ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ЖьакIэмыхъу КIунэ и ныбжьыр илъэс 85-рэ, ар театр гъуазджэм зэрыхуэлажьэрэ илъэс 60 зэрырикъур.
Хъуэхъурэ псалъэ дахэкIэ, удз гъэгъакIэ гъэнщIа пшыхь гуапэр КIунэ дагъэлъэпIэну зыкърагъэхьэлIащ щIыналъэм и унафэщIхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, и ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм, и джэгукIэр фIыуэ зылъагъу театреплъхэр, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ театр гъуазджэм хуэпэж бзылъхугъэм роли 100-м щIигъу игъэзэщIащ. Ноби ар театреплъхэр зэрыгушхуэ актрисэ пажэщ. КIунэ радиомрэ телевиденэмрэ я лэжьыгъэми хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ, художественнэ тхыгъэхэм илъэс пщIы бжыгъэкIэ адыгэбзэкIэ къеджэурэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи лIыкIуэ хабзэубзыху орган нэхъыщхьэми, и щхьэми къабгъэдэкIыу узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, гуфIэгъуэ иIэну, и гукъыдэжым хэмыщIу илъэс куэдкIэ псэуну ехъуэхъуащ КIунэ. Абы жиIащ зи махуэр зыгъэлъапIэ бзылъхугъэм и Iущыгъэр, и зэфIэкIыр, и ехъулIэныгъэхэр, театр гъуазджэм зэрыхуэпэжыр зэрыщапхъэр, и лэжьыгъэ гъуэгуанэр роль купщIафIэхэмкIэ, гуащIэ мыкIуэщIкIэ, театреплъхэм я лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа лъэхъэнэ псокIэ зэрыбейр. Республикэ радиомрэ телевиденэмрэ, щIыналъэм и жылагъуэ гъащIэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр, театрым къакIуэхэм дэрэжэгъуэрэ гуфIэгъуэкIэ зэрахуэупсэри абы дыщIигъужащ. Егоровэм КIунэ фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ.
КъыкIэлъыкIуэу пшыхьым къыщеджащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Правительствэм къигъэхьа хъуэхъу-телеграммэм. Абы итт зэфIэкIрэ щIэупщIэрэ зиIэ артисткэу ар цIыхубэм къызэрацIыхур, пщIэшхуи къызэрыхуащIыр, республикэми къэралми я театр гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм, лэжьыгъэфI къызэзынэкIахэм зэращыщыр, республикэр, лъэпкъыр, къызыдэкIа Шытхьэлэ къуажэр КIунэ зэрыригушхуэр.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин игу къигъэкIыжащ 90 гъэхэм Къэбэрдей драмэ театрым лэжьэн щыщIидзам абы зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ и артист нэхъыфIхэм яхэхуауэ зэрыщытар икIи и кIэн къызэрикIар. Абы жиIащ КIунэ роль гукъинэж куэд зэрыдищIар.
- ДгъэзащIэ ролхэм апхуэдизкIэ дыдахьэхыу диувэрти, спектакль нэужьым куэдрэ зыкъытхуэщIэжыртэкъым, - жиIащ Къумахуэ Мухьэдин. – Театрым дахагъэр фIэфIщ. ТеплъэкIи, лъагагъкIи, зэфIэкIкIи Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ КIунэ. Ар утыку къихьа нэужь, театреплъхэр Iэгу зэрыхуеуэр сыт и уасэ! Абы и щхьэусыгъуэр куэд щIауэ утыку зэритыркъым, атIэ цIыхухэм ягуми я псэми зэрыдыхьарщ. КIунэ, узыншагъэ уиIэу, уи дахагъэм хэмыщIу, уефIакIуэ защIэу Тхьэм уигъэпсэу!
ЖьакIэмыхъу КIунэ и лэжьэгъухэм жаIащ анэдэлъхубзэр щIэблэм зэраIурымылъым, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр хъумэным хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIым ар зэригъэгузавэр; бзэмрэ хабзэмрэ кIуэдыжмэ, лъабжьэ зимыIэ жыгым хуэдэу дыкъызэрынэнум къыхэкIыу, а жыгыр щIэблэм иджыри яхуэкIыну, яхуэгъэгъэну зэрихъуэпсапIэр. Абы щIагъужащ КIунэ анэдэлъхубзэр узыIэпишэу зэригъэбзэрабзэр, пэшым щIэсхэр игъэдыхьэшхым и мызакъуэу икIи зыщIигъэгупсысыжу къызэрекIуэкIыр, щIэблэм зэращапхъэр.
Пшыхьым КIунэ усэ къыщеджащ, щыджэгуа «Странная миссис Сэвиндж» спектаклхэм щыщ теплъэгъуэхэр къигъэлъэгъуащ. ЦIыхубэм нэхъыфIу ялъэгъуа и ролхэм ящыщ пычыгъуэхэми ирагъэплъащ экранымкIэ.
- Адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ, лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ театр утыкур зыгъэбжьыфIэ КIунэ и махуэмкIэ сынывохъуэхъу пшыхьым кърихьэлIа псоми! – жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. –Театрым лъэпкъым къыхуищIэр къыпхуэмыIуэтэнщ. ЦIыхур къезыгъэлынури лъэпкъыр къэзыхъумэнури къыдекIуэкI хабзэрщ, нэмысырщ, хьэл-щэн дахэрщ. Адыгэм ди купщIэмрэ ди дунеймрэ къэзыгъэлъагъуэ ди артист пажэхэр Тхьэм фытхуигъэузыншэ!
Сэхъурокъуэ Хьэутий ЖьакIэмыхъу КIунэ хуигъэфэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэрэ щIыхь тхылърэ. Аруан щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъи тыгъэ къыхуащIащ.
Пшыхьым ирагъэблэгъащ икIи къыщыпсэлъащ КъБР-м и къалэ, къуажэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр: Шэджэм, Лэскэн, Бахъсэн, Тэрч, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ, Шэрэдж щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм я къуэдзэхэу Iэрыпщ Жаннэ, Насып Лусенэ, Iэхъуэбэч Анзор, Алъхъэс Аскэр, Мэжджыхь Альберт, ЩауэцIыкIу Олеся, Ефэнды Терезэ, Кэнжэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Степан Эдуард, Шытхьэлэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Унэжокъуэ Аслъэн, Бахъсэн къалэм и администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэч Альберт, республикэм и театрхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр.
Къэпсэлъахэм ягу къагъэкIыжащ ТIыхъужь Алий, Къаздэхъу СулътIан, ЖьакIэмыхъу КIунэ сымэ республикэм и къуажэхэм спектаклхэр щыщагъэлъагъуэкIэ, тIысыпIэ къэгъэнауэ, увыпIэ имыIэжу цIыхушхуэ щызэхуэсу зэрыщытар. Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми я дамыгъэ лъапIэ куэд зыхуагъэфэща КIунэ хуэдэ пхъу лъэпкъым зэриIэм зэрыригушхуэр къыхагъэщащ икIи цIыхубэм я лъагъуныгъэр къэзылэжьа артисткэ пажэм ехъуэхъуащ илъэс куэдкIэ псэуну, лэжьэну.
- Пшыхьым къекIуэлIахэм, хъуэхъу, псалъэ гуапэхэр къысхужызыIахэм фIыщIэ ин фхузощI. НасыпыфIэ, гъащIэ кIыхь фыхъу, фи адэ-анэкIи бынкIи гукъеуэ фимыIэну, фи унагъуэхэм берычэт илъыну сынывохъуэхъу! Пшыхьым хэта ди щIалэгъуалэ дахэм мы утыкур куэдрэ ягъэбжьыфIэну, театреплъхэр фагъэгуфIэну си гуапэщ. Театрым фыкъэмыкIуэмэ фыхуэзэшу, щIэблэри абы щIэфпIыкIыу Тхьэм фигъэпсэу! Театрыр сэ фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу фэри фIыуэ флъагъу! – жиIащ КIунэ пшыхьым и кIэухым.