызэфIэдмыгъэувэжмэ, адрейхэм хэшыпсыхьыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Лъэпкъым и тэмакъым хуэдизщ макъамэми и кIыхьагъыр е и кIэщIагъыр».