Куэд дыдэм щыгъуазэ щIэныгъэлIт

Еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, кавказ филологиемрэ этнокультурологиемкIэ IэщIагъэлI нэс, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэ-ныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур Мыхьэмэт и къуэм лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдэщ.
Нало Заур 1928 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 14 ныбжьым иту лэжьэн щыщIидзащ Старэ Урыху къуажэм и «Шэкэр» колхозым. 1952 гъэм Къэбэрдей къэрал педагогическэ институтыр къиуха иужь, зэфIэкI зиIэ щIалэщIэр ирагъэблэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм. 1954 гъэм къыщыщIидзэри, псэуху ар щылэжьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. 
Зи гъащIэр щIэныгъэм пызыщIа Налор абы хуэпэжу къэгъуэгурыкIуащ. Ди къэралым, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа конференцхэм хуигъэхьэзыра щIэныгъэ, литературэ-критикэ, публицистикэ тхыгъэ 200-м щIигъу иIэщ. Абыхэм яхэтщ адыгэ филологиемрэ щэнхабзэм и тхыдэмрэ ехьэлIа монографие лэжьыгъэу, тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъу 7.
Налом унафэм щIэту дунейм къытехьащ «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм и очеркхэр», томищ хъууэ «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ», «Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр» тхылъхэр. Апхуэдэу абы игъэхьэзыращ икIи къыдигъэкIащ «Бахъсэней узэщIакIуэхэм я щэнгъасэ» тхылъыр, КIуащ БетIалрэ Елбэд Хьэсэнрэ я лэжьыгъэхэр, Нало Жансэхъу, Къылышбий Исмэхьил сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.
Налом зэхуихьэсыжащ, зэригъэзэхуэжащ икIи зэхилъхьащ «Къэбэрдей поэзием я антологиер», «Адыгэ литературэ пасэм и антологиер». Ар яхэтащ IуэрыIуатэр зэхуахьэсыжу адыгэ щIыналъэхэм щылэжьа щIэныгъэлI гупхэм. Абы итхыжащ цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэ хъыбар куэд. Ахэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ архивым и фонд лъапIэ хъуащ. Къэбэрдей сабий литературэм и антологиер гъэхьэзырын икIи къыдэгъэкIын, адыгэ таурыхъхэр литературэ пщалъэм игъэзэгъэн, дунейм щыпсэу лъэпкъхэм я таурыхъ нэхъыфIхэу щэ адыгэбзэкIэ зэдзэкIын я лъэныкъуэкIэ Налом зэфIигъэкIам и мыхьэнэр зыхуэдизыр къып-хуэлъытэнукъым.
Заур и лэжьыгъэхэм ноби уагъэлъагъу ахэр IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI, куэд дыдэм щыгъуазэ щIэныгъэлIым зэриIэдакъэщIэкIыр. IуэрыIуатэм, джэгуакIуэ цIыхубэ гъуазджэм, мифологием, тхыдэм, тхыбзэ литературэм, иджырей литературэ зыужьыныгъэм триухуа тхылъхэр нобэрей кавказ щIэныгъэм и лъагапIэхэм ящыщ зыуэ щытщ. Абыхэм Налом щIэныгъэм и дунейм цIэрыIуэ щащIащ, шэч гуэри зыхэмылъ пщIэшхуи къыпэкIуащ.
Лъэпкъ щэнхабзэм и дежкIэ и мыхьэнэр нэхъ цIыкIукъым абы и литературэ лэжьыгъэми. Нало Заур и усэ тхылъхэр къэбэрдей классикэм и гъэтIылъыгъэ хъуащ. Ахэр адыгэхэм я тхыбзэ гъуазджэм и щапхъэ телъыджэу къалъытэу школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щадж. Новеллэхэр щызэхуэхьэса «Къру закъуэ» тхылъыр дунейм къызэрытехьэу, къэбэрдей литературэм и зыужьыныгъэм и зы лъэхъэнэ хъуащ. ЩIэныгъэлIым къигупсыса образхэм философие купщIэ ин яIэщ, и бзэр адыгэбзэм и фIыпIэщ.
ЩIэныгъэ куу дыдэ зыбгъэдэлъ Нало Заур IуэрыIуатэм хуэлажьэ еджагъэшхуэхэм, литературэджхэм я щIэблэ игъэсащ. Ар лъэпкъ IуэрыIуатэр зэрыбджын хуей щIыкIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа цIыхущ. Абы гулъытэшхуэ хуищIырт егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха Iуэхухэм, и Iэдакъэм къыщIэкIащ ищхьэ, курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэджэн хуей щIыкIэм теухуа тхыгъэ зыкъом. 
Налор зи хэкумрэ лъэпкъымрэ фIыуэ зылъагъу цIыхут, абы щыгъуэми лъэпкъ зэхэгъэж ищIыртэкъым. ЗыхищIэрт лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ я Iуэху зыхуэкIуэнумкIэ, щалъхуа республикэм зиужьынымкIэ жэуаплыныгъэ и пщэ зэрыдэлъыр. Къэралым и зэблэкIыгъуэ зэману щыта 1990 гъэм и пэщIэдзэм ар КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату хахащ, адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэ щIэинымрэ хъумэным и Iуэхум къыщхьэщыжахэм ящыщщ, «Адыгэ хасэ» республикэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ унафэщI хъуащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэфIэзыгъэувахэм яхэтащ. Ерыщагъ зыхэлъу, пэжымрэ захуагъэмрэ хуабжьу щIэбэну, езым и лъэпкъым и сэбэп зыхэлъхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу хуэлажьэу и гъащIэр ирихьэкIащ Нало Заур. Ар зыцIыхуу щытахэм ягу къинэжащ сытым дежи мурадхэр, гупсысэщIэхэр зиIэ, лэжьыгъэм хуэпабгъэ, цIыхугъэшхуэ зыхэлъ щIэныгъэлI щыпкъэу.

 

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: