Пщащэм и щэныр фащэм къыхощ

Адыгэ пащащэ жан, дэрбзэр, зи адыгэп­сэр, зи гупсысэхэр лъэпкъ гуры­гъузкIэ къулей Щоджэн Дианэ Дзэлы­къуэдэс щыщщ. КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжым дэн-бзэным щыхуе­джащ, и IэщIагъэм теухуауэ ехъулIэ­ныгъэхэри иIэщ. Адыгэ бзылъ­хугъэ фа­­щэхэр, европей фэилъхьэ­гъуэхэр ед, ахэр куэдым я гум дохьэ. Дианэ ида фэилъхьэгъуэ­хэм пщащэ­хэр гуфIэгъуэ пшыхьхэм иро­кIуэ, фа­щэ­рэ щэнкIэ псоми къахэщу. И Iэда­къэ­щIэкIхэмкIэ гъэ­лъэгъуэныгъэхэм хэтащи, абыхэм я ­гугъу фхуэтщIыну ды­хуейщ. Налшыкрэ Георгиевскрэ ще­кIуэкIа Щоджэн Диа­нэ идахэм щыщ ишащи, абы тыдогъэпсэлъыхь. 

- Дианэ, «Гиза-Моделс» агентствэм и проектым узэрыхэтрэ куэд дэкIакъым. Абы и гугъу къытхуэщIыт, дауэ екIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэр?
- Жэпуэгъуэм и 25-м Георгиевск къалэм щекIуэкIащ дэрбзэр 26-рэ зыхэта фа­щэ гъэлъэгъуэныгъэ. ЕсэнтIыгу, Псы­хуабэ, Черкесск, Грознэ, Ставро­поль, Владикавказ къикIахэр хэтащ, сэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэ­кIыу са­хыхьащ. Iуэхур къызэзыгъэпэща­хэм я му­рад нэхъыщхьэт дэрбзэр зэчиифIэхэр зэ­рагъэцIыхуну, зыр адрейм и лэжьыгъэхэм щагъэгъуэзэну, зэрагъэпсэлъэну, зэрагъэчэнджэщыну. Дэтхэнэ дэрбзэ­рым и дежкIи ар IэмалыфIу къызолъытэ и зэфIэкIыр къипщы­тэжы­ным теухуауэ. 
Зи гугъу тщIы гъэлъэгъуэныгъэр зэре­кIуэ­кIынум и хъыбарыр интернет напэкIуэцIхэм къыщыслъэгъуат сэ езыр сызэлэжь коллекцэр хьэзыр щыхъу ды­дэм ирихьэлIэу. Арати, абы сыхэтын ­хуейуэ, ар зы лъэбакъуэ дахэ схуэхъуну си гум жиIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм сахуэтхэри, егъэлеяуэ къысщыгуфIы­кIащ, Налшык щыщ я Iуэхум зэрыхэтынур я гуапэу. Гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэзыгъэпэщахэр урыст езыхэр. Си фэилъ­хьэгъуэхэр яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхьащ, гъэлъэгъуэныгъэ махуэм, щатIэгъащ, гъуджэм бгъэдэтащ, «фащэхэр щыттIагъэри, фи щэнхабзэ да­хащэм ифI къыдэкIа хуэдэу, ди псэр ­дахагъэ зэрымыщIэ гуэрым игъэнщIауэ зы­хэтщIащ» жаIащ. А махуэм сэри ­утыкум сыкъихьэнут - си фащэхэр зы­щыгъ пщащэхэм фIыщIэ тхылъхэмрэ статуэткэхэмрэ естынут, сыкъэпсэлъэнут. Адыгэ фащэ щыстIэгъащ. Iуэхур ще­кIуэкIым гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну къэкIуахэм ящыщ зы пщащэ цIыкIу, илъэс зыхыбл хъууэ къыщIэкIынут, къызбгъэдыхьэри сызэпиплъыхьащ, си бгырыпхым, бгъэIулъым къеIусащ, «Сыту дахащэ адыгэхэм фи фащэр!» - жи­Iащ, и гур зэрыхъуэпсар и сабиинэ ­къабзэхэм щIэплъагъуэу. Мис а Iуэху­гъуэ­хэм сэ нэхъри сагъэпIейтеящ, ди фащэр лъэпкъ щэнхабзэм и зы къэIуэ­тэ­кIэ лъэщу зэрыщытым сыщыгуфIы­кIыу.
- ЕтIуанэуи уи фащэхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэ къыкIэлъыкIуащ. Налшык ще­кIуэ­кIа Iуэхуми ухэтащ. Фэилъхьэ­гъуэ­хэр бдыным дапхуэдиз зэман те­кIуэда?  
- ЩэкIуэгъуэм и 22-м Налшык, щIалэгъуалэм я унэм гъэлъэгъуэныгъэ дахэ къыщызэригъэпэщащ «Школа моделей RT» IуэхущIапIэр зей ЛъыщIэж Розаннэ. Абы си гур утIыпщауэ, нэхъ сыгушхуауэ сыхэтащ, си унэ сыщыIэж хуэдэти. Мазищ-плIыкIэ селэжьащ ­пщащэхэр утыкум къызэрихьа си фэилъхьэгъуэхэм. Зыкъом щIауэ згъафIэрт зы гупсысэ - фэилъхьэгъуэ коллекцэ згъэ­хьэзырыну сыхуейт. Арати, Iуэху сщIыри, гугъу зезгъэхьащ, си лэжьыгъэр цIыхухэм я гум дыхьащ. ИкъукIэ дахэу екIуэкIащ фэщэхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэр. Абы траха нэтыныр къы­щагъэлъэгъуэнущ Luxury HDTV теле­каналым - абы цIыху мелуан 40 хуэдиз йоплъ. Мыри жысIэнут: пщащэхэм ­ящыгъа фэилъхьэгъуэхэр пасэрей фащэм и щытыкIэ дыдэм хуэдэу сщIакъым, атIэ си гупсысэ хэлъу къэзгъэщIэрэщIащ. Нэхъыбэу арауэ къыс­фIощI ахэр цIыхухэм ягу щIыдыхьар, щIэупщIэ щIиIэр. 
- Уи фэилъхьэгъуэхэм теухуауэ узы­хэта мы IуэхугъуитIым къуата гуры­щIэхэр сыт хуэдэ?
- Зым и ужьым адрейр къиту сызыхэ­-та IуэхугъуитIым си гур хагъэхъуащ. Иджы­ри зэ си фIэщ хъуащ гугъу узы­дехь лэжьыгъэм къуит гуфIэгъуэр хуабжьу зэрыиныр. Пэжым ухуеймэ, къаруущIи къысхыхьа хуэдэщ, сыдэну сы­хуейщи, си гум щызызогъэзахуэ, си нэгу­ми щIэтыгъэххэщ иджы згъэ­хь­э­зы­рыну фащэхэм я теплъэр. Ди фащэхэр дунейм тет цIыху куэд къыщехъуапсэ­кIэ, ар щыттIэгъа нэужь, дэ лъэпкъ дыкъызыхэкIам къы­де­кIуэкIа зы къару лъэщ гуэр къыщытхыхьэкIэ, афIэкIа хэмытуи абы насы­пыфIэ дыщи­щIыфI­кIэ, дэ лъэпкъ дахэрэ уардэу дыщыIэн хуейщ, иджырей дунейм дэ гуапагъэрэ хуабагъэрэ хэтлъ­хьэу. Абы щыщ зы мащIэ тхузэфIэкIыу къызолъытэ. 
- Адыгэ фащэм бзылъхугъэм и щэ­ным дахагъэ хелъхьэ… Фащэм къалэн гуэри къызэрыпщищIыр гурыIуэ­гъуэщ­. А къалэныр уэ дауэ къэбгъэ­лъэгъуэнт?
- Адыгэ фащэр щызытIэгъам и нэгур моуэ нэхъ нэхутхьэху зэрыхъум, абы и плIэм зэрызиухуэм, и Iэпкълъэпкъыр псын­щIэ зэрыхъум, и плъэкIэм гъащIэ ­зэ­ры­хэплъагъуэм гу лъыптагъэххэ?! Фа­щэ зыщыгъ адыгэ бзылъхугъэр зэ­кIужщ, Iэдэбщ, нэмысыфIэщ. «Фащэр зэкIужщи, зэкIужыр фащэщ», - жиIащ пасэрейм. 

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: