Унагъуэ сабын зэращIыр

ЦIыхухэм я зэфIэкIым нэхъ зиубгъуауэ щытми, щэн-щэхуэным, лэжьыгъэм, мылъку къэугъуеиным ихь зэманыр апхуэдизкIэ куэдщи, Iуэху пэщэщэнейхэр IэщIыб хъуакIэщ, уеблэмэ унэм щагъэхьэзыру щыта лы гъэгъуахэри, фIэIугъэхэри, гъэшри, Iэнэм къытралъхьэ дэтхэнэ «унагъуэ шхынри» IэщIагъэлIхэм дакъикъэ зыбжанэм уи пащхьэм кърагъэувэ. 
ЦIыхубзхэм лэжьыгъэм зыщ1ызратам и щхьэусыгъуэр арауэ къыщIэкIынщ.   Ауэ нобэ дызытепсэлъыхьынур узыхуей бгъуэту упсэуныр зэрынасыпракъым, атIэ узыхуэмейуэ къыпфIэщIыр къэбгъэщхьэпэу зебгъэсэным фIы куэд къызэрыдэкIуэрщ. КъыщыщIэддзэнури махуэ къэс къэдгъэсэбэп сабыным дежщ. 

 Шэч закъуи къытетхьэркъым ди япэ ита унэгуащэхэм езыхэм ярикъуну сабын яхуэщIу зэрыщытам, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абы теухуа хъыбари тхыгъи зэкIэ дылъэIэсакъым. Зы къуажэм къелыжар адрейм зэхамыхауэ къыщыщIэкI куэдрэ къохъу, абы къыхэкIыу, дымыщIэххэу хъыбар гъэщIэгъуэн къыкъуэкIыжынкIи хъунущ. 
 Нобэрей IэмалхэмкIэ сабын пщIыныр шей бгъэвэным нэхърэ нэхъ псынщIэу зэфIокI. Пасэ зэманым къагъэщхьэпэу щыта яжьэм и пIэкIэ, нобэ лъысты къуаплъэ («каустическая сода») къагъэсэбэп. Сабыныр къыщежьауэ къалъытэ КъуэкIыпIэ щIыналъэхэм ар ахъуэ (оливэ) дагъэмрэ яжьэмрэ къыщыхащIыкIыу щытащ. Зэман дэкIыу, муслъымэнхэм Европэм икIа жорзехьэхэр («крестоносецхэр») ятеуа нэужь, сабын зэхэлъхьэкIэр щхьэж и щIыналъэм здихьри, зэбгрыкIащ. Иджы ар IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм къыщыщIагъэкIыу щытми, щхьэж зыхуей фэмрэ мэмрэ ириту, «унагъуэ сабыныр» цIыхухъухэми цIыхубзхэми IэщIыб ящIыркъым. Iэмэпсымэ щIэщыгъуэкIэ бей ди лъэхъэнэм уэр-уэру сабын къызэрымыкIуэ зэхэплъхьэным нэхъри утрегъэгушхуэ. 
 Сабын ищIу зезыгъэсэну хуейм нэхъыбэм хыфIадзэ щэр къигъэщхьэпэ хъунущ, ар былымылым, мэлылым, джэдылым, къазылым, къинэмыщI псэущхьэхэм къыхэкIами. Сабын зэхэлъхьэкIэр зыгуэркIэ хьэлыуэ щIыкIэм пхуегъэщхьынущ. Тхъур упщIыIуа нэужь, мэжри, хьэлыуэр зэкIэрылъэлъкъым. Апхуэдэ дыдэу, сабынри быдэ хъун папщIэ, дагъэ лIэужьыгъуитI хэлъын хуейщ: ткIуаткIуэу къанэ зы лIэужьыгъуэрэ упщIыIуа нэужь, жын зи хьэл «дагъэ быдэрэ». Псалъэм папщIэ, сэхуран е нартыху дагъэр ткIуаткIуэщ. Гъэшым къыхэкI тхъури, лым къыхэкI щэри дагъэ быдэщ. А лIэужьыгъуитIри хэмыту, сабын къызыхэкIынур ахъуэ дагъэм и закъуэщ. 
 Адыгэбзэм дривгъаплъэт. «Сабын фIыцIэкIэ» дызэджэр уигъэкъабзэ къудей фIэкIа, мэ дахэ къызыпимых сабын къызэрыгуэкIщ. «Сабын лъапIэ» е «дыху сабын» жыхуаIэм мэ дахэ къыпех. ЗэрытщIэщи, химиер къызэрыщхьэпэм хуэдиз дыдэкIэ икIи зэранщ. Куэдым я фэр щIэшхэр е къыщIиткIуэткIур абыхэм зэрызатхьэщI сабыным елъытауэ къыщыщIэкI щыIэщ. Ари сабын пщIыуэ зыщIебгъасэ хъун зы щхьэусыгъуэщ. 
 «Щёлочь» псалъэм и адыгэбзэм дыщылъыхъуэм, псалъалъэм «лъысты» къыдитащ. «Лъысты къуаплъэ» хъужыр «каустическая сода» жыхуаIэращ. Сабыныр Iыхьищу зэхэлъщ: дагъэ, псы, лъысты. Иужьрейр бэзэрми зэрыжьыщIэ хьэпшыпхэр щащэ тыкуэнми щыбгъуэтынущ. 
 Ар хэмылъу, псымрэ дагъэмрэ зэхыхьэнукъым. АдэкIэ псори зэлъытар зэхэлъхьэкIэмрэ гъэупщIыIужыкIэмрэщ. Сабын зыщIым и Iэгъуэблагъэм сабий е псэущхьэ имытмэ, нэхъыфIщ. Езыми, зригъэсэху, и нэр зыхъумэн нэгъуджэрэ и фэр зыхъумэн тхылъымпIэпс Iэлъэрэ имыIэу хъунукъым. Лъыстыр щхъухьщ, цIыхум и кIуэцIым кIуэ хъунукъым, и фэри исынущ. 
 Сабын зэхэлъхьэкIэ Iэмал куэд дыдэ интернетым щыбогъуэт. ЗэрыщIэбдзапхъэр, дауи, нэхъ пудырщ, уи щIыпIэм щыбгъуэтырщ. Псалъэм папщIэ, сэхуран дагъэмрэ нэхъыбэм хыфIадзэж щэ гъэвэжамрэ сабыныфI дыдэ къахокI. Сэхуран дагъэу грамм 250-м щэуэ апхуэдиз дыдэ хыболъхьэри, уогъэткIу. Щхьэхуэу псы грамми 165-рэ къыбошэч. Абы лъысты грамм 70 ухуэсакъыурэ хыбокIутэ, зыIупшиикIыурэ зэIыбощIэ. Гу зылъытапхъэ: лъыстыр псым хэпкIутэу аращ, псыр лъыстым хэпкIэркъым! А тIур зэхэзэгъа нэужь, дагъэмрэ щэмрэ хыбокIэри, псори зэщыщхъу хъуху, зэIыпщIэурэ уогъэткIу. Щэр хыумылъхьэ щIыкIэ бгъэткIуми, псори зэхэплъхьа нэужь, мафIэм тет псы пщтырым хэбгъэувэу, хэбгъэткIухьми, хъунущ. 
 Сабыныр мафIэм тетуи бгъавэ мэхъу, абы зэреджэр «Iэмал пщтырщ». Абы нэхърэ нэхъ тыншщ «Iэмал щIыIэ» жыхуаIэр. Зэхэплъхьа псори зэраудэ IэмэпсымэкIэ (блендер) удэн зэрыщIэбдзэу, мапцIэ. Шатэм хуэдэу Iув хъуа сабыныр хьэфэ пIащIэм, силиконым къыхэщIыкIа хьэкъущыкъум тыншу къыбохыжыф. Нобэ хуэдэм ипкIа сабыныр пщэдей хуэдэм хьэзыру къыпхуихыжынущ. Ауэ зэпыбгъэжыжа нэужь, махуэ зыбжанэкIэ бгъэгъущмэ, нэхъыфIщ. 
 Мыбдежым къиттхар сабын зэхэлъхьэкIэ нэхъ къызэрыгуэкI дыдэращ, хэмылъу мыхъунухэр гурыIуэгъуэ хъун хуэдэу. Ар пщIыуэ зебгъасэмэ, мэкIи фэкIи зэмыщхьу, и быдагъ-щабагъри, и тхъурымбэм и мащIагъ-куэдагъри зэбгъэзахуэу ухъунущ. Фытегушхуэ, фыщымышынэ. УпщIэ фиIэмэ, е пасэрейхэм сабын зэращIу щыта хъыбархэм языхэз зэхэфхыжауэ щытмэ, «Адыгэ псалъэм» фыкъытхуеблагъэ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: