Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр

Европэм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ Iуащхьэмахуэ еплъыну, яджыну Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ щIэныгъэлI куэд, эзотерикхэмрэ биоэнергетикхэмрэ. Абыхэм ар зэрафIэгъэщIэгъуэным хуэдэу, пасэрейхэми пщIэшхуэ хуащIу, хъыбар куэд траIуэтэжу щытащ ди Iуащхьэмахуэ. Псалъэм папщIэ, адыгэм и тхыдэр къебж нартхэмрэ хьэт лъэпкъыжьхэмрэ я лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ. IуэрыIуатэми хьэтхэм къащIэна Iунэтхми мывэм, гъущIым къыхаIукIа теплъэгъуэу къызэранэкIахэр щыхьэт тохъуэ Iуащхьэмахуэ тхьэхэм я псэупIэу зэрыщытам

Апхуэдэу хьэтхэм я фIэщхъуныгъэмкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ хуэзэрт Абзу жыхуаIэу щыта тхьэунэр, тхьэхэм цIыхур къыщигъэщIыжа щIыпIэр. Уеблэмэ цIыхур къызэрагъэщIа щIыкIэри зэпкърыхауэ къеIуатэ хъыбарыжьым: «Iуащхьэмахуэ и мылылъэхэм ткIун щыщIадзэм деж зы псы ткIуэпс къыщащтэщ, Абзу и лъащIэм ятIэ къыдрахьейщ, ахэр зэхапщэри, тхьэм и зы лъы ткIуэпс хигъаткIуэри, япэ цIыхур къигъэщIащ. Апхуэдэущ Адапэ дунейм къызэрытехьар». Адапэ хъужыр япэ дыдэу дунейм къытехьа цIыхухъум и цIэрщ. Адапэ къызэрагъэщIари, дунейм зэрытетари, цIыху лъэпкъыр абы къызэрытепщIыкIыжари, и щIэблэм щыщу зы унагъуэ фIэкI къэмынэу дунейпсо псыдзэм зэрихьыжари пычыгъуэ-пычыгъуэкIэ къыщыгъэлъэгъуащ хьэтхэм, ащырхэм, пасэрей мысырхэм, аккадхэм къащIэна Iунэтххэм. Псалъэм папщIэ, «Энумэ Элиш», «Гъэл хьэмыщэ и пшыналъэ», «Адапэрэ ипщэ жьыбгъэмрэ» жыхуиIэ тхыгъэхэм. КъищынэмыщIауэ, шумер мифологием къыщыгъэлъэгъуащ цIыхухэр унафэ гуэрым тету ирипсэуну Абзу и тхьэхэм Хабзэр тыгъэ къыхуащIауэ зэрыщытар.

Адыгэр къызытехъукIа пасэрей лъэпкъыжьхэмрэ шумер жыжьэхэмрэ сыт зэхуаIуэху, дауэ ахэр зэпыщIа жыпIэмэ, «Энумэ Элиш» жыхуиIэу дунейр къызэригъэщIам теухуа хъыбарыжьыр мыпхуэдэу къыщIедзэ: «Уафэр щымыджэмыпцIэу, щIылъэр щызэпцIагъащIэм…». Адыгэм ди пасэрей хъыбарыжьхэр къызэрытIуэтэжри апхуэдэущ: «Уафэр щымыджэмыпцIэу, щIылъэр щызэпцIагъащIэм, дунейр хъыкIэ яухуэрт».

Нарт хъыбарыжьхэм къаIуэтэж езы Iуащхьэмахуэ къызэрыунэхуауэ щыта щIыкIэри. Зэгуэр щIы лъабжьэм щыжей благъуэр къэушауэ дунейм къытехьэну хуейуэ ныкъуакъуэу къеIэрт, жи. КъеIэхукIи, зы Iуащхьэ къыдрихуейрт. Благъуэм и къарур хуримыкъуу, щIыр къызэгуимытхъыфу ныкъуакъуэурэ Iуащхьэмахуэ деж къыщыщIэкIащ сытми. Абы щыгъуэу жаIэ Псатхъэ хьэршым къехыу Насып Iуащхьэ къыщытетIысхьар, цIыхухэр а благъуэжьым щихъумэн папщIэ. «Пщэдджыжь къэс Iуащхьэ щыгум къытоувэ Тхьэшхуэри, зеплъыхь. Хэт сыт хуэныкъуэми, щIэхъуэпсми, хуэчэмми елъагъу абы. Псатхьэ нэхъ гъунэгъу зыхуащIу лъаIуэхэри куэду йокIуалIэ Насып Iуащхьэ и лъапэм. Бын зимыIэу щIэлъэIур зэхех, гъуэщауэ гузэвэгъуэ зытелъыр елъагъу, узым къигъэдзыхэм и щэIу макъыр лъоIэс, апхуэдэу, дэтхэнэ зыми насып трегуашэри, мэбзэхыж», - жи.

Ди лъэхъэнэм и япэ лIэщIыгъуэхэм къэунэхуащ хъыбарыщIэ… Нэхъыжьхэм жаIэрт пасэм Iуащхьэмахуэ щIыгу закъуэу щытауэ, и етIуанэ къуапэр дунейпсо псыдзэм иужькIэ къэунэхуауэ. Ар пэжу къыщIэкIынущ, сыту жыпIэмэ, шумерхэм я гъущI сурэтхэм къызэрищымкIэ, Iуащхьэмахуэ зы щыгущ иIар. ИкIи тхыдэр щыхьэт тохъуэ Iуащхьэмахуэ къэбэкъауэр мызэ-мытIэу къызэрикIамрэ ар а Iэхэлъахэм зэрытежыхьыжамрэ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Iуащхьэмахуэ иужь дыдэу къыщикIар илъэс 900 ипэкIэщ икIи абы къридза минерал, мывэкIэщхъ зэхэжыхьар Астрэхань нэс ипхъат, уэгум ихьа Iугъуэмрэ сабэмрэ дыгъэр зэхуащIри, махуэ бжыгъэкIэ кIыфIу, уаеу щытащ. Нартхэм я зэманым къэбэкъауэр къикIамэ, армырауэ пIэрэ Емынэжь жыхуаIэжу «мафIэр зыдыгъуари» нартхэм я жылэр езыхьэжьари?!

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: