ЖьэрыIэзэ псори щIэныгъэлIкъым

«Диным тепсэлъыхь псоми Алыхьым пэгъунэгъу уащIыркъым, - щыжеIэ и тхылъыщIэм шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор. - ДинкIэ щхьэрыуэу хъийм икIар, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи псалъэхэр уи тхьэкIумэм ибгъэхьэ мыхъунур къызэрыпцIыхуну нэщэнэхэр щыIэщ, ар жьакIуэу псалъэу щытми», - етх Щхьэныкъуэ Анзор. ЩIэныгъэлIым нэщэнибл къехь, диным теухуа псалъэ гъэщIэрэщIакIэ укъэзыгъапцIэхэр кърипцIыхуну. 
 Япэрауэ, апхуэдэ цIыхур щыпсалъэкIэ, духьэшыфэ зытрегъауэ, ауэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм къахь тегъэщIапIэхэр и псалъэм къыхэхуэркъым. Сытым дежи зэхэпхыр мы жыIэгъуэхэрщ: «сэ сызэреплъымкIэ», «сэ жызоIэ», «псоми ящIэ». «Iимам Нэуэуий зэрыжиIам тету…» е «хьэнэфийхэм я тегъэщIапIэм ипкъ иткIэ» жиIэу зэхэпхынукъым. Апхуэдэ къыхуеджакIуэм дин зехьэкIэ хабзэм хищIыкIыркъым, япэ иригъэщыр езым и Iуэху еплъыкIэрщ. 
 ЕтIуанэрауэ, абы емышу тезыр зэбгрегуэшыкI, «ар гъуэщащ», «ахэр фэрыщIщ», «а жылагъуэм узэрыщыгугъыжын щыIэкъым» псалъэхэр жиIэрейщ. 
 Бегъымбархэм къызэранэкIа къыхуеджэкIэм апхуэдэ псалъэ къыхэхуэххэркъым. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Iущыгъэрэ гумащIагъэкIэт цIыхур диным къызэрыхуриджэр, армыхъумэ ткIиягърэ хэгъэзыхькIэрэтэкъым. 
 Ещанэрауэ, апхуэдэ цIыхур щыгуфIэр зэзэмызэххэщ, щыуагъи зыдилъагъуж и хабзэкъым. ЖиIэм къытемыхуэр и бийщ. Дагъуэ къыхуэзыгъуэт псори къефыгъуэу аращ. ЩIэныгъэлI пэжым шыIэныгъэ хэлъщ, мыпхуэдэ щхьэрыуахэр ныкъуэкъуэхщ. 
 ЕплIанэрауэ, абы илъагъуу хъуар хьэрэмрэ диным уизыш защIэрэщ. ЩIэныгъэлIхэр щIызэдауэ гуэрым тепсэлъыхьын хуей хъумэ, къыхихыр бгъэдыхьэкIэ нэхъ ткIийрщ. Псори гуэныхьу, диным уизышу, щымыIэ къэбублэ хуэдэу къыщыхъумэ, ар дин щIэныгъэлIу аракъым, апхуэдэ хуитыныгъи щIэныгъи зимыIэ хеящIэ нэпцIщ. 
 Етхуанэрауэ, абы зэтемыхуэныгъэ гуэрхэр зэрыщыIэр къабыл ищIыркъым, езым игъэува гъунапкъэм уриукIэу апхуэдэщ. «Е удигъусэщ, е пэжым утекIащ». Ауэ щыхъукIэ, щэхьабэхэм нэгъунэ еплъыкIэ зэтемыхуэхэр яIэу щытащ, абы щхьэкIэ ахэр зыми бийуэ къимылъытэу. 
 Еханэрауэ, абы лъагъуныгъэм нэхърэ, шынэм нэхъ трегъащIэ. Жэхьэнмэм, тезырым, Алыхьым и губжьым тепсэлъыхьрейщ. Ауэ щыхъукIэ, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар шынэмрэ гугъэмрэ я зэхуакурт щыпсалъэр. Алыхьталэм мыхъумыщIагъэу пIэщIэкIам щхьэкIэ уигъэпшынэм и закъуэкъым, Ар ГущIэгъущIырейщ, ЩIэзыхъумэщ, Хьэлэлщ. 
Ебланэрауэ, абы цIыхухэр къызэщIигъэплъэныр къохъулIэ, ауэ зыужьыныгъэм ухуишэркъым. Гур щIэзыгъапхъуэ псалъэ хэIэтыкIакIэ, къыхуеджэныгъэ зэрыхьзэрийкIэ, зыкъыхэшиикIынкIэ ерыщщ. Ауэ щыхъукIэ, илъэс псокIэ уригъуса пэтми, андез щтэкIи КъурIэн тэджуиди къэпщIакъым. ЖаIэм урихьэжьэнракъым нэхъапэр, гумрэ псэмрэ фIым зыхуаузэщIынырщ. 
 «А псом къикIращи, - еух и гупсысэр щIэныгъэлIым, - диным тепсэлъыхь псоми пэж жаIэркъым. Щабэ псори къарууншэкъым. ТкIий псори захуэкъым. УщиякIуэр къозыгъэцIыхур и Iущыгъэрщ, и щIэныгъэрщ, и шыIэныгъэрщ, армыхъумэ и макъ хэIэтыкIаракъым, интернетым щеплъа цIыху бжыгъэркъым, хьэмэ и гъэгужьеикIэ Iэзагъыркъым». 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: