Нартокъуэ Вячеслав токIуэ

ШахматымкIэ (блицымкIэ) Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ цIыхухъухэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и шахматисту 16. Ахэр къыхахащ ипэкIэ къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр къалъытауэ.

ГъэщIэгъуэну екIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIэр къыщихьащ налшыкдэс Нартокъуэ Вячеслав. ЕтIуанэ хъуащ ТекIуий Эмир, ещанэр КIапэ Альбертщ.

УФ-м и чемпионатым къыщыхожаныкI

Дагъыстэным и Каспийск къалэм Алиев Алий и цIэр зезыхьэ и спорт уардэунэм щекIуэкIащ УФ-м кикбоксингымкIэ и чемпионат. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 59-м я спортсмен 650-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм цIихуибл щыIащ икIи абыхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм етIуанэ увыпIэхэр щаубыдащ Гъубжокъуэ Рустамрэ (кг 51-рэ) Блашэ Темырланрэ (кг 60).

Килограмм 91-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ Мамбэт Мухьэмэд. Мыбыхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуар «фулл-контакт» дисциплинэрщ.

«Лоу-кик»-мкIэ килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ Ржевская Еленэ.

Ди спортсменхэм я тренерхэр Сасыкъ Анзоррэ Къудей Алимрэщ.

Медаль хъушэ къахь

Къулъкъужыным и Кубокыр грэпплингымкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Бахъсэн къалэм Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу щыIэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр зыхэта гупхэм медаль зэхуэмыдэу I8 къыщахьащ.

Япэ увыпIэхэр яубыдащ Жамолов Данияр, Алмэ Темырлан, БжыкIший Аслъэн, Бакъ Инар, Мэремщауэ Демир, Емкъуж Сэджид, Мэремкъул Амир, Мэремкъул Темболэт, Бырс Идар сымэ.

Щоджэн Амар, Алмэ Идар, ГъущIынэ Эмир, Къардэн Аскэр, Хэжь Умар сымэ етIуанэ увыпIэхэр къахьащ. Ещанэ хъуахэщ Къумыкъу Амир, Жамолов Аслъэн, Шыбзыхъуэ Андемыр, Къуэдзокъуэ Мурат сымэ.

Бахъсэндэсхэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Щоджэн Артур.

ЩЭУЕЙ Башир.
Поделиться:

Читать также:

11.12.2025 - 17:00 Спорт хъыбархэр
03.12.2025 - 14:53 Спорт зэпеуэхэр
27.11.2025 - 16:04 Спорт хъыбархэр
21.11.2025 - 13:18 спорт хъыбархэр