«Фрегат» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Ацкъан Руслан «КIапсэрышэ» зыфIища и тхылъыщIэр.
КъикIуа гъуэгуанэр къэзыпщытэж усакIуэм гъащIэм и IэфIыр ирепх псэуныгъэм къыхих гурыфIыгъуэм, къикIуа гъуэгуанэм къытрина лъэужь купщIафIэм, къинэмыщIхэм. «Илъэсхэр кIапсэлъэрышэу кIуэри ежьэжащ. Си ныбжьым нэса дэтхэнэ зыри зэупщIыжу къыщIэкIынщ, «НасыпыфIэу сыщыта?» - жиIэу. Сэ насыпыфIэу зызолъытэж. Нобэрей махуэм сыпсэууэ сыкъэсащ. Дуней дахэм, фIыуэ слъагъу лэжьыгъэм, цIыхухэм защызмыгъэнщIу сокIуэкI».
ГъащIэм зы цIыхум хуищI мыхьэнэр адрейм ейм зэремыщхьым хуэдэ дыдэу, нэрыбгэ щхьэхуэми къыхуохуэ зы щытыкIэм иту жиIар адрейм щызыхищIэм щытемыхуэж. Ацкъаным и усэхэм къахэхуэрей шэчхэм, щIегъуэжхэм, псэр зымыгъэтынш гупсысэхэм мы тхылъми уащыхуозэ. Усэр зыумысыжыпIэ зыхуэхъу усакIуэм и сатырхэм ахэр къыхэмыхуэнкIэ Iэмал иIэ къищIэкIынкъым:
Сэ сыгъуэщащ, арщхьэкIэ сыпIэщIэнкъым,
си махуэр кIуэху зэзгъэзэхуэн си куэдщ.
Сыхуейщ къызэзытын зы жэуап гуэр –
си гъащIэр гъуэща защIэу кIуэми сщIэркъым.
Лъэпкъыбзэм, къуажэм, къызыхэкIа лIакъуэм, сабиигъуэм, махуэ блэкIым, жэщ узымыгъэжейм – а псоми гулъытэ щагъуэт Ацкъаным и усэщIэхэм. Тхылъыр къызэтезых дэтхэнэ зыми и гум къишхыдыкIхэрщ усакIуэм и къалэмыр зытеIэбэр. Ар езыр зытопсэлъыхьыж, ауэ щыхъукIэ, и сатырхэм еджэ псоми я щхьэ хуахьыфынущ:
СызэплъэкIыжым, пшагъуэ тIэкIу слъагъунщ,
уэнжакъым къриху Iугъуэм езгъэщхьыжу.
Сядэшхуэр жьэгум дэсу къысщыхъунщ,
и щIакIуэри фIидзащ, игъэгъущыну.
Тхылъым и етIуанэ Iыхьэм ихуащ Ацкъан Руслан и новеллэ кIэщIхэр. Япэ щхьэм къыбгъэдэкIыу зэхэлъхьа хъыбар цIыкIухэр еджэгъуафIэщ, ихъуреягъкIэ екIуэкI гъащIэм щыщ теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр уи нэгум къыщIагъэувэу.
Ещанэ Iыхьэм ихуащ усакIуэм и гукъэкIыжхэр: адэ-анэм, ныбжьэгъу-цIыхугъэхэм, лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэхэу Шортэн Аскэрбий, Нало Заур, Тхьэгъэзит Зубер, IутIыж Борис, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Тут Заур сымэ ятеухуахэр. Зытепсэлъыхь псори я гупсысэхэмрэ псэлъафэхэмкIэ къызэригъэлъагъуэм нэмыщI, хуабагъкIэ гъэнщIа мы хъыбархэм блэкIа зэманым и литературэ гъащIэм ущагъэгъуазэ.
ЕплIанэ Iыхьэм усакIуэм щызэхуихьэсащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIа, езым теухуа тхыгъэхэр, интервьюхэр, критикэ лэжьыгъэхэр. ЩоджэнцIыкIу Нинэ, АбытIэ Хьэжмурат, Хьэх Сэфарбий сымэ Ацкъаным и творчествэм хуаIэ еплъыкIэр къыщыгъэлъэгъуащ мы Iыхьэм. Тхылъыр зэхуащIыж Къармэ Iэсият, Истэпан Залинэ, НэщIэпыджэ Замирэ сымэ усакIуэм драгъэкIуэкIа интервьюхэм.