НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 15, блыщхьэ

Шейм и дунейпсо махуэщ
УФ-м и Дзэ-хьэрш къарухэм я Радиотехникэ дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ
1917 гъэм Дзэ Плъыжьым и япэ нагъыщэр - Вагъуэ Плъыжьыр къащтащ.
1921 гъэм РСФСР-м и ВЦИК-м и деж Къэбэрдей автоном областым и лIыкIуэ щыIэныр хабзэу гъэуващ.
1912 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Балъкъэр Мыхьэмэт.
1922 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, публицист Джэдгъэф Аслъэмырзэ.
1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамбэт Хьэлым.
1928 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзу Iэбубэчыр.
1931 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Ло Инал.
1951 гъэм къалъхуащ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэзан Аслъэнджэрий.
1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Мае.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градус 0 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Чэнджащэ щыуэркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.01.2026 - 11:27 НОБЭ
18.01.2026 - 12:33 Ди щIыпIэцIэхэр
16.01.2026 - 11:26 НОБЭ
15.01.2026 - 08:16 НОБЭ
13.01.2026 - 09:00 НОБЭ