И зэран къомыкIмэ…

ГъащIэ узыншэ епхьэкIыныр цIыхум и дуней тетыкIэ хъумэ, и узыншагъэри нэхъыфIу, узыфэхэми щыхъумауэ йокIуэкI. Абы лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ: шхэкIэр, жыджэрагъыр, гурыгъу-гурыщIэхэм хуэсакъыныр.
Къэбгъэлъагъуэмэ, узыншагъэр зэрыпхуэхъумэну щIыкIэм тепсэлъыхьын щIадзауэ щытащ XIV лIэщIыгъуэм. АбыкIэ тегъэщIапIэ ящIат багдад щIэныгъэлI икIи дохутыр Ибн Бутлан «Узыншагъэр зэрахъумэ» и лэжьыгъэр. Тхылъым зэрызагъэхъуж къэкIыгъэхэм къищынэмыщIа, увыпIэшхуэ щаIыгът сэбэпрэ зэранрэ къызыхэкI ерыскъыхэми. ЦIыхум и узыншагъэр быдэу щытыныр елъытащ и акъылыр абы зэрытриухуэми (психологиемрэ педагогикэмрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ). ГъащIэр нэхъ кIыхь хъуным и мызакъуэу, цIыхум зиузэщIынымкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и узыншагъэр къызэрыфIэIуэхум. 
Нобэрей ди псэукIэр нэхъ гугъу, щIыуэпсымрэ хьэуамрэ нэхъ фIей зэрыхъуам цIыхум и узыншагъэмкIэ зэран къыхухокI. ЩIалэ щIыкIэ абыхэм гу лъитэрэ, гъащIэ узыншэ ирихьэкIыныр хьэл хуэхъумэ, цIыхум и балигъыпIэм ахэр къощхьэпэж.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, узыншагъэр нэхъ быдэ хъуныр куэдкIэ епхащ гъащIэр зэрепхьэкIым. Нэхъыщхьэ дыдэу абы къыхигъэщхэм ящыщщ тутын, фадэ ефэныр хыфIэдзэн, ерыскъы къабзэрэ къэуатрэ шхын, куэдрэ ущымысу Iэпкълъэпкъыр зэрыгъэкIын зэрыхуейр. 
Германием щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуащ илъэс 40-м щхьэдэха цIыхум илъэс 13 - 17-кIэ и гъащIэм зэрыхигъэхъуэфынур, узыншагъэм кIэлъыплъмэ. США-м къызэрыщапщытамкIэ, илъэс 50 нэужьым илъэс 12 - 14 гъащIэм хэбгъэхъуэфынущ.
Къапщтэмэ, тутын ефэным гъащIэр нэхъ кIэщI ещI илъэси 10 хуэдизкIэ. Ар хыфIэзыдзэжам и лъыр зэрызекIуэр нэхъыфI мэхъуж мазищым къриубыдэу. Мазибгъу дэкIа нэужь, и псчэр нэхъ зэтоувэж, и бэуэкIэр нэхъ хуит мэхъу. Тутын ефэн зэрыщигъэтыжрэ илъэс дэкIа нэужь, гу узыфэм илIыкIынкIэ зэрыхъунур хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ мэхъу, илъэситI пIалъэ дэкIмэ - инстульт иIэныр нэхъ егъэмащIэ, илъэсипщI дэкIмэ - хуэдитIкIэ нэхъ мащIэщ тхьэмбылхэр рак хъуныр. Апхуэдэ дыдэу фадэ ефэхэм щыщIэныгъэ 200 хуэдиз иретыфыр я узыншагъэм. 
Щхыныгъуэ къабзэкIэ шхэр зэрылIыкIынкIэ хъуну щхьэусыгъуэ псоми процент 22-кIэ нэхъ пэIэщIэ ещI, апхуэдиз дыдэкIэ гу-лъынтхуэ узыфэхэр къызэтрегъэувыIэ, фошыгъу узыр - процент 22-кIэ, ракыр - процент 15-кIэ. Тхьэмахуэм сыхьэти 2,5-кIэ (махуитхум дакъикъэ 30 хуэдиз хуэзэу) спортым хухэзыхри нэхъ узыншэну къагъэлъагъуэ. 
Ди зэманым гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным цIыхур къыхуеджэным гулъытэшхуэ хуащI хъуащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд абы траухуэри, и мыхьэнэри ди гъащIэм зэрыщыиныр нэрылъагъущ.
                                                            КъэкIыгъэхэм я къарур
НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ и гугъу пщIы хъунущ удзхэмкIэ зэрагъэхъуж щIыкIэм. Абы и тхыдэри куущ, лIэщIыгъуэ куэд къызэщIиубыдэу. Псалъэм папщIэ, къэкIыгъэхэм я хущхъуэгъуэхэм ятеухуа япэ тхыгъэхэр шумерхэм я деж, ди эрэр къэмыунэху щIыкIэ илъэс мини 3 ипэкIэ, къыщагъуэтыжащ. А тхыгъэхэм къыхэщырт шумер дохутырхэм удз гъэгъуахэмрэ абыхэм къыщIапIытIыкI псымрэ ириIэзэу къыщагъэсэбэпу зэрыщытар. Япэ хущхъуэуи щытар къэкIыгъэхэращ. ЦIыхухэр куэд щIауэ хущIэкъурт узыфэ куэд зыгъэхъужыфын, «уахътыншагъэм и удз» къагъуэтыным.
Пасэрей Мысырым зауэ нэужьхэмрэ уз зэрыцIалэхэмрэ деж удз лъапIэу къалъытэу щыта шхэгыныр (шалфейр) ягуэшырт, шхынми шейми халъхьэрэ къару къаритыжу къригъэхъуэжу къалъытэу. Удз хущхъуэхэр щIыпIэ хэхахэм щагъэкIырт, уеблэмэ нэгъуэщI къэралхэми кърагъэшырт. 
Китай медицинэр нэхъ жьы дыдэхэм хабжэ. Ди эрэм ипэкIэ илъэс минищ ипэ абы удз хущхъуэ лIэужьыгъуэ 230-рэ къыщагъэсэбэпу щытащ. 
Пасэрей Индием и медицинэм «Аюрведе»-м (ди эрэм ипэкIэ езанэ лIэщIыгъуэм) къыщыIуэтэжам зэрыщытхамкIэ, къэкIыгъэ 800-м нэблагъэ яIащ, уеблэмэ ди зэманми ахэр къагъэсэбэп. Абы къытехъукIыжащ тибет медицинэри («Чжуд ши»-м и зы Iыхьэшхуэ хухэхащ къэкIыгъэхэм).
Гиппократ (ди эрэм ипэкIэ 460 – 370 гъ.гъ.) къилъытэрт цIыхум и Iэпкълъэпкъым хущхъуэгъуэ хуэхъунухэр езы щIыуэпсым къыхэкIыу. 
Авиценнэ и Iэдакъэ къыщIэкIат «Дохутыр щIэныгъэм и хабзэр», къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, минеральнэ пкъыгъуэхэм къыхэкIа хущхъуэхэм тепсэлъыхьу, ахэр къызэрагъэсэбэпымрэ зэрахъумэмрэ зэпкърихыу.
Пасэм Урысейм щыпсэухэми удзхэр куэду къагъэсэбэпу щытащ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм ириIэзэу. Пётр I къэрал псом аптекэхэр къыщызэригъэпэщри удз хущхъуэхэр щагъэкI хадэхэр иригъэщIат. Абы щыгъуэми удзхэмкIэ зыгъэхъужыныр щIэныгъэкIэ щIэгъэбыдауэ нобэр къыздэсым щыткъым.
И зэран къомыкIмэ, ари ехъулIэныгъэшхуэщ
КъБР-м цIыхубэ медицинэмкIэ и зэгухьэныгъэм хэт, удз хущхъуэхэмкIэ Iэзэ Бетрожь Валерэ къэкIыгъэр щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэм зэращыщыр зи фIэщ хъу цIыхущ, медицинэм тхыдэ куу, купщIафIэ къызэрыдекIуэкIри жеIэ.
- ЦIыхур узыншэу щытын папщIэ, витамин зыхэлъ ерыскъыхэр нэхъыбэу ишхын хуейщ, - къыхегъэщ Бетрожьым. - Псом хуэмыдэу сэбэпщ пхъыр, жэгундэр, къэбыстэр, абыхэм шхын хьэлъэр ягъэткIу. Былымылыр щыбгъавэкIэ, псыр дакъикъэ 15-кIэ къытекъуэлъа нэужь, щIэгъэжауэ псы гъэва щIэкIэжын хуейщ. Апхуэдэу тIэу пщIа нэужьщ, абы и лэпсым уефэну медицинэм хуит ущищIыр. А Iэмалым утемытмэ, Iэпкълъэпкъыр зыкудэ халестириныр псым къыхонэри, давленэм дежкIэ зэранышхуэ мэхъу. Лы гъэвам бжьыныху шыпс е пIастэ щIыгъумэ, лъатэм къытехьэлъэркъым. Хугум калий микроэлементыр куэду хэлъщ, гур тэмэму лэжьэн папщIэ, дыхуейщ. Магний зыхэлъ хуэрэджэ гъэгъуар, гречкэр, къэбыстэр, нащэр ди Iэнэм текI хъунукъым. КъэкIыгъэр цIыхум сыт и лъэныкъуэкIи къыхуэщхьэпэу къыдэгъуэгурыкIуащ, иджыпстуи удз хущхъуэхэм я щэхумрэ ябгъэдэлъ къарумрэ къызыгурыIуэхэм дежкIэ ахэр икъукIэ сэбэпщ.
СощIэж, сыщысабийм си адэм щIэх-щIэхыурэ губгъуэм, мэзым сыздишэрти, гъуэгум дыздытетым Iуэхугъуэ щхьэпэ куэдым сригъэдаIуэрт, псом хуэмыдэу къэкIыгъэхэм я зэхэлъыкIэхэр къызжиIэрт, ауэ абы щыгъуэм сыцIыкIуIуэти, куэдыр къызгурыIуэртэкъым. ИужькIэ си адэм сызэриущийуэ щытахэр къысщхьэпэжащ. Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрызэхэсхыжамкIэ, си адэшхуэ Бетрожь Хьэжмэт удз хущхъуэхэмкIэ уIэгъэхэр, мафIэсхэр игъэхъужу щытащ. Арауэ къысщохъу  сэри цIыхубэ медицинэм сыщIыдихьэхар.
Китайм къыщыкI «чайный гриб» жыхуаIэр Бетрожьым къелъытэ узыфэ куэдым пэщIэту. Псалъэм папщIэ, апхуэдэхэщ дзэ, щхьэ узхэр, пыхусыхур трегъэувыIэ.
- Гиппократ жиIэгъащ: «Дохутырым хущхъуэ пхуитхар сэбэп къыпхуэмыхъуми, и зэран къомыкIмэ - ари ехъулIэныгъэшхуэщ». Аращи, нэхъыщхьэр зэран дымыхъунырщ. Сыт щыгъуи гуапагъэ къыфпкърыкIмэ, фызыщыпсэу щIыналъэм пщIэ хуэфщIмэ, гукъыдэж фиIэмэ, къывэмыхъулIэн щыIэкъым, - жеIэ Валерэ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: