АдыгэпсэкIэ псыхьащ и IэрыкIхэр

Адыгэ тхыдэм щыщ Iыхьэхэр сурэту зытет «Voyage tn Circassie» хьэкъущыкъу зэхэтыр щагъэлъэгъуащ Москва «Mastersuit» IуцэхущIапIэм. Хьэкъущыкъу къызэрымыкIуэм хэтщ Iэгубжьэхэмрэ (чашкэ) шейщIэтхэмрэ, шейныч, фошыгъулъэ. Ар къызэрымыкIуэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар адыгэ бзылъхугъэщ. Куэблэ Тамарэ тхыдэджщ, юристщ, IэпэIэсэщ, коллекционерщ. Пщащэр хьэкъущыкъу телъыджэр щIыным щелэжьащ Император фарфор заводым. 
«Voyage tn Circassie» хьэкъущыкъу зэхэтым и теплъэр адыгэ дуней телъыджэу зэхэухуэнащ, пасэрей лъэпкъ гупсысэ къыхощ, тхыдэм ухешэж, адыгэ лъэпкъым и гъуазджэ дунейм къызэрымыкIуэу хэтыр уегъэгъэщIагъуэ. XVIII – XIX лIэщIыгъуэхэм Черкесием и щытыкIар, и щыIэкIа-псэукIар тезэгъащ хьэкъущыкъу сервизым. Фалъэхэр, шейщIэтхэр, Iэгубжьэхэр гъэщIэрэщIащ Кавказым щыIа зыплъыхьакIуэхэм я пасэрей гравюрэхэмкIэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщу и цIэ къипIуэ хъунущ Белл Джордж, Спенсер Эдмунд сымэ. ШейщIэт сервизым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ дуней тетыкIэу ди япэ итахэм яIар. Мыри гъэщIэгъуэнщ: хьэкъущыкъу зэхэтым и дэтхэнэ пкъыгъуэми тещIыхьащ Кавказ къущхьэхъушей гъэгъар. Ар пасэрей Черкесием и дамыгъэ хуэдэу къэгъэлъэгъуащ. Хьэкъущыкъур зэрыгъэщIэрэщIа адыгэ тхыпхъэхэми гупсысэ щхьэхуэхэр яхэлъщ – тхыпхъэхэр ар езыхэр лъэпкъ дунейм теухуауэ куэд къэзыIуатэщ. 
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Тамарэ езым зэхуехьэс адыгэ гъуазджэ дунейм щыщ телъыджэхэр. ЦIыхубэр фIыуэ щыгъуазэщ абы и «Нобэ» брендым. Брендым и лъабжьэр пасэрей адыгэ тхыдэрщ, ди лъэпкъ гъуазджэрщ. Арами, абы езэгъыу хэтщ иджырей щIэныгъэм, щэнхабзэм, модэм и щэхухэри. Брендым егъэлъагъуэ щэнхабзэ ин. Сыт апхуэдэ фIэщыгъэм къикIыр жыпIэмэ, ди тхыдэм, блэкIам, хабзэм щыщ Iыхьэхэм, дытепсэлъыхьыж мыхъуу, ди зэманым – нобэм – ахэр къедгъэкIун зэрыхуейм тегъэщIауэ хузогъэфащэ абы и мыхьэнэр. Дыгъуасэ дыщыIа къудейкъым, ноби хуэфэщэну дыкъогъуэгурыкIуэ, апхуэдэу щыхъукIэ, къэкIуэни тхуэфащэщ. 
«Нобэ» брендым и студием щызэхуахьэс адыгэ Iэмэпсымэхэр, хьэпшыпхэр, пасэрей унэлъащIэм щыщхэр, фэилъхьэгъуэхэр – ди шыфэлIыфэр къэзыгъэлъагъуэ псори. Сыт ди шыфэлIыфэр жыпIэмэ – акъыл, гупсысэ, хабзэ - нэмыс, зыIыгъыкIэ екIу.
Лъэпкъ гупсысэр зи гум из Куэблэ Тамарэ и IэщIагъэкIэ юристщ. Езыр IэпэIэсэщ, адыгэпсэщ, коллекционерщ, хэкупсэщ. Адыгейм щыщщ, Франджым щеджащ, Москва щопсэу. Илъэс I6-м щегъэжьауэ бзылъхугъэр дехьэх адыгэ дунейм и дахагъэр гъэлъэгъуэным. Интернет утыкур фIыуэ егъэIэкIуэлъакIуэ абы папщIэ. КъызыхэкIа лъэпкъым хуиту тепсэлъыхьыфыну, ди хабзэ дахэхэр дуней псом щигъэлъэгъуэну, гъуазджэу диIэм нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэр къригъэхъуэпсэну абы Iэмал кърет адыгэм теухуа тхылъ куэд зэрыщIиджыкIам. Пщащэр жыджэру холэжьыхь «Адыгэхэр» фондым и Iуэхухэм. Фондым хыхьа нэужь, адыгэ къафэм дихьэхри, абы и ансамблым илъэсихкIэ къыщыфащ.
Куэблэ Тамарэ фIы дыдэу илъагъу Iуэхугъуэхэм ящыщщ модэр. Модэм кIэлъоплъ, фэилъхьэгъуэ екIухэмкIэ цIыхум и гупсысэмрэ и псэм и щытыкIэмрэ зэригъэлъэгъуэфынум шэч къытрихьэркъым. Псом нэхъ игу дыхьэр, дауи, ди адыгэ фащэрщ – фащэм и мыхьэнэм зыщегъэгъуазэ, пасэрей фащэ лIэужьыгъуэхэм я щэхухэр зэрегъащIэ, абы кIэрылъ пкъыгъуэ къэс я мыхьэнэм гупсысэу хэлъыр адыгэ дуней тетыкIэ дахэм зэрепхам ирогушхуэ. Езым ед адыгэ фащэм и пкъыгъуэхэмкIэ екIуу гъэщIэрэщIа фэилъхьэгъуэхэр. Бзылъхугъэм иукъуэдиящ зы гупсысэ щIагъуэ - адыгэ фащэм махуэшхуэ урикIуэным, гуфIэгъуэ урихэтыным, укърифэным нэмыщI махуэ къэси зэбгъэкIуу щыптIагъэ зэрыхъур, ар зэрытыншыр икIи ар щыптIэгъа нэужь къалэн къыпщищI зэпIэзэрытагъэр псэм зэрыфIэфIыр. 
Адыгэ бзылъхугъхэм гупсысэ узыншэ зэриIэм, лъэпкъым хуиIэ гудзакъэр зэрыиным, и Iэпэ щабэм хьэпшып телъыджэхэри зэрыщIигъэкIым ущогуфIыкI. Уогушхуэ адыгэ лъэпкъым щыщ щIалэгъуалэм апхуэдэ зэчий дахэрэ псэ къабзэрэ зиIэ къахэкIауэ щыплъагъукIэ! аращ езыр лъэпкъымс и узыншагъэр зэлъытыжари – щIалэгъуалэ гурыхуэ иIэнырщ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: