Налшык къалэм и «Азимут» хьэщIэщым иджыблагъэ щызэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ нэхъ инхэм я лIыкIуэхэмрэ Ираным, Къыргъызстаным, Къэзахъстаным я хьэрычэтыщIэхэмрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэхэм я экспорт зэфIэкIхэм зегъэубгъунымкIэ, бизнес зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэр ирагъэкIуэкIащ «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ар къызэригъэпэщащ КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрым и нэIэ щIэту лажьэ КъБР-м экспортыр дэIыгъынымкIэ и центрым, Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр къыдэIэпыкъуу.
Ди республикэм и IуэхущIапIэ инхэмрэ уней хьэрычэтыщIэхэмрэ, псори зэхэту 25-м, зэIущIэм щагъэлъэгъуащ я продукцэхэмрэ экспорт зэфIэкIхэмрэ зыхуэдэр. Абыхэм яхэтащ «Фрукт-Сити», «Мэй групп», «Налшык-IэфIыкIэ», «Хлебный дар», «Къэрэгъэш шэ завод», «Велес-Агро», «Эльбрус Органик», «Холодагроснаб», «Бахъсэн жыг хадэ», «Ботаник», «Гибрид СК», «Кавказская здравница», «Дзэлыкъуэ кIэртIоф», «Сириус М», «Фрутопьяно», «Кибер Соул», «Истель», «Машукстрой», «Светловодский», «Джи-Эм-Джи», «Олимп» IуэхущIапIэхэр, «Къэбэрдей» крахмал заводыр, хьэрычэтыщIэхэу Къуныжь Теймураз, Сигута Михаил, Апхудэ Аслъэн сымэ.
Бизнес-зэIущIэм къызэрыщыхэщамкIэ, мыпхуэдэ зэхуэсхэм ди IуэхущIапIэхэм Iэмал къарет я хэхъуэр нэхъыбэ ящIыну, продукцэхэр щащэ сату щIыпIэхэм къыхагъэхъуэну, лэжьыгъэ зэпыщIэныгъэхэм зрагъэубгъуну.
Налшык къэкIуа хьэщIэхэм яхэтащ Къыргъызстаным и «Салым Мега», «Демар ЛТД», «Фиеста ЛТД»; Къэзахъстаным и «Olzha Produkt»; Ираным и «Gostar Farnoosh Trade Development» IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр. Мыбыхэм псоми я лэжьыгъэр зыхуэунэтIар ерыскъыхэкIхэр, хадэхэкI-пхъэщхьэмыщхьэхэр розницэу, опту щэн-къэщэхунымрэ ахэр гъэIэпхъуэнымрэщ.
ЗэIущIэм и япэ махуэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ «Налшык-IэфIыкIэ» фабрикэр, щагъэгъуэзащ абы къыщIигъэкI продукцэхэмрэ и лэжьыгъэр зэрызэтриубла щIыкIэмрэ. ЕтIуанэ махуэм ахэр щыIащ «Велес Агро» комплексым. ХьэщIэхэм къалъытащ ялъэгъуа продукцэхэм фIагъ лъагэхэр зэраIэр икIи къадэгуэшащ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэнум ехьэлIауэ яIэ гупсысэхэмкIэ.