Апхуэдэ улахуэкIэ улэжьэныр лIыгъэщ

Хэти щыгъуазэщ илъэс щэщI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэбзэр цIыхубэм нэхъ яIурылъу, газетхэм еджэри нэхъыбэу зэрыщытам. «Адыгэ псалъэм» «Ленин гъуэгу» цIэр зэрихьэу щыщыта лъэхъэнэм къэхъуа хъыбар гъэщIэгъуэн дыкъригъэдэIуащ ди лэжьэгъу Шал Мухьэмэд, IэщIагъэм нобэ пэрыт журналистхэр къызэрыщыхъуми тхутепсэлъыхьащ. 
- Бзэм и пщIэр дэ ди зэманым нэхъ инт. Иджыпстуи адыгэбзэр къэралыбзэу къалъытэ, ауэ иджы иIэ мыхьэнэмрэ абы щыгъуэ щыIамрэ зэхуэдэкъым. Газетым къытехуам гулъытэшхуэ хуащIу щытащ. Iуэху зэхуэмыхъу гуэр, критикэ къытрадзамэ, ар къулыкъущIэм деж ирагъэхьырти, зы тхьэмахуэм къриубыдэу, райкомым и бюрор абы тепсэлъыхьын хуейт. Е хэбгъэхьа заводым и директорыр. Мис, дытепсэлъыхьащ, мыпхуэдэ унафэ къэтщтащ. «Газетым тетащ, сыт кърикIуа?» рубрикэ диIэт. Мыпхуэдэу тетати, абы къыщыхьа ныкъусаныгъэхэр пэжу къыщIэкIащ, бюром мыпхуэдэ унафэ ищIащ. А псори газетым къытеддзэжырт. Арати, цIыхухэр къыткIэлъыкIуэрт. Гукъеуэ яIэу щытмэ, къакIуэурэ дагъэтхырт. 
Уеблэмэ прокуратурэм дыкIуати, зыри къытхуащIакъым, фыкъыддэIэпыкъу жаIэурэ къакIуэхэрт. Абы уи пщIэр къиIэтырт. ИтIанэ республикэм и унафэщIхэм газет псалъэм гулъытэшхуэ хуащIырт, еджэхэрт. Абы, дауи, ди лэжьыгъэр гугъу ищIырт. Щыуагъэ бгъакIуэ хъунутэкъым. Сыт хуэдэ щытыкIэми къикIыфу щытын хуейщ журналистыр. 
Сэри апхуэдэ щытыкIэ гуэр сихуат зэгуэрым. Брежнев сымэ къыщыпсалъэкIэ, жаIахэр зэддзэкIыурэ къытеддзэрт. Правительствэмрэ обкомымрэ я материалхэр зэдзэкIыныр зэи си пщэм дэкIакъым. ТелетайпкIэ Ростов кърагъэхыу арат зэдзэкIын хуей тхыгъэр. Ар Iыхьэ-Iыхьэу къыдэтхрэ дыкъеджэу, къедгъэщыпу. Арати, Ганди Индирэ къэкIуат СССР-м. «Iыхьэ 14 хъууэ литерэ материал фыпэплъэ», - жаIэри, унафэ къытхуащIащ. ХьэщIэм и цIэкIэ пщыхьэщхьэшхэ ящIынути, къапсэлъынухэр къытеддзэн хуейт. Жэщым сыхьэтийхэм деж къатын щIадзэ. ПсынщIэу зумыдзэкIыу хъунутэкъым. Цех псор уэ къыппоплъэ. Къащыпын, къыдагъэкIын, еджэжын хуейщ, уэ уи закъуэ псоми я лэжьыгъэр уэлъытащ. Брежневым жиIэм десэжати, гугъутэкъым зэбдзэкIыну. Ганди Индирэ и чэзур къосри, «Кулиев Къайсын зэрыжиIащи», - жеIэри, усэ едзыгъуэ къоджэ. Сэ жаIар зэздзэкIыурэ къызогъэщып, иджы усэу сатыриплI къокIуэ. Си гуапэ хъуат ди щIыпIэм щыщ усакIуэм и усэ зэрищIэри игу къызэригъэкIыжари, ауэ ар зэдзэкIын хуейтэкъэ... Сэ усэхэм сыдахьэхыщэртэкъым. Сытми, зыгуэру зэздзэкIри езгъэхьащ, зэрыхъум хуэдэу. Махуэ гуэрым усакIуэ гуэр къызохъурджауэ: «Мыпхуэдэ сатырым деж хъуакъым», - жыхуиIэу. «Уэ еплъыт, - жесIащ, - цIыху 13 унэм кIуэжыну къыппэплъэу, кIуэрыкIуэм тету усэ пхузэдзэкIмэ». 
Псоми зэманым и нэпкъыжьэ тегъэуащ, журналистикэм и Iуэхури аращ. Сэ редактор зыкъомым садэлэжьащ. Абыхэм зи цIэ IейкIэ жысIэн зы яхэмыту. Псоми яхузэфIэкI халъхьащ лэжьыгъэм. Фэ фызыхэтри фи техникэри нэгъуэщIщ, а линотип жыхуаIэр фщIэххэркъым. А зи гугъу сщIахэр жэщым гугъут пщIэну. Ауэ апхуэдэу щытын хуейуэ къэтлъытэрти, къыдэхьэлъэкIыртэкъым. Иджыри гугъуехь Iэджи хэлъщ. Япэрауэ, IэщIагъэм хуащI гулъытэр мащIэ дыдэщ. Ар зыхуейм и гуапэ, зыхуейми и жагъуэ ирырещI, дэни щыжызоIэ икIи щыжысIэнущ - КIуэкIуэ Валерий газетым, прессэм хуищIу щыта гулъытэм и зэхуэдитIи сыхуейтэкъым, и Iыхьэ тхуанэр иджы газетым игъуэтамэ, нэгъуэщIу щытынут. 
ХъыбарегъащIэ къат зымахуэ: «Телевиденэм журналист щыдгъэлэжьэну къыдолъыхъуэ». Сыт хуэдэ зэманми пщIэ нэхъ зиIэу щыта IэщIагъэщ журналистикэр. Иджы абы и Iулыджыр хуэмыфащэу къелъэхъшэхащ. Абы дызэрыхуэкIуар емыкIущ. Прессэм и щытыкIэр абы къегъэлъагъуэ. 
Ауэ псори Iейуэ схужыIэнукъым. Иджы журналистикэм хыхьэ цIыхум ар гурэ псэкIэ къыхех. Ар фэтэри щыгугъыркъым. Гу къыслъатэу, зыщIыпIэ сыдрашеину пIэрэ, жиIэркъым. Иджыпсту лажьэм пщIэ нэхъ хуэфащэу къызолъытэ, апхуэдэ улахуэкIэ, гулъытэкIэ улэжьэныр лIыгъэ зыхэлъщ.

Иджы ди бзэми хуащI гулъытэр нэхъ мащIэ хъуащ. АдыгэбзэкIэ ирагъэджыр ягъэмащIэ. Ар хэт и дежкIи щэхукъым. Ди зэманыр нэгъуэщIт, дауи, абы и лъэныкъуэкIэ. 
Еуэри, къулыкъущIэ гуэрым и пащхьэм критикэ тхыгъэ иралъхьат зэгуэрым, «Ленин гъуэгум» къытехуауэ. Арати, «мыр зэвдзэкI, сыт псоми къагурыIуэ бзэкIэ къыщIевмыгъэхьыр» жиIэри, зихъунщIащ. ШырытI СулътIан жаIэри журналист хьэлэмэт диIащ, хуабжьу акъылыфIэу, зэпIэзэрыту. А хъыбарыр зэхихыжа нэужь, СулътIан фельетон итхащ «Адыгэ щIалэхэр тэрмэш мэлъыхъуэ» и псалъащхьэу. Редактор нэхъыщхьэр ЛIыбекъуэ Хьэбасти, пленумым къыщыщыпсалъэрэ пэт, мис мыхэр къэхъуащ, «схузэвдзэкI» жиIэри унафэ ищIащ, яжреIэ. АфIэкIа хэмылъу, пленумым щIэсхэм «езыращ зэдзэкIын хуейр, партым хэдвгъэдз адэ» жаIэри, къыхадзауэ щытащ. Абы ищIам зэреджэр «бюрократизм»-т. Май районым, Прохладнэм ебгъэхьами, абы щыщ урысхэр хуиттэкъым «тхузэвдзэкI» жаIэну. Бзэр зыщIэ къагъуэту, ящIапхъэр ящIэн хуейт, адыгэбзэкIэ тхауэ щытми.  

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: