Зы хэкIыпIэ яIащ

Лъэпкъ зыбжанэм зэдай хъуа нарт эпосым и купщIэмрэ и ныбжьымрэ бгъэбелджылын папщIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ нартыцIэхэр къызыхэкIар IупщI щIыным. Лъэпкъ щхьэхуэхэм я деж щызекIуэ нартыцIэхэм я нэхъыбэр зэтохуэ; лъэпкъ псоми я зэхуэдэщ езы эпосым и цIэри – «нарт». Щхьэ зэтехуа ахэр – апхуэдэ упщIэм жэуап щраткIэ, шэч къытрахьэркъым абыхэм зы хэкIыпIэ зэраIэм. Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр, макъамэхэр езыр-езыру зэтехуэнкIэ мэхъу, ауэ, Абаев В. зэритхащи, нартыцIэхэр зэрымыщIэныгъэкIэ зэтехуэнкIэ Iэмал зимыIэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абыхэм зы хэкIыпIэ яIащ, лъэпкъ белджылы гуэрым и Iэдакъэ къыщIэкIащ, итIанэщ щызэбгрыкIар. Жыжьэ зэбгрыкIащ, псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ и цIэр – абы ущрохьэлIэ адыгэхэми, абхъазхэми, осетинхэми, балъкъэрхэми, къэрэшейхэми я деж; осетинхэм я ныкъуэм деж ар «Сослан» щыхъуащ. Абаевым етх: «Сосрыкъуэрэ Сосланрэ я лъабжьэр зыщ, япэм адыгэ фащэ щыгъыу (-къуэ), етIуанэм – осетин фащэ (-ан); адыгэ «къуэри» осетин «анри» патронимическэ формантщ, ауэ щыхъукIэ, тIуми, Сосрыкъуи Сослани, къарыкIыр зыщ: Соср и къуэ (е и бын). Iуэхуракъэ. Соср цIэр къызыхэкIар арэзы утехъуэн хуэдэу иджыри къэс зыми къихутакъым». Зэрытлъагъущи, зи лъэужь зехуэн хуейр «соср» Iыхьэрщ – абы шэч къытрихьэркъым щIэныгъэм. 
Сосрыкъуэ мывэм къыкIуэцIахауэ жызыIэ хъыбарыр тегъэщIапIэ ящIри, языныкъуэхэм «сос»-м «мывэ» мыхьэнэ кърах, языныкъуэхэми «Сос»-р нарт Iэхъуэм и цIэщ жаIэ. «Сос»-м «мывэ» мыхьэнэ къикIыу ди бзэм иджыри къэс зыми къыщыхуэгъуэтакъым, хэту щытагъэнщ е абыкIэ нарт Iэхъуэм еджэрт жыпIэми, гурыIуэгъуэкъым абы къытепщIыкIа цIэр «Сосыкъуэм» къыщызэтемыувыIэу, «р» макъыр къыщIызэдищтар. «Р»-р суффиксщ жыпIэнути, апхуэдэ суффиксым зэрипхынкIэ хъунур зи етIуанэ Iыхьэр глаголым и причастие формэу щыт псалъэ зэхэлъырщ, Сосрыкъуэ и эпитет «жэмыхъуэрылъхум» хуэдэу. Сосрыкъуэ и цIэм «къыхэбжьахъуэ» «р»-м уелъэпауэ зэрымыхъунур, уеблэмэ ар «вы бжьакъуэу» къыщIэкIынкIэ зэрыхъунур иужькIэ тлъагъунущ. 
Сосрыкъуэ и цIэм къежьапIэ хуэхъуар ихутэн мурад имыIэххэу, Нэгумэ Шорэ хьэлэмэт гуэрым гу лъитэгъащ: адыгэхэр СозаркIэ зэджэу щыта рим пащтыхь Цезаррэ Сосрыкъуэрэ къадекIуэкI хъыбарым трищIыхьри, Шорэ а тIум я цIэхэр зэригъэпщэгъащ, зыкIи зэмыкIуалIэми. 
Сосрыкъуэ и цIэр къызыхэкIам улъыхъуэн папщIэ, япэ игъэщыпхъэщ абы и образым и зэфIэувэкIар. ЩIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэщи, гъуазджэм и къежьапIэхэм ящыщщ мифологиер; эпическэ лIыхъужьым ар хэкIыпIэ хуэхъуауэ ущрохьэлIэ эпос зыбжанэм. Языныкъуэ IэщIагъэлIхэм IупщI ящIащ Сосрыкъуи пасэрей мифологием къызэрыхэтэджыкIар. Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым Сосрыкъуэ и цIэм узыщрихьэлIэ «соср» Iыхьэр пасэрей адыгэ мифологием щыцIэрыIуэ Созрэщ тхьэм и цIэм зэрыхэтым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым Сосрыкъуи Созрэщи я цIэхэм лъабжьэ хуэхъуар а Iыхьэр («соср») ару зэрыщытым.
Сосрыкъуэ и цIэр зыхутэхэм гулъытэ хуамыщIми, ублэкI хъунукъым Люлье Л., Кокиев Г. Сымэ я псалъэм: тIуми зэрагъэпщащ Созрэщ и цIэмрэ пасэрей египтянхэм я тхьэ Осирис и цIэмрэ. Пэжщ, Люльеи Кокиевми, а тхьитIым я цIэхэр макъкIэ зэрызэщхьым гу лъата фIэкIа, тIури зы тхьэу зэрыщытыр къахутакъым: адыгэхэр СозрэщкIэ, пасэрей египтянхэр ОсирискIэ зэджэу щыта тхьэхэм я хэкIыпIэр зыщ, зы мифологием къигъэщIащ, абы щыхьэт тохъуэ а образхэм я купщIэр. 
Пасэрей египтянхэм я дежкIэ Осирис щIыуэпс щIэращIэм и тхьэщ. Пасэрейхэм зэрагугъэмкIэ (къазэрыфIэщIымкIэ), щIыуэпсыр зэпымыууэ лIэуэ, къэхъужу щытт: щIымахуэм щхъуантIагъэр щыкIуэдкIэ, щIыуэпсыр лIауэ къафIэщIырт, гъатхэм, щхъуантIагъэр къыщыщIэувэжкIэ, къэхъужу къащыхъурт. ЩIыуэпсыр лIэн-къэхъужыныр тхьэм и Iэмыру ялъытэрт: тхьэр лIэмэ (щIымахуэм), щIыуэпсри лIэрт, тхьэр къэхъужмэ (гъатхэм), дунейми псэ къыхыхьэжырт. Пасэрей египтянхэм я дежкIэ апхуэдэтхьэт Осирис. 
Осирис къыщыхъужым ирихьэлIэу, мыпхуэдэ хабзэ ягъэзащIэрт: щIымахуэ псом щIым хэIубауэ хэлъа Джед пкъор, мэгъухэм (жрецхэм) кIапсэ иращIэрти, гъатхэм деж къызэфIагъэувэжырт. Джед пкъокIэ зэджэр Осирис и тхьэнапэт, пкъор гъатхэм ягъэувыжмэ, Осирис къэхъужауэ арат кърагъэкIыр. Осирис и пкъом и благъэщ адыгэхэм Созрэщ тхьэр къыщыхъужым (е къыщигъэзэжым) деж ягъэуву щыта пхъэлъантхъуэр. Адыгэхэм Созрэщ и пхъэлъантхъуэр жыгейм, бжейм е хьэмкIутIейм къыхащIыкIырт, къудамибли къытранэрт. Египтологхэм къызэрахутамкIэ, Джед пкъор къызытращIыкIыжар жыгщ: пкъом зэпрыууэ кIэрыIулIа къурыкъухэм къагъэлъагъуэр жыг къудамэщ, езы пкъор жыг лъэдийщ. Созрэщ и пхъэлъантхъуэмрэ Осирис и пкъомрэ зэрызэщхьыркъабзэм, а тIум зы хэкIыпIэ яIэнкIэ хъуну зэрыщытым гу лъитащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Францев Ю. 
Пасэрей египтянхэм Джед пкъор щагъэув (Осирис къыщыхъуж) махуэм гъэмахуэмрэ щIымахуэмрэ зэрызэзауэр, гъэмахуэр зэрытекIуэр кърырагъэлъагъуэу джэгушхуэ ящIу щытащ. Адыгэхэми Созрэщ и пхъэлъантхъуэр щагъэуву щытар гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм и пщыхьэщхьэрт, гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ щабжыр пхъэлъантхъуэр ягъэуву Созрэщ къэхъужа (е къигъэзэжа) нэужьт. Зэрыхабзэти, Созрэщ и пхъэлъантхъуэр илъэс хъурейм и кIуэцIкIэ гуэщым щахъумэрт. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыну махуэм и пщыхьэщхьэм жылэр зэхуэсырти, къуажэм нэхъыжь дыдэу дэсыр (е тхьэпщыр) я пашэу, пхъэлъантхъуэр зыщIэлъ гуэщым кIуэрт, уэздыгъэ нэхухэр яIыгъыу, гупым зы нысащIэ къахэкIырт, гуэщыбжэм Iухьэрти: «Уа, Созрэщ, бжэр Iухи, дыщIэгъэхьэ!» – жиIэрт. Бжэр Созрэщ «къыIуихырт»; гуэщым щIыхьэрти, нысащIэм пхъэлъантхъуэм и къудамиблым тегъэпщIа шэху уэздыгъэхэр пигъанэрт, итIанэ, нурыр къыщхьэщихыу, пхъэлъантхъуэр гуэщым къыщIихырт. Созрэщ и уэрэдыр къыхадзэрти, нурыр къызыщхьэщих пхъэлъантхъуэр зыIыгъ нысащIэр япэ иту, унэм ихьэжырт, пхъэлъантхъуэр щIахьэрти, жыхафэгум трагъэувэрт, езыхэр къетIысэкIыжырти, тхьэ елъэIурт: «Уа, Созрэщ, гъэфI къыдэт, ди гъавэр гъэбагъуэ, мафIэм дыщыхъумэ!». А пщыхьэщхьэм езы Созрэщ дыдэр къахуеблэгъэну пэплъэрт, уеблэмэ ар къызэрыкIуэну шым щхьэкIэ шэщым Iус щIалъхьэрт. ЕтIуанэ махуэр, египтянхэми хуэдэу, я махуэшхуэт. 
Гу лъытапхъэщ Созрэщ и пхъэлъантхъуэр зыщIэлъ гуэщым япэ щIыхьэу щытар зэрыцIыхубзым, цIыхубз къудей мыхъууи, зэрынысащIэм. Египет мифхэм зэрыжаIэмкIэ, Осирис и пкъор ягъэувын и пэ а пкъор Осирис и щхьэгъусэ Исидэ тхьэгуащэм къилъыхъуэжу щытащ. Зыкъомрэ лъыхъуа нэужь, Исидэ пкъор пащтыхь сэрейм къыщигъуэтыжырт. Мифым Осирис и пкъор къыщызыгъуэтыжыр тхьэгуащэрамэ, гъащIэм а тхьэгуащэм и къалэныр щызыгъэзащIэр цIыху цIыкIуу зэрыщытам шэч хэлъкъым, адыгэхэм я деж зэрыщытлъагъущи. 

Къартул Хьисэ.
Поделиться: