И къалэм жаныр псоми нос

Лъэпкъым, Хэкум, тхыдэм теухуа, сабийхэми балигъхэми яхуэгъэза усэ куэд Сонэ Абдулчэрим и Iэдакъэ къыщIэ­кIащ. Абы и усэхэр зыхуэдэм, я гъэпсыкIэм теухуащ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий и тхыгъэр.

«Езыр щалъхуа и лъахэм, щыпсэу, блэкIа, къэкIуэну зэманхэм, нобэ къыдэпсэу и лъэхъэнэгъухэм, лъагъуны­гъэм, гъащIэм, дунейм… зэрыжаIэщи, укIуэдыж Сонэ Абдулчэрим и къалэм жаныр зылъэмыIэсыр, и усэхэм зи гугъу щимыщIыр. Хэт зыхуи­щIыр? Сабийми балигъми! Ар йопсэлъылIэ абыхэм ямыщIэ къаригъащIэрэ ящIэр щIэщыгъуэ ящищIыжу, щIэрыщIэу иригъэгупсысыжрэ тегушхуэныгъэ, къа­руущIэ яхилъхьэу.

УсакIуэ Сонэм и хьэл
 нэхъыфI дыдэхэм щыщщ модэм зригъэхьу, «зыми емыщхьу» тхэн щхьэкIэ сатырхэр, псалъэхэр зэрызэблимышыр, атIэ къызэрыгуэ­кIыу зэрыусэр. Ауэ щыхъу­кIи, и творчествэ псом ириплъи, нэгъуэщIхэм гу зылъамыта щIэ гуэр ущримыхьэлIэу зы тхыгъи хэткъым. Абы мыпхуэдэу щетх «Дунейр уIэ­гъэщ» усэм:

 

Дунейр сымаджэщ, Iэзэ хуейуэ.

ЯуцIэпIыр псыр, яуцIэпIыр щIыр.

ЩIэблэ къэкIуэнум я деж хейуэ

Щабжынур дапщэ тщыщу пщIым?

 

Мис абы егупсысу цIыхур псэууэ, лажьэу щытамэ, дунейр нобэ ди деж нэхъ къабзэу къэсынт, нэхъ къызэтенауи щIэблэм яIэрыхьэжынт.

Мы щапхъэм и закъуэ­къым, Абдулчэрим итх псом щыапхуэдэщ - и дэтхэнэ сатырри усэм и купщIэм зэ­рыт­ригъэIэбэным Iэзэу хуигъэлажьэу, тхылъеджэм губзыгъэу йопсэлъылIэ. Йопсэ­лъылIэ къыдалъхуа, зэрытхэ адыгэбзэр фIы дыдэу ищIэрэ а ищIэр дахэу, зыхуэдэ щымыIэу шэрыуэу къигъэIуры­щIэу. Ар, языныкъуэхэм хуэ­дэу, усэм и хабзэхэм ягъэпщылIыркъым, абыхэм ятри­щIыхьуи бзэр зэблишыр­къым. Усэм и жыпхъэхэм пса­лъэ­хэр щригъэувэкIэ риф­мэм, ритмикэм, макъ, пычыгъуэ Iуэху зытримы­щIыхьу мыхъухэм я зэран лъэпкъ зримыгъэкIыу, адыгэбзэ IэслъыкIэ матхэ.

Псышхуэр, тенджыз, хы абрагъуэхэр зыхуэдэр зы ткIуэпс цIыкIу закъуэм къыбжеIэ. Абы ещхьу, Сонэм куэд къригъэлъэгъуэну ирокъу мащIэр. Куу дыдэу къыщIигъалъи хуэмыдэу, зы гупсысэ кIапэ иубыдам жыжьэ ущегъаплъэ, а плъагъум и кууагъми къызэрыгуэкI псалъэхэмкIэ, тщыщ дэтхэнэри фIыуэ зыщыгъуазэ Iуэху жьгъейхэмкIэ нэIурыт пщищIу. Феплъыт мы сатыр цIы­кIуиплI къудейм:

 

Зэ щымыIари щыIэ хъууэ,

ЩыIари щыхъукIэ щымыIэж

ЩыIэнкIэ хъуну щымыIахэм

ЩыIар щIэх дыдэу лъэщIохьэж.

 

СфIэфIщ сэ апхуэдэ тхэ­кIэр. Дунейм теткъым си фIэщ зэрыпхуэщIын мыбы къеджэм «НтIэ, лIо?» - жиIэу ежьэжыну. Ар, хэтми, Iэмал имыIэу егупсысынущ «Щы­IэнкIэ хъуну щымыIам», а зылъэщIыхьэжынум Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэкIэ жыхуаIэм хуэдэу мы дунейм къытехьэу текIыжауэ мыхъуу, зыгуэр­кIэ къызэрыщхьэщыкIынум, цIыхум хуэщхьэпэ Iэужь-лъэужь къызэрытринэнум.

ТхакIуэ, усакIуэ нэсым и псэр хуэдэгукъым, хуэдэгун­кIи Iэмал иIэкъым зыхэп­сэукI зэманым щекIуэкI Iуэхушхуэхэм, дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, нобэрей ди гъащIэм. Аращ усэ публицистикэ зыфIэпщы­нухэм Сонэм и тхыгъэхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыдыныр нэхъыбэу къызыхэкIыу къыщIэкIынури. Апхуэдэ усэхэм жьэнахуэу щопсалъэ усакIуэр:

 

ЛэжьапIэ Iутыр мэгузасэ,

Улахуэр «мохьи» и мыуасэ,

Хьэм уригъусэм уохъу хьэукхъупIэ,

Фэ Iувмэ тетхэр, сыт хэкIыпIэр? -

Е лIын, е лIэн – къыхэх нэхъ лъапIэр.

 

Е мыр-щэ:

ЩIигъэнащ къэралыр щIыхуэм…

ЩIыхуэ псом къахэжыжынкъым:

Къэдывгъащтэ щIыхуэу лIыщхьэ,

ЩымыхъужкIэ дыдейм я щхьэр!

 

Мыпхуэдэ усэ «пцIанэхэр» иIэми, Сонэ Абдулчэрим и усыгъэхэр быдэу бгъэныщ­кIуа нэужьщ щыкъэуатыр - егупсысын хуейщ, жыхуэ­с­Iэщ. Ауэ укъеджэу зэбгъэ­тIылъэкIыж къудейкIэ, абыхэм я купщIэ дыдэм улъэ­мыIэсу къэнэнри хэлъщ. Абы и щапхъэщ «Къуалэбзу джэгуакIуэхэр» поэмэр. Мыр зытеухуари, - абы къикI псор зыхуэгъэзари, зриIуэтылIэри балигъхэрщ. Ауэ ар сабий поэмэущ зэрыжаIэри зэратхри.

Сыт ар къызыхэкIыр?

Езы зытхам поэмэм апхуэдэу фIищати аращ. ЩIыфIи­щами щхьэусыгъуэ имыIэу щыткъым. Мыр Сонэм итхат пасэу, пэжыр жыпIэну, птхыну хуит ущамыщI зэманым. Хутрадзэнутэкъым, хутра­дзэпами, къыхуагъэдэххэнутэкъыми, сабийхэм захуи­гъазэ хуэдэу жиIэри, «джэду щысу шыпсэ иIуэтащ». ЦIы­хум и псэм зегъэузэщIыным телажьэу зи гъащIэр зыхь творчествэрыпсэухэмрэ абыхэм я лэжьыгъэмрэ къызэрырадзэри пщIэуэ хуащIыр здынэсри къыщыгъэлъэ­гъуащ мы поэмэ щIагъыб­зэм. Мэзым щытепщэхэр, я пащтыхь дыдэри абыхэм яхэтыжу, щодыхьэшх, ауан ящI зи псэр а жиIэм хэзылъхьэу уэрэд къизыш бзу бзафIэ цIыкIухэм. Щхьэгъэтыншу джабэкIэ щылъ къаплъэныжьым дыгъужь пашэм моуэ жреIэ:

 

Бзу пIэжьажьэ сэ сеплъыну

Гукъыдэж зэрызимыIэр

Дэкъугъеи ягурыгъаIуэ,

Шэчыгъуейуэ къабж куэдыIуэ!

Уей-уей жезыгъэIэ усакIуэ гуэрым, къэрал псом щыцIэ­рыIуэм мыпхуэдэу жиIэу зэхэсхауэ сигу къинэжащ: «Зы усэ сатыр закъуэкIэ нэхъ мыхъуми цIыхум ягу сыкъинэжатэмэ, арэзы сызыхуэхъужынут, балигъыпIэ симыувэ щIыкIэ щIэздзэу гугъу сызэрехьари пщIэншэу мыкIуэ­дауэ къэслъытэнут».

Сонэ Абдулчэрим иIэщ бэм яхэлъ сатырхэр. «Шагъдий» усэр, псалъэм папщIэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм шыр къыдогъуэгурыкIуэ, и гъа­щIэм хэтщ.

Аращ ар уэрэд щIащIари, бэм щIапхъуэтари. А уэрэ­дымкIэ Сонэ Абдулчэрим лъэпкъым игу къигъэкIыжащ адыгэшым и пщIэр, и щIы­хьыр».

Тхьэхущынэ Ланэ.

 

Поделиться: