ЦIыху лъэужьыфIэ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ-уэрэдытх, композитор, макъамэтх, драматург Бахъуэ БетIал къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. 
Бахъуэ БетIал 1935 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр Хэку зауэшхуэ зэманым хиубыдащ. Пасэу зи адэ-анэр зыфIэкIуэда щIалэ цIыкIур и анэшхуэращ зыпIыжар. Советыдзэм къулыкъу щищIэри, 1957 гъэм Шэджэм къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм лэжьэн щыщIидзащ. Абы щыгъуэщ щригъэжьар уэрэдхэм я псалъэхэр итхыу, макъамэри щIилъхьэжу. Языныкъуэхэр апхуэдизкIэ ягу дыхьати, цIыхубэ уэрэдхэм хуэдэу япхъуэтащ. 1960 гъэхэм Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм лэжьэн щыщIидзам абы и цIыхубэ театрым зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Театрым и художникыу лажьэрти, декорацэхэр игъэхьэзырырт, пьесэхэр, гушыIэ кIэщIхэр итхырт, театрым и джэгуакIуэ пажэхэм ящыщт. 
Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и методист нэхъыщхьэ, БетIал дэлэжьа Джэдмышх Лерэ жиIэжырт «ПсэкIэ къазэуа насып», «Ди хьэблэм къыщыхъуахэр» пьесэхэр Бахъуэм зэритхар. КъинэмыщIауэ, ар икIи методистти, адыгэбзэмкIэ екIуу, дахэу сценариехэр хуитхырт агитбригадэм. 
БетIал и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэхэр, Iуэтэжхэр, пьесэхэр. Абыхэм щигъэлъапIэрт лIыхъужьыгъэр, хэку лъагъуныгъэр, зэныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр, зэхуэпэжыныр, нэгъуэщIхэри. А псом къадэкIуэу БетIал цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэрт икIи сурэт ищIырт. Илъэс зэхуэмыдэхэм тхылъ щхьэхуэу къыдэкIащ, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ и уэрэдхэр, Iуэтэжхэр, повестхэр, радиомрэ телевиденэмкIи къатащ. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1986 гъэм къыщыдэкIащ и гушыIэ кIэщIхэмрэ Iуэтэжхэмрэ щызэхуэхьэса «Анэл» зыфIища и япэ тхылъыр. БетIал дэлэжьащ Тхьэбысым Умар, Къардэн Хьэсэн, нэгъуэщI композиторхэми. Хэтыт 80-90 гъэхэм демыжьур «Гъатхэ пщэдджыжь», «Си уэрэд», «Адыгэ нысэр унэ идошэ», «Сызэхэх», «Хэт епта си гъатхэр?» уэрэдхэм.
Бахъуэ БетIал дэлэжьа, уэрэд жыIэнымрэ къафэмкIэ цIыхубэ ансамблым и художественнэ унафэщI Хьэмдэхъу Эльвирэ жеIэж Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэр БетIал утыку дахэ куэд зэрыришар, цIыху куэд нэIуасэ къазэрыхуэхъуар, и уэрэдхэр нобэр къыздэсым зэраIэпэгъур, и гушыIэхэр зэрызэIэпахыр. 
- Ди республикэм, гъунэгъу щIыналъэхэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм мызэ-мытIэу дыщыIащ концертхэр ттыуэ. Дэнэ дыкIуэми, псори япэу зыщIэупщIэр БетIалт. Ар утыку зэрихьэу, цIыхубэр IэгуауэшхуэкIэ къыпежьэрт. И гушыIэхэмкIэ игъэщIэращIэрт пшыхьхэр. Дахэу, гукъинэжу, цIыхубэр къыхуэарэзыуэ, фIыуэ къалъагъуу утыку итащ, - жеIэ Эльвирэ. - И уэрэдхэр усэбзэ дахэкIэ гъэпсат. БетIал и IэдакъэщIэкI уэрэди 100-м щIигъу ноби радиом и фондым щахъумэ. Ахэр ягъэзащIэрт Къуныжь Хьэждал, Сосмакъ Валентинэ, Уэтэр Анатолэ, жыпIэнурамэ  ди уэрэджыIакIуэ нэхъыфI дыдэхэм. Си фIэщ мэхъу БетIал и уэрэдхэм гъащIэшхуэ зэраIэр. ЦIыхубэм дзапэ уэрэду яIурылъщ ахэр. Сыт щыгъуи гуапэу дигу къыдогъэкIыж БетIал. 
- Нэхъ лейуэ и гугъу щIыпхъэу къызолъытэ Бахъуэ БетIалрэ Тхьэбысым Умаррэ зэрызэдэлэжьам. Абыхэм зэдатха уэрэдхэм ящыщ «Бжьамий» ансамблми игъэзащIэрт. Иджырей щIалэгъуалэми яфIэфIщ. Си «Бзэрабзэ» гупри щызогъэгъуазэ БетIал и уэрэдхэм, и псалъэхэм егупсысыну яжызоIэ, – жиIащ Лосэн Тимур. – Адыгэ лъагъуныгъэм философие дахэ, щэху хэлъщ, зыжраIэ нэхърэ зраIуэкI жыхуиIэм хуэдэу. Абы и щыхьэтщ Бахъуэм къытхуигъэна уэрэдхэр. ЦIыхум фIыуэ ялъэгъуащ а IэдакъэщIэкIхэр. Адыгэм и хабзэр, псэукIэр, и дуней тетыкIэр, IуэрыIуатэри къыхэщу, тегъэщIапIэ ищIащ уэрэдусым. Ар щIалэгъуалэм я щапхъэщ.
Лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъа Бахъуэ БетIал и усэхэмрэ уэрэдхэмрэ ноби щIэупщIэ яIэщ. Ахэр ягъэзащIэ илъэс куэд щIауэ утыку итхэми иджы дыдэ къэунэхуа уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэми. А уэрэдхэм мыухыж гъащIэ яIэну дыщогугъ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: