Лъэныкъуэ куэдкIэ гупсысэфырт

КIэщт Мухьэз и къалэмыпэм къыщIэкIащ гупсысэ жанкIэ гъэнщIа тхыгъэ купщIафIэ куэд. Ахэр цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ икIи ди литературэм и фIыпIэхэм хабжэ. Абы и творчествэм тетхыхьахэм ящыщщ тхакIуэ Къагъырмэс Борис.

«Ди поэзием и фIыгъуэхэр зыгъэбэгъуауэ, лъэпкъым и щэнхабзэм куууэ хэпщIа, лъэхъэнэмрэ щIэблэмрэ зэщIэзыIыгъэ гупсысэшхуэ куэдым хуэIэрыхуэ, лъэпкъ усыгъэм и щIыхьыр нэхъри Iэтыным екIуу хуэлажьэ усакIуэхэм я цIэ къыщриIуэкIэ, критик щэджащэ Сокъур Мусэрбий абыхэм сыт щыгъуи яхигъэувэу щытащ КIэщт Мухьэз. Ар зэрытэмэмым и щыхьэтщ КIэщтым ди литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр.
Мухьэз и Iэдакъэ къыщIэкIащ повестхэр, рассказхэр, очеркхэр, поэмэхэр, усэхэр, публицистикэ тхыгъэхэр. Ахэр иту Мухьэз Налшыкрэ Москварэ къыщыдигъэкIащ тхылъипщIым щIигъу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми теухуа тхыгъэ гупэхэр къытехущ ди газетхэмрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ.
КIэщтым и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къатырт радиокIэ, телевиденэкIэ. Ахэр теухуат цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм: ди псэукIэм, ди хабзэхэм, ди бзэм, ди къэкIуэну гъащIэм, ди щIэблэм.
Нобэрей зэман гугъум къыхэхуа, гъащIэм ириудэкI, зэрыпсэуным зэпымыууэ игъэгупсысэ, игъэгузавэ цIыхум уи тхыгъэхэр къищтэу къеджэн, ар дэIэпыкъуэгъу хуэхъун, игу ирихьын папщIэ, тхакIуэм, усакIуэм бгъэдэлъын хуейщ, Iэзагъэм къыдэкIуэу, щIэныгъэ кууи, Iуэху бгъэдыхьэкIэ тэмэми, апхуэдэу иIэн хуейщ фIым игъэгуфIэ, Iейм игъэгузавэ гу къабзи. А псор тыншу къохъулIэркъым. Ар фIыуэ къыгурыIуэрт Мухьэз.
Мухьэз сэ куэд щIауэ сцIыхурт, сыщыуэнкIэ сымышынэу схужыIэнущ абы усакIуэ Iэзагъэ хъарзынэ зэрыбгъэдэлъар, ар гъащIэм куууэ пхыплъыфу, лъэныкъуэ куэдкIэ гупсысэфу зэрыщытар. Ар хыболъагъуэ КIэщтым и усыгъэхэми и прозэ тхыгъэхэми.
Мухьэз гу пцIанэу хущытащ и лъэпкъым. Абы игъащIэрщ КIэщтым и тхыгъэхэм я нэхъыбэм я тегъэщIапIэр. Мухьэз куэдрэ захуигъазэрт ди хъыбарыжьхэм, ди тхыдэм, гъащIэр щызу тэмэму зыхищIэн папщIэ. Абы Iэзэу къигъэлъагъуэрт къуажэдэсхэм я гъащIэр, я гупсысэхэр, гурыщIэхэр, я псэукIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр.
КIэщтыр нэхъыбэу зытетхыхь темэхэм ящыщт дыщалъхуа лъахэр, абы хуиIэ гумащIагъэр, лъэпкъыр, анэр, ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр. Ар наIуэу хыболъагъуэ Мухьэз и тхылъхэми и тхыгъхми яхуищIу щыта фIэщыгъэцIэхэм.
Мис абыхэм ящыщхэр: «Си лъахэ – си уэрэд», «Анэм и тыгъэ», «ЩIылъэ пшыналъэ», «Лъагъуныгъэм и уасэ», «ЩIым и ныбжьыр», нэгъуэщIхэри.
КIэщтыр зэи тетхыхыхьыртэкъым езым и псэм пэмыгъунэгъу, ар зымыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, атIэ ст щыгъуи зытепсэлъыхьыр фIыуэ зыщыгъуазэ, куууэ зыхищIыкI, фIэгъэщIэгъуэн Iуэхугъуэхэр, гупсысэхэр арат. Апхуэдэу тха хъуащ абы и поэмэхэу «Тхыдэм и макъ», «Хурэ нанэ и уэрэдхэр», «ГъащIэ макъамэ», «Зауэм и сурэтхэр», нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри Iуэхугъуэ щхьэхуэм теухуа пэтми, псоми яхэлъщ я зэхуэдэ нагъыщэхэри: я бзэр къулейщ, шэрыуэщ, гум къинэж художественнэ образхэмкIэ гъэнщIащ…
Мыбдежым щыжысIэну къезэгъыу къызолъытэ ди критикхэм а поэмэхэм гулъытэ нэс зэрыхуамыщIар. КIэщтым и поэмэхэр щыхьэт техъуэрт ди литературэм а жанрыр щыхэмыкIуэдэж дэнэ къэна, атIэ абы гъэщIэгъуэну, щытыкIэщIэхэр къищтэу зэрызиужьым.
УсакIуэм и лъахэм, абы и щIылъэм, и уафэм, и къуршхэм, и псыежэххэм яхуиIэ гурыщIэ къабзэр, лъагъуныгъэр Iэзагъ хэлъу усэ куэдым къыщигъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ «Сурэт» зыфIища мы усэри:

Зэуэ гу лъумытэу,
Си пэш тхапIэм щIэтщ
Сэ нэхъыфI дыдэу
Слъагъуу зы сурэт – 
Уафэ къащхъуэ кIапэ,
ЩIылъэ щхъуантIэ тIэкIу,
Пшэхэр зылыпщI дыгъэ,
Ди къуршхэм я нэкIу, - 
Рамэ яхуэхъуауэ
Си щхьэгъубжэм къилъщ.
Ар си адэ лъахэм
И сурэт фэеплъщ.

Апхуэдэу гуапэу тхащ «Си къуажэ» усэри. ЩыIэу къыщIэкIынкъым цIыхур къыщалъхуа, къыщыхъуа къуажэм е къалэм нэхърэ нэхъ фIэлъапIэ, аращ ахэр фIыуэ щIалъагъури. Ауэ щIалъагъу щхьэусыгъуэхэр, дауи, сыт щыгъуи зэтехуэркъым. Мыращ усэм хэт лирическэ лIыхъужьым и къуажэр фIыуэ щIилъагъур.

Сэ сымыхутыкъуэу, сымыкIуэду 
Сытезыгъэтыфыр мы дунейм
Дэни ныскIэлъыкIуэ уи гулъытэрщ,
Уи жьэгу пащхьэм берычэт щыхъейрщ.

Абы къыдэкIуэу, я бынхэр къуажэм зэригъасэрщ хабзэ яхэлъу, цIыхугъэ зэрахьэу, нэхъыжьым пщIэ хуащIу, я чэнджэщ едаIуэу, мурадыфIхэр яIэрэ ахэр гъэзэщIэным хущIэкъуу къызэрытэджырщ.
Бгырыс усакIуэм дежкIэ бгыщхьэр, щыгур сыт щыгъуи и нагъыщэщ гъащIэм мурадхэр къыщохъулIэ щIыпIэм. ЦIыху щыIэу къыщIэкIынкъым хъуэпсапIэ гуэр зимыIэ, а хъуэпсапIэхэр зыхуэмыдэ Iэджэу игуэш пэтми. ЦIыхур зыхуэдэр, зыщIэхъуэпсыр къэпщIэну ухуеймэ, абы и мурадхэр зэгъащIэ. ЛъагъуэщIэ гъащIэм щыпхишыну хуей, хьэмэрэ Iэджэм яуба гъуэгужьым тетмэ нэхъ къищтэрэ? Апхуэдэ гупсысэхэр зыщIэлъ усыгъэхэр и мащIэкъым КIэщтым. Ар хуейтэкъым хамэ пыIэ зэрихьэну, ищIэрт: щхьэр псэумэ, пыIэ щыщIэнукъым.
Мухьэз къигъуэтыфырт зэгъэпщэныгъэ, образ, жыIэкIэ шэрыуэхэр. Ахэр куэду хэтщ абы и тхыгъэхэм. Къэтщтэнщ «Мэкъузэтелъхьэ» усэр. Абы щыжеIэ мыпхуэдэу:

Си ныбжьэгъу къехри пыпхъуэм
ЩIэтIысхьащи жьауэм,
ЕгъэпщкIуж и чысэ быхъур,
Тутын ишыхьауэ.
СщIэркъым ар мафIэдз щIэлъыхъуэр,
КъитIэщIу гуфIакIэр:
И Iэгу пхъашэр зэ зэщихъуэм – 
Къыдидзынущ хъуаскIэр.

КIыхьу къримыгъэкIуэкIыу, деталь жыхуаIэмкIэ усакIуэм Iэзэу ищIащ мэкъумэшыщIэ джэгуакIуэшухэм и образыр, тлъагъум хуэдэу ди нэгу къыщIегъэувэ куэд зыхузэфIэкI абы и Iэхэр. НэгъуэщI усэм дыкъыщоджэ:

МафIэм и нурыр телъэщIауэ,
Сабийхэм чыржын хуабэр яшх.

Мыпхуэдэу хужыIэнкIэ Iэмал иIэкъым усакIуэу щымыт цIыхум. КIэщтыр куэдым гу лъызытэ, нэ жан зиIэ, гурыщIэ-гупсысэ куухэр гъэщIэгъуэну, гум къинэжу къэзыIуатэ усакIуэт».

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: