ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымрэ хуэунэтIауэ дызэрыт илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ. Къапщтэмэ, автомобиль гъуэгухэм, псори зэхэту километр 85-рэ я кIыхьагъ хъууэ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ, къитащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Апхуэдэуи, лъэс зекIуапIэу яукъуэдиящ псори зэхэту километр 80-м щIигъу, автобус къэувыIэпIэхэм павильон 80 щагъэуващ.
«ЩIыналъэ трассэм щыщу километр 25-м иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ. Абы нэмыщI, республикэ бюджетым къыхэкIа мылъкум и фIыгъэкIэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэм автомобиль гъуэгуу километр 60-м нэблагъэ иджыри къызэщIедгъэубыдащ. Гъуэгу къэхъукъащIэ нэхъыбэу къыщыхъу щIыпIэхэм деж къэухьхэр, дамыгъэхэр щагъэуващ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ. Республикэм и гъуэгухэм зегъэужьыным я зы Iыхьэщ ахэр», - щыжаIащ министерствэм.
КъищынэмыщIауэ, «Т.7» иджырей светофорым хуэдэхэр щIыналъэм жыджэру щагъэув икIи абыхэм ящыщу 95-рэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэм нобэ щолажьэ.
Министерствэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, абыхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ, дызэрыт илъэсым и мазэ II-м къриубыдэу гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм я куэдагъыр процент I5-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ, цIыху хэкIуадэхэм я бжыгъэми Iыхьэ плIанэ хуэдизкIэ кIэрыхуащ.
Мыдрейуэ, лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдащ Александровскэ, Дей, Курп Ищхъэрэ, Ташлы-Тала, Нейтринэ, Сэрмакъ, Каменкэ къуажэхэм, псори зэхэту километр 20-м щIигъу зи кIыхьагъ я уэрамхэр. ЩIыналъэ автомобиль гъуэгухэм хыхьэу апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Терекскэ, Щхьэлыкъуэ, Аргудан, Котляревскэ, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэмрэ Май, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэмрэ я автомобиль гъуэгухэми. Абыхэм псоми зэхэту километр 40-м щIигъу я кIыхьагъщ.
Гъуэгубгъухэм щагъэуващ гъущIым, гъущIымрэ бетонымрэ къыхэщIыкIа пкъохэр, трансформатор подстанцхэр, кронштейнхэр, электрошкафхэр, нэгъуэщIхэри.
Ахэр псори хуэунэтIащ гъуэгум жэщым щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным икIи етIанэгъэ абыхэм пащэнущ, щыжаIащ министерствэм.