КъБР-м и Кубокым щIэбэну

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кубокыр шахмат псынщIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Налшык къалэм и «Каисса» клубым. 
Илъэсым къриубыдэу къызэрыхах зэхьэзэхуэу 6 ирагъэкIуэкIри, абыхэм къарикIуахэм ятещIыхьауэ кIэух зэпеуэм нэхъ лъэщхэр щызэхуэзащ. Ари Iыхьэ I3-у гуэшауэ щытащ икIи абы къриубыдэу шахматист I4-р псори зэрызэ зэдэджэгуащ. 
КъБР-м и Кубокыр къихьащ Козак Александр, псори зэхэту къыхуэхьыну щыта очко I3-м щыщу II иIэу. Апхуэдиз дыдэ очко бжыгъэкIэ етIуанэ увыпIэр иубыдащ Джэдгъэф Чэмал. Ещанэ хъуащ ТекIуий Эмир. Абы къихьащ очкои I0,5-рэ. 
Апхуэдэуи къалащхьэм и шахмат клубым а махуэхэм щрагъэкIуэкIащ КъуэщIысокъуэ Инал и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ шахматым дихьэххэм ящыщу цIыху 56-рэ. Мыбдежми япэ увыпIэр къыщихьащ Козак Александр. ЕтIуанэ хъуар ТекIуий Эмирщ, ещанэр Джэдгъэф Чэмалщ. 
Фэеплъ зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм нэмыщI, щхьэхуэу ягъэпажащ Лу Къантемыррэ Темрокъуэ Иналрэ. 
 
ШашкэмкIи шахматымкIи
Дол Барэсбий и цIэр зезыхьэ Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Псыгуэнсу къуажэм и «Псыгуэнсу» спорт клубым иджыблагъэ щекIуэкIащ урысхэм я шашкэмрэ шахмат псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр. Абы щызэпеуащ а джэгукIэхэм дихьэххэм ящыщу цIыху 48-рэ. 
ШашкэмкIэ балигъхэм я деж щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуащ Вэрыкъуэ Iиляс, етIуанэ увыпIэр Хьэлэкъуей Астемыр къихьащ, Шыгъушэ Хьэбил ещанэ хъуащ.
НыбжьыщIэхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Зыхъуэ Аслъэн. Црымхэ Миленэрэ Заирэрэ етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр яубыдащ.
ШахматымкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм хэтахэр гупищу гуэшауэ щытащ: балигъхэр, щIалэхэр, хъыджэбзэхэр.
Япэ гупым Шыгъушэ Хьэбил щынэхъ лъэщащ. ЕтIуанэ увыпIэр Къуныжь Алим къихьащ, Гъуэтыж Мансур ещанэ хъуащ.
ЩIалэхэм я деж Балъкъыз Темболэт япэ увыпIэр щиубыдащ. Панков Кирилл етIуанэ хъуащ, ещанэр Къармокъуэ Темырланщ.
Хъыджэбзхэм я зэпеуэм Къармокъуэ Ясинэ япэ щыхъуащ. Црымхэ Миленэрэ Заирэрэ мыбдежми етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ.
НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться: