ПсэзэпылъхьэпIэм къихутахэр кърагъэл

КъБР-м щыIэ МЧС-м и лэ­жьакIуэхэм «Iуэху гуапэ 35-рэ» акцэм хыхьэу лъы ятащ. 

Лъы щыхаш станцым пщэдджыжьым екIуэлIащ Урысей МЧС-м и щIыналъэ управленэм и лэжьакIуэхэр. Куэдым иджы ящыпэткъым лъы, ауэ яхэтщ къы­хыхьагъащIэхэри, яIэщ щIыхь зиIэ донорхэри. 
Iуэхум щIадзэн ипэкIэ, лъы зытыну гупыж зыщIахэм я ­узыншагъэр къапщытащ ме­дицинэм и лэжьакIуэхэм. 
Урысей МЧС-м и IэщIагъэлI­хэм я фIэфIыныгъэкIэ зэтеуб­лауэ хэлъхьэныгъэ хуащI лъыуэ ягъэтIылъым. Иужь зэманым донор лъым щIэуп­щIэшхуэ иIэ хъуащ. Аращи, абыхэм ящыщ дэтхэнэми щы­тыкIэ гугъум къихута цIыхум и гъащIэр кърагъэлыфынущ. 
Iуэху щхьэпэм хэтащ респуб­ликэ МЧС-м и лэжьакIуэ 41-рэ, абыхэм лъы литр 20 ятащ. 
ПсэзэпылъхьэпIэ ихуахэм  донорхэр лъыкIэ яхуэупсэ ­къудейкъым, атIэ абыхэм гу­гъапIэ ират къызэрымыкIуэ щытыкIэм къикIынымкIэ. Дэтхэнэри къыхураджэ мы­хьэ­нэ­шхуэ зиIэ Iуэху щхьэпэм къы­хыхьэну.
Урысей МЧС-р мы гъэм и ­дыгъэгъазэм илъэс 35-рэ ­ирокъу. Къэ­бэрдей-Балъ­къэ­рым и ­МЧС-м и мурадщ абы ­хуэгъэпса донор Iуэху къызэ­ригъэпэщыну. 
 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также: