УФ-м и командэм хохьэ

Краснодар къалэм «СамбэмкIэ уардэунэ» и спорт комплексым щэкIуэгъуэм и I4 - I6-хэм щекIуэкIащ УФ-м дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 73-м я бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 700-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 2I-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм цIыху 2I-рэ щыIащ икIи абыхэм ящыщу 3-м яхузэфIэкIащ УФ-м и командэ къыхэхам зыхагъэхуэн. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм я деж Уэзы Iэдэм етIуанэ, БищIо Атхъанрэ Хъуран Каринэрэ ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ.
Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Дзу Беслъэн, Джэданэ Залым, Куп Эдуард сымэ.

Сурэтым Хъуран Каринэ ижьрабгъумкIэ етIуанэу щытщ.

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: