ЩIыпIэцIэхэр
Щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъым дызыщыIущIа щIыпIэцIэхэм ящыщу «Адыгэ» жыхуаIэ псалъэмкIэ къыщIидзэ зыбжанэм.
Адыгэ (Адиге). Фыщт бгыжьым и лъабжьэкIэ къыщежьэ псы къуэпсхэм язщ. Езым нэхърэ нэхъ ин Пщыхьэ ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжыр «Шпалорез» цIэр зезыхьэ урыс жылэ цIыкIум ищхьэкIэщ. Къуажэм дэсхэр псы къуэпсым зэреджэр «Черкескэ» фIэщыгъэмкIэщ.
Адыгэ къал (Адыгейск). Совет властыр ува иужь, Теувэж (Теучежск) зыфIащауэ щыта жылагъуэрщ. Зэреджэр щызэрахъуэкIар 1976 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-рщ.
Адыгэ хат (Адыгэ хадэ). Литературэм узэрыщрихьэлIэр «Черкесский огород» жыхуиIэущ. Тхыдэм щыщ хъужа (щымыIэж) Тубы абэзэхэ жылагъуэшхуэр зэрыса Пщыхьэ и тIуащIэ зызыубгъуам щхьэщылъагыкI Пщэсы (Собор-скала) бгым и лъабжьэкIэ ди нобэми узыщыIущIэ жыг хадэжьым апхуэдэу йоджэ.
Адыгэ къушъхь (Адыгэ къущхьэ, Адыгэ Iуащхьэ, Адыгэ къурш). Пщэсы (Собор-скала) бгым деж къыщыщIэзыдзэу, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм, хузэпрыу щIыкIэу, ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ шабзэшэу зыхуэзыукъуэдия мэзылъэ тхыцIэщ, Тубы тIуащIэ (Тубинская долина) жыхуаIэм хуэкIуэу. Урысхэр абы зэреджэр «Черкесская гора» - щ.
Адыгэ гъогужъ (Адыгэ гъуэгужь). Урыс фIэкIа зыдэмысыж Верхняя Туба къуажэ цIыкIум къыбгъэдэкI, Пщэсы (Собор-скала) бгым и лъабжьэкIэ щIэкI, Апшерон районым ихьэ лъагъуэ бгъуфIэшхуэщ. А псом яужькIи, мы гъуэгуанэм Кавказ Шытх Нэхъыщхьэр зэпеупщIри, хы ФIыцIэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ «зегъазэ».
Адыгэ гъэхъун («Черкесская поляна»). Пщэсы (Собор-скала) бгым и лъабжьэмкIэ щыIэ Верхняя Туба къуажэ цIыкIум и Iэхэлъахэм узыщрихьэлIэ удзылъэ гъуэфылъэщ, хъупIэ папщIэу ди нобэми къагъэсэбэпу.
Адыгэ зэпырыкIыпI (Адыгэ зэпрыкIыпIэ) – Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ущхьэдэзыш гузэпыщIэ-зэпрыкIыпIэхэм язщ, япэу узыIущIэ езым хуэдэ Щхьэгуащэ (Белореченский) щхьэдэхыпIэм къуэкIыпIэмкIэ пыIухауэ.
Адыгэ къалэжь («Древняя черкесская крепость»). Хъыдэжьы (Хадыженск) къалэм и Iэгъуэблагъэм узыщрихьэлIэ быдапIэжьщ, и блынхэм къахэнэжа щIагъуэ щымыIэу. Къалэжьым и «уэрам» цIыкIухэм археологхэм щIыпIэ зэхуэмыдэхэм деж къыщыщIатIыкIыжащ мэкъумэшым зэрелэжьу а щIыпIэм щызэрахьэу щыта Iэмэпсымэжьхэр, топышэхэр, бдзапцIэм къыхэщIыкIа фочышэхэр, нэгъуэщIхэри.
Адыгэ мыжъу (Адыгэ мывэ). УрысыбзэкIэ «Казачий камень» е «Черкесский камень» жаIэ. Адыгэ Республикэм и кIыхьагъкIэ пхрыж Щхьэгуащэ (Белая) псышхуэм и тIуащIэ зыкъизыхым ущрикIуэкIэ, Дахэ (Даховская) станицэм унэмысу, гъуэгум и курыкупсэм телъу узыщыIущIэ мывэ ду абрагъуэщ. ЩIыуэпсыр зыджхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зэгуэр «къыпыхуагъэнущ» ижькIэрэ зыкIэрыщIауэ къекIуэкIа къырылъэ Iуащхьэжьым икIи, и «насып» къикIри, псым хэмыджэразэу, и нэзым деж къыщызэтеувыIащ. Апхуэдэуи, мыбдежыр щытащ (IуэрыIуатэм къызэрилъытэмкIэ) ижькIэрэ шу зэдэжэхэр, къинэмыщI зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэу.
Адыгэ псын («Адыгейский колодец») – Геленджик (Хъулъыжьий, ХъупIэжьей) къалэм ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ километр I7-кIэ пыIухащ. И псыр гурыхьщ, шыугъуэщ, бром, йод пкъыгъуэхэр зыхэтщ. Псынэр адыгэхэм уIэгъэ хъуахэр, сымаджэхэр ирырагъэхъужу XIX лIэщIыгъуэм къагъэунэхуауэ щытащ.
Адыгэ почтэ гъогужъ («Адыгейская старая почтовая дорога»). Гъуэгур Хуэдз къэбэрдей-хьэжрэт къуажэм деж къыщежьэрти, къыщхьэщыт шытхым тету, урысхэм къагъэунэхуа Лабинск (Чэты ун – Джэду унэ) къалэм хуэкIуэрт.
Мыбдежым гу лъыттапхъэщ мы зы Iуэхугъуэми. «Чэтыун» щитхкIэ, а псалъэ зэхэтыр зэрызэпкърихыу Мерэтыкъуэм къихьыр «чэт» Iыхьэм тыркухэм я бзэкIэ «гъунапкъэ» къикIыущ. НэгъуэщIу жытIэмэ, «Чэтыун» жыхуаIэр зыхуихьыр «Гъунапкъэ унэ» («Пограничный пост») псалъэ зэхэтырщ. АтIэми, дэ дызэреплъымкIэ, Iэмалыншэ «чэтыу» псалъэм «гъунапкъэ» къомыгъэкIыныр? Сыту жытIэмэ, адыгэбзэм дапхуэдиз щIыпIэцIэм хэту дыщрихьэлIэрэ «чэтыу» («джэду») псалъэм! «Джэду мэз», «Джэду кхъалъэ», «Джэду ушэ» жытIэми, къинэмыщIхэми. НэгъуэщI мыхъуми, абдежым урыс быдапIэ зэрыщытар къэтлъытэнумэ, «Джэду – нэ» жыдвгъэгъэIэ. Мы иужьрейр къызыхэтхыр адыгэщIыр къэзызэуну яужь къихьа къэралыгъуэжьым абдежыр и плъырыпIэу зэрыщытар къыдолъытэри аращ.
«Джэдуунэ» фIэщыгъэр «джэду», «унэ» IыхьитIу зэрызэпкърыпх хъунум и телъхэу кIахэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къэбэрдей къуажэхэм ящыщщ Хуэдз жылэм дэса цIыхухъум ди лъахэгъу КIуэкIуэ Жэмалдин, езыр щыхьэт зэрытехъуэжамкIэ, къыжриIэгъат.