И лъащIэм унэплъысыркъымДапщэщ нарт лIыхъужьхэм я образ щэджащэхэр дунейм къыщытехьар? ЦIыхубэм я акъылым дапщэщ а лIыхъужь щэджащэхэр къыщилэжьар? Нарт пшыналъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэ жэуап ирет а упщIэхэм:
Дунеижьыр щымыджэмыпцIэм,
ЩIылъэ щхъуантIэр щызэпцIагъащIэм –
А зэманым сыгущэхэлът.
Дунеижьыр хъыкIэ щаухуэм,
ЩIылъэ щхъуантIэр мэлкIэ щаубэм –
А зэманым сышкIахъуэ щIалэт.
Афэбгыжьыр къандзэгу щыхуэдэм,
Афэбг мэзыр щымыч-мыбжэгъум –
А зэманым сылIыныкъуэтхъут,
ЩхьэкIуиемэ сэ сигъэтхъуащ...
Апхуэдэ ныбжь иIэщ нарт эпосым. «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэм» цIыху цIыкIум и акъылым къигъэщIа пшыналъэ телъыджэхэр зэи тIорысэ хъунукъым; ахэр ди деж къэсащ лIэщIыгъуэ Iэджэм я гупсысэкIэ гъэнщIауэ, аращ ди эпосыр ди лъэпкъым и тхыдэ пэлъытэ щIэхъуар – ди лъэпкъым зэрызищIэж лъандэрэ къыдогъуэгурыкIуэ ар. Нарт эпосым дежщ адыгэхэм я художественнэ акъылыр япэ дыдэ щыхъуэпскIар.
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, нарт эпосым и купщIэр, щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэратхымкIэ, щызэфIэувар илъэс минищ и пэкIэщ. АбыкIэ акъылэгъу ухъуми, гу лъытэн хуейщ нарт хъыбар, пшыналъэ щхьэхуэхэм я къуэпсхэм нэхъ жыжьэ зэрызадзым. Абы щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ, Сэтэней, Нэсрэн сымэ, нэгъуэщIхэми я хъыбархэр; арыншамэ, нарт эпосым къыщызэтенэнутэкъым илъэс мин зыщыплI, уеблэмэ нэхъыбэ зи ныбжь пасэрей мифологическэ къуэпсхэр – апхуэдэ къуэпсхэм унашэс адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ лъыкIэ, бзэкIэ къагухьэ хьэтхэм я гъунэгъуа пасэрей лъэпкъыжьхэм (псалъэм папщIэ, шумерхэм, египтянхэм) я мифологием. Пасэрей къуэкIыпIэ мифологиемрэ нарт эпосым и къуэпсхэмрэ щIызэблагъэр, дауи, щхьэусыгъуэншэкъым: тхыдэр щыхьэт тохъуэ Месопотамием (ТIуащIэм) дэса лъэпкъхэмрэ пасэрей адыгэхэмрэ благъэ дыдэ зэхуэхъуауэ, я культурэхэр зэпыщIауэ зэрыщытам; ардыдэр жыпIэ хъунущ пасэрей египтянхэмрэ пасэрей адыгэ лъэпкъхэмрэ ехьэлIауи – абы и тегъэщIапIэ нэрылъагъущ Мейкъуапэ Iуащхьэ цIэрыIуэм археологхэм къыщIаха пасэрей хьэпшыпхэр (дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм къыхэщIыкIауэ).
Нарт пшыналъэ, хъыбар щхьэхуэхэм я къуэпсхэм жыжьэ задзми, нарт эпосыр щызэфIэувар Кавказ щIыналъэрщ – абы шэч хэлъкъым. ЩIэныгъэм зэригъэбелджылащи, ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар кавказ лъэпкъхэрщ. Мейкъуапэ культурэм и гугъу пщIымэ, иджы зыми шэч къытрихьэжыркъым ар пасэрей адыгэ лъэпкъхэм зэраIэужьым, а культурэм илъэс минищ и пэкIэ зэфIэувэн зэрыщIидзам. Апхуэдэ ныбжь яIэщ Колхидэ, Кобан культурэхэми; Колхидэ культурэр щызэфIэуващ абхъазхэм я щIыналъэм, Кобан культурэкIэ зэджэр – Центральнэ Кавказ Курытым иса пасэрей лъэпкъхэм я деж.
Зи цIэ къитIуа пасэрей культурэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа лъэпкъхэм зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтауэ «гъущI лIэщIыгъуэкIэ» зэджэм хыхьауэ зэрыщытам щыхьэт тохъуэ тхыдэр. Ар дыдэращ нарт эпосри щыхьэт зытехъуэр: абы и Iэпкълъэпкъым жэпхъын щыщIидзам Гомер и пшыналъэ цIэрыIуэхэр – «Илиада»-мрэ «Одиссея»-мрэ дунейм къытехьатэкъым...
Эпос къэзыгъэщIыр, зэрыхабзэщи, тхыдэ къулей зиIэ, гъуэгуанэшхуэ къызэпызыча, зэрыжаIэу, дуней зылъэгъуа пасэрей лъэпкъыжьхэрщ. Апхуэдэхэм ящыщщ адыгэхэри. Адыгэ эпосыр зыджхэм куэд щIауэ гу лъатащ абы и ныбжьыр зэрымыгъэбелджылыгъуафIэм – дапщэщ, сыт хуэдэ лIэщIыгъуэра ар дунейм къыщытехьар? ЗэрыжытIащи, щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, нарт эпосым и купщIэм илъэс минищ нэхърэ нэхъ мащIэ и мыныбжьми, и къуэпсхэм жыжьэ дыдэ задз – и лъащIэм унэплъысыркъым. И ныбжь елъытакIэ нарт эпосыр ебгъапщэ мэхъу шумерхэм я эпосым – абы илъэс минитхум нэблагъэ ныбжь иIэщ. Нарт эпосымрэ шумерхэм я эпосымрэ благъэ зэхуэзыщIыр я ныбжьым и закъуэкъым: щIэныгъэлIхэм гу лъатащ абыхэм я пкъыгъуэ куэди зэрызэтехуэм, я къуэпсхэр зэлъэIэсауэ зэрыщытам. Ар и лъэужьу къыщIэкIынщ шумерхэмрэ адыгэхэм лъыкIэ къагухьэ хьэтхэмрэ зэрызэгъунэгъуам, тIуми я бжьыгъуэр зы лъэхъэнэм зэрыхиубыдэр. Нарт эпосым лъэпкъым и тхыдэм щыбелджылы къэхъукъащIэ гуэрхэр хэплъагъуэркъым, зэгуэр псэуа, зи цIэрэ зи щхьэрэ тхыдэм къыхэна цIыху белджылы гуэрым и хъыбаркъым, и пшыналъэкъым ар. Эпос щыIэщ и ныбжьри пхуэгъэбелджылыуэ, тхыдэ белджылы гуэри лъабжьэ хуэхъуауэ. Урыс эпосыр, былинэхэр, псалъэм папщIэ, дунейм къыщытехьар щIэныгъэм игъэбелджылащ – ар II – I6-нэ лIэщIыгъуэхэм зэфIэуващ; ермэлы эпосыр («Давид Сасунский») щызэфIэувар 7 – I0-нэ лIэщIыгъуэхэрщ, лъабжьэ хуэхъуари ермэлыхэмрэ хьэрып хъалифхэмрэ зэращIылIа зауэхэрщ; нэмыцэ эпосыр («Нибелунгхэм я пшыналъэр») дунейм къызэрытехьэрэ зэрыхъуар илъэс щиблщ; къыргъызхэм я эпосыр («Манас») абы нэхърэ зэрынэхъыжьыр илъэс щищщ. Нарт эпосыр зи цIэ къитIуа лъэпкъ эпосхэм къащхьэщокI ныбжькIи, лъабжьэ хуэхъуа купщIэкIи. Абы и лъэныкъуэкIэ нарт эпосыр зэбгъапщэ хъунур, шумер, алыдж эпосхэм нэмыщI, куржыхэм («Амирани»), карелхэм («Калевалэ») я эпосхэрщ – миф къуэпсхэрщ абыхэми лъабжьэ яхуэхъуар, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ныбжь белджылы зимыIэ хъыбархэрщ. Сыт ар щыхьэт зытехъуэр? Псом япэрауэ, нарт эпосыр пасэрей кавказ лъэпкъхэм зэраIэдакъэщIэкIырщ, ар илъэс минитIрэ щиблрэ хуэдэ и пэкIэ Кавказ щIыналъэм къихьа скифхэм, щэрмэтхэм къуэкIыпIэмкIэ къыздрахауэ жызыIэ щIэныгъэлIхэр зэрымызахуэрщ (апхуэдэ псалъэмакъыр ноби зэпыуакъым, тегъэщIапIэ ящIри нарт эпосым ираныцIэ, монголыцIэ зыбжанэ узэрыщрихьэлIэрщ; пэжу нарт эпосым хэбгъуэтэнущ скифхэм, иужьыIуэкIэ щэрмэтхэм къуэкIыпIэмкIэ къыздраха макъамэ гуэрхэми, ауэ абы и купщIэмрэ и лъабжьэмрэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIынкIэ Iэмал зимыIащ – эпосхэм апхуэдэ хабзэ щызекIуэркъым).
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:35 →
АдыгэпсэкIэ псыхьащ и IэрыкIхэр
15.12.2025 - 11:24 →
Зы хэкIыпIэ яIащ
15.12.2025 - 11:13 →
ЖьакIэмыхъу КIунэ ягъэлъапIэ
11.12.2025 - 10:00 →
ГущIэгъу зыхэлъыр гу къабзэрщ
10.12.2025 - 15:05 →
И къалэм жаныр псоми нос
| ||




