ЦIыхуи псэущхьи зыгъашхэ

Къэрал зыбжанэм, Урысей Федерацэри хэту, мы гъэм епщыкIутIанэу щагъэлъэпIащ ЩIыгулъым и дунейпсо махуэр.

Илъэс 23 ипэкIэ, 2002 гъэм, ЩIыгулъым и зэхэлъыкIэр къэпщытэнымкIэ къэралхэм а я зэгухьэныгъэм ди планетэм тесхэр къыхуриджащ псэукIэ зэIузэпэщ диIэнымкIэ зыхуэдэ щымыIэ къэщIыгъэ телъыджащэу, дунейм и фIыгъуэ нэхъ дызыхуэныкъуэхэм ящыщу къалъытэм нэхъри дыхуэсакъын зэрыхуейм.

А гупсысэр 2013 гъэм ООН-м ЕрыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэшымкIэ и IуэхущIапIэм къыдищтащ икIи а IэнатIэм и Зэхуэс (Ассамблее) Нэхъыщхьэу абдеж дыдэм щекIуэкIам дыгъэгъазэм и 5-р ЩIыгулъым и дунейпсо махуэу щагъэуващ.

-        Ди планетэм и Iыхьэ щанэр щIыгурэ къуршхэмкIэ щIэхъумащ. Къэнар, дызэрыщыгъуазэщи, псы зэфэзэщщ. КъинэмыщIауэ, еджагъэшхуэхэм къызэрахутамкIэ, псым хэсхэм нэхърэ щIыгур зи хэщIапIэхэр хуэдэ 700-кIэ нэхъыбэщ, я зэмылIэужьыгъуагъэкIи нэхъ бейщ.

- ЩIы Хъурейм и щхьэфэм щыщу мэкъумэш щащIэ хъуну къалъытэр и процент 11 къудейрщ. Адрейхэр мэзхэм щIахъумащ, къуршылъэ-бгылъэщ е пшахъуалъэщ.

- ГъэщIэгъуэнщ, ауэ планетэм гъудэбадзэу тетым я процент 95-м я гъащIэр зэпхар щIыгулъырщ.

- 1983 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м, Урысей Федерацэм щIэныгъэлIхэм доктор степеныр щыхуагъэфэщэнымкIэ япэу гукъэкI зыщIауэ щытар щIыгулъ щIыпIэхэмрэ абыхэм я зэкIэлъыкIуэкIэр джынымкIэ еджагъэшхуэ Докучаев Василийщ. Абдежырщ, ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ, дыгъэгъазэм и 5-р ЩIыгулъым и махуэу щагъэувар. 

Планетэм, щIэзыхъумэ щхьэфэр имыIамэ, псэ зыIут гуэри, цIыхуи, хьэкIэкхъуэкIи, къуалэбзуи, гъудэбадзи тесыныр фIэщщIыгъуейт. КъэкIыгъэхэм зыщIашэ псыIагъэмрэ зыхапщэ пкъыгъуэхэмрэ зыхъумэри къэзытыжри аращ, щIыгурщ, абы къытекIырщ мэкъумэшыщIи Iэщ зезыхуи зыщыгугъыр. Мэш щIэным, джэдкъаз гъэшхэным, бжьэ гъэхъуным мыхьэнэшхуэ ирату къекIуэкIащ ижь-ижьыжкIэ псэуа ди адэжьхэри.   

ЩIыгум и зэхэлъыкIэм куэд епхащ. Хьэуам и пкъыгъуэу абы зыщIишэм псыежэххэмрэ щIыщIагъыпсхэмрэ ягъэкъабзэ, зыуцIэпIу лъэIэса псори зэтреIыгъэ, шынагъуэ гуэри пымылъыжу егъэсей. Щымыщу хыхьэ, узыфэхэмкIэ шынагъуэ микробхэр щIыгулъ узыншэм лъэныкъуэ ирегъэз, цIыхухэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ къабзагъэ, щIыуэпс узыншэ къахузэрегъэпэщ. АрщхьэкIэ, ямылейуэ яуцIэпIа щIыр мэж, мэгъущIэри, и фIагъым зэрыкIэрыхуу, къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэр къэунэхунымкIи щхьэусыгъуэ мэхъу.

Ди къэралыр зэрыщыту къэтщтэнщи, гъавэ щIапIэхэр и чэзум зэрызэрамыхъуэкIым щIым и къарур щIех, хьэпIацIэхэмрэ удзыжьхэмрэ егъэбагъуэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэхъей, бэвагъым кIэрегъэху. Псым щIилъэсыкI, жьыбгъэм игъэжэщI-игъэжэпхъ, минерал шыгъухэр зэбэкI, шэдылъэ хъуа щIыпIэхэм гъавэ щIагъуэ къащыпхутехыжкъым.

ЩIыналъэхэм къэкIыгъэ зытемытыж IэгупIэшхуэхэм щIэх-щIэхыурэ уащрохьэлIэ хъупIэхэми псыхъуэ-ныджэхэми. АгроэкологиемкIэ къэралым и щIэныгъэ центрым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ хьэпщхупщхэм, дзыгъуэхэм, мацIэм къыздрахьэкI узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр, удз ежьужьхэр зэрагъэужьых щхъухьхэр, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщыхъей гъаер. А псоми ящхьэжу языныкъуэ IэщIагъэлIхэм къалъытэр хабзэм тету ямыгуэшыф щIыр къазэремэщIэкIым къыхэкIыу, Iэщыр зы щIы кIапэм теубыдауэ щагъэхъун хуей зэрыхъурщ (псалъэм папщIэ, ди республикэм).

Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зы цIыхум хуэзэу вапIэу иIэр УФ-м ику иту къызэрыщабжам нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Ари щхьэусыгъуэщ, республикэ, муниципальнэ IуэхущIапIэхэри щIыр къэзыгъэсэбэп IэнатIэ псори гъавэ щIапIэхэм хуэсакъыным, я фIагъым хэгъэхъуэным егугъун щIыхуейм.

АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.

 

 

 

Поделиться: