Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр, зэрыжаIэу, республикэм зы махуэ щагъэувыIэркъым. Ахэр ирагъэкIуэкI УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьа, лъэпкъ пэхуэщIэ нэхъ инхэм щыщ - «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ»-м хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Дызэрыт илъэсым лэжьакIуэхэм яхузэфIэкIар къэдгъэлъагъуэмэ, районхэмрэ къалэхэмрэ цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэу 40-м щIигъу зэIузэпэщ ящIащ икIи сом мелуан 367-м нэблагъэ ахэм трагъэкIуэдащ.
Абыхэм хохьэ Налшык къалэм и «Мей» хьэблэм и ШыкIуртIым аллеер, гъущI гъуэгу вокзалым и гупэм къедза щIыпIэм деж щыхасэ пхъэхуей жыг хадэр, Щоджэным и цIэр зезыхьэ, «Дубки» хьэблэм щыIэ сымаджэщ къалэ цIыкIум щагъэтIыса жыгыщIэхэр, ЕтIуанэ Тэман дивизием и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «ТекIуэныгъэм и паркыр», Шэджэм къалэм мы гъэм къыщызэIуаха ТекIуэныгъэм и Паркыр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэуи лъэс лъагъуэщIэхэр щаукъуэдиящ, жыг хадэ цIыкIухэр щагъэтIысащ Бахъсэн, Тырныауз, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэм, Анзорей, Аргудан, Бабугент, Бахъсэненкэ, Къулъкъужын Ипщэ, Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ, Джэрпэджэж, Жэмтхьэлэ, Заречнэ, Каменномост, Къэщкъэтау, Балъкъэр Ипщэ, Октябрьскэ, Псыгуэнсу, Янтарнэ жылэхэм.
Шэджэм къалэм иджыпсту щаухуэ, урысейпсо интернет Iэ Iэтым щытекIуа, «Псым IэплIэ къыуешэкI» пэхуэщIэр икIэм нэблэгъащ. Гектар 1,5-рэ нэблагъэ зрагъэубыда мы щIыпIэм спорт утыкушхуэхэр, сабий джэгупIэхэр, турникхэр хэтщ, лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхьын лъагъуэхэр, лъэс лъагъуэхэр щашэщIащ, нэгу зегъэужьыпIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр щыхуащIащ.
2026 гъэм республикэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хыхьэнущ цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 32-рэ урысейпсо интернет Iэ Iэтым щытекIуа пэхуэщIэу 3-рэ. Ахэр Налшык къалэм и «Экстрим-парк», Шэджэм къалэм и «Къалэм уиутIыпщыркъым», Май къалэм и «Парк Заря» проектхэрщ икIи псори зэхэту сом мелуан 573,4-рэ абыхэм хухахынущ.
ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, УФ-м и бюджетым къыхэкIыу 2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым къагъэкIуэну ахъшэм сом мелард 47,3-рэ иджыри къыдыщIагъунущ, абы щыщу сом мелард 11,5-мкIэ лъэпкъ пэхуэщIэхэр ирагъэзэщIэн папщIэ. Мы гъэм а Iуэхугъуэхэм хухаха ахшэм нэхърэ ар фIыуэ нэхъыбэщ.