КъалэмыщIэ, гупсысэщIэ

Нэгъуей Мухьэб и къуэ Ахьмэд Дыгулыбгъуей къуажэм къыщалъхуащ 1977 гъэм. Абы курыт еджапIэ №2 къиухри, Москва эксперт гуманитар университетым щIэтIысхьащ, юрист-криминалистуи еджащ, иужьым РАНХиГС-м менеджментым щыхуеджащ, КъБКъУ-м магистратурэр къыщиухыжащ.

1998 гъэм Ахьмэд педагог-психологу, гъэсакIуэу уващ Бахъсэн къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэм. ИужькIэ абы къыхуагъэфэщащ курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ къулыкъур. 2015 гъэм ар и унафэщI хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Бахъсэн къалэ округым и курыт еджапIэ №2-м.

Юрист-криминалист IэщIагъэ гугъур зэзыгъэгъуэта Нэгъуейм егъэджакIуэ, гъэсакIуэ IэщIагъэр и псэм нэхъ дыхьэу къыщIэкIащ. ИкIи унафэщI къулыкъум къызэрытехьэу, и пщэ къыдалъхьа курыт еджапIэм къыщызэригъэпэщащ кадет класс, регбимкIэ ЦСКА-м и спорт клуб. Нэгъуейм и жардэмкIэ Бахъсэн къалэ округым япэ дыдэ щагъэхьэзыру яублащ дзэ Iуэху хэхахэм къыщагъэсэбэп щIытI тепхъуэхэмрэ уэздыгъэхэмрэ.

ЦIыху зэчиифIэм и зэфIэкIхэр гъунапкъэншэу жыхуаIэр пэжу къыщIэкIынущ – Нэгъуей Ахьмэд усакIуэ хэлъэти иIэщ. Адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу игъэшэрыуэу матхэ икIи тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я щIыналъэ зэпеуэм япэ увыпIэр къызэрыщихьам папщIи КъБР-м и Жылагъуэ палатэм саугъэткIэ игъэлъэпIащ. Фи пащхьэ идолхьэ Ахьмэд и усэ Iэрамэ.

Сыт щыгъуи…

Сэ уэркIэ сыщыIэнущ, ар зэгъащIэ!

Сыщыяпэнущ, пщIэрэ, сэ уи дей.

ЗэрыутIыпщми ди Iэхэр мы гъащIэм,

Мы тIэкIуращ уэ пщIэну сызыхуейр:

Сытридзэнщ натIэхум бжьыхьэ дыгъэу,

УтIэрэзахэм жьыбгъэу срищIэнщ,

ГукъэкIыж гуэр уи гущIэм щыбгъэтIыгъуэм,

Сэраи ар - хуабагъэмкIэ къэпщIэнщ.

СылъэIэсынщ нэкIущхьэхэм акъужьу,

Гъатхэ епэрым и мэри уэстынщ,

Псэ зыIут псори къыщыуш пщэдджыжьу

Нэхущым уи пщIыхьэпIэм сыхэтынщ.

ПсыхуэлIэ гуащIэр изыгъэкI Iубыгъуэу,

Гъэмахуэм уэшхыу сыкъыптещэщэнщ,

УпщIыIужынущ узэримыгугъэу

ЩIэча щIыщхьэфэр, къэзгъэбэтэжынщ.

ЩIымахуэ уаем уэс къыщырихьэкIым,

Уэс налъэ закъуэу Iупэм сыщыткIунщ,

Уигу игъэхуабэу, фIыкIэ уигу сыкъэкIым –

ЖыIэмыдаIуэ нэпсу сыщIэткIунщ.

                ***

Къызбрун бгъуэнщIагъым хуэдэу

ЩIелъэсыкI си гъащIэр.

Дунеижьым къызеIуэкIыр

Уэ сызэрыпщыщIэр.

КъафэпIэжь, тхьэм щыгухьэжыр

Нобэ утыку нэщIщ.

Зи нэхъыжьыр зимыIэжыр

Ар Дыгъэншэ пэщIщ…

              ***

Сэ си цIыкIущхьэ зэи сымэжэлIакъым –

ЩIэщыгъуэ куэд уи Iэгум исшхыкIащ.

Уэ уи щхьэ, Дадэ, зэи уелIэлIэжакъым,

Дунейр чэзущ, ар хьэкъыу сэ спхыкIащ!

              ***

Дахагъэу щыIэм иIэщи чэзу,

Чэзууэ хъуами я дахагъ яIэжщ:

Ар хуэдэщ бжьыхьэ кIапэм, къуалэбзу

Къыщраша абгъуэжьу бзу «унэжьым».

Я дамэхэр уэгу хьэрш щаукъуэдийуэ,

Хьэуам и хуитыныгъэмкIэ загъэнщI.

Дэплъейрэ, фыгъуэ зиIэм и лъыр дийуэ,

КъэкIуэнум и акъылыр хуеузэнщI.

Насыпщ зытепшэщIарэ зэхурикъумэ,

Дахагъэмрэ чэзумрэ зэпашачэм!

Егъэлеямэ зыр, адрейр мэхъужыр ныкъуэ –

Зым щIыгъужам хуэдиз адрейм хуэчэму.

                  ***

Сэ ныщхьэбэ си псэр дамэдазэщ:

Си нэ узыр нахуэм – си гуузыр щэхущ.

ГущIэ гъазэу сиIэр Дыгъэ-Мазэщ,

Ди насыпыр быным – дэ а тIур диIэхущ!

Сыщыхъумэ, ди Тхьэ, тэмакъ кIэщIым:

ЖызмыIам и купщIэр хъууэ жан!

Сыкъызэребакъуэрэ анэкуэщIым

ИремыкI си псалъэ зыми и зэран!

Сыщыхъумэ, ди Тхьэ, гу быдэным:

Анэкъилъху сыхуэгунэфмэ, сыхъу хьэфиз!

Сэ нэгъуэщIу си гум имыдэну!

Щрехъу анэш пщIантIэм я гур из!

Я дэтхэнэри щыхъумэ закъуэныгъэм!

НэхъыфI защIэу щыIэм схухуэгъазэ!

Ягухэр къреуIэ лъагъуныгъэм!

Къытхуэхъумэ бынхэм Дыгъэ-Мазэр.

             Бжьыхьэ

УиIар къыщыпщIэр – ар ущимыIэжырщ,

Абы и мыхьэнэм уигъэгупсысэу.

БлэкIар – ар зэрыщыту гукъэкIыжщ,

УкIэлъыIэбэми, къэкIуэнум зигъэгусэу.

КъэкIуэным псори фIыкIэ дыщогугъ,

Насыпращ и купщIэр ди хъуэпсапIэм.

Апхуэдэм дежи дощIыр нэхъ и гугъу

Зым хуэмыныкъуэу а зы Алыхь лъапIэм.

Худохьыр дыщIэгушхуэр, дыщIэдзыхэр,

Гурылъхэр щэхуу лъэIукIэ худоIуатэ,

Зэм-зэм дызыщIогупсысыж езыхэр,

Апхуэдэурэ ди гъащIэри мэкIуатэ.

Къэса иужькIэ махуэ узэмыжьэр,

Зы куэщI ирапIыкIахэр зэщIекъуэж.

Къыбогъуэтыж гъунэгъуу уфIэжыжьэр,

Зэману бгъэкIуэдам ухущIогъуэж.

                       ***

Сэ сфIэфIщ уи нитIым куэдрэ сыщIэплъэну,

Абы фIылъагъуныгъэ щIызолъагъуэ.

Къысхуритхар си натIэм къэзгъэщIэну,

Прещэ, хъунумэ, уи гъащIэ лъагъуэм.

Хэслъхьэнут си къарухэр уи Iэпкълъэпкъым,

Къезгъэгъэзэнут уи уардагъ блэкIам,

Зэлъар щобагъуэ нобэ уи нэпкъпэпкъым,

ЩIалэгъуэм усхьыжынт, схузэфIэкIам.

Уи макъыр си тхьэкIумэм йодэхащIэ,

Зэм-зэм удыхьэшхамэ – ди насыпщ.

Зэманым и къарум зыкъыдегъащIэ,

Дапхуэдэу щымытами – ди насыпщ!

Мы дыгъэм щIым тридзэ уэ уи ныбжь

Сыхуэфэщарэт зы маскъалкIэ, си Адэ!

КъыздэвгъэщIа фи гъащIэр хъунущ убж

ФIылъагъуныгъэ щыпсэу бжьыхьэ хадэу!

Зыгъэхьэзырар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться: