Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ IэнатIэм хэт щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ игъэува стипендиехэр тыныр зи нэIэ щIэт эксперт советым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м Iэ зыщIидза унафэ №158-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ IэнатIэм хэт щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ игъэува стипендиехэр етыныр зи нэIэ щIэт эксперт советым , «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ IэнатIэм хэт щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ игъэува стипендиехэр етыныр зи нэIэ щIэт эксперт советым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №158-УГ-мкIэ арэзы зытехъуам, хэтхэм мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: Белецкая О. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр Щхьэгъэпсо З. Л. - «КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ). б) Беккиев М. Ю. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Бгы лъагэ геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)»; в) Емуз Н. Гъу. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI (зэгурыIуауэ)»; г) Рахаев А. И. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институт» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)». д) Советым къыхэгъэкIыжын Апажэ А. Къ., Башорэ Р. А. 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ, 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м №131-УГ
Поделиться:
Читать также:
15.09.2026 - 13:00 →
Псалъэ гъущэхэр лажьэркъым
14.09.2026 - 14:30 →
Пщэдейрей махуэм дыщымыщтэу
10.09.2026 - 11:00 →
Хэхыгъуэ пIалъэм дызыхуэсакъыпхъэхэр
08.09.2026 - 13:00 →
Правительство Кабардино-Балкарской Республики постановление №121-ПП
08.09.2026 - 09:58 →
Гугъэр гъащIэм щыщщ
| ||




