Къуажэ уэрамхэр ягъэтэмэмКъэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм я автомобиль гъуэгухэр щыIэ мардэм хуэгъэкIуэным ехьэлIауэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм етIанэгъи пащэнущ икIи, хабзэ зэрыхъуауэ, нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIынур егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, спортымрэ щэнхабзэм пыщIа IуэхущIапIэхэм уахуэзэшэхэрщ. Хабзэ яхуэхъуну мэгугъэ
Iуащхьэмахуэ лъапэ и джабэ нэкIухэм мы гъэм лыжэкIэ къыщажыхьыну щрагъэжьа махуэм, дыгъэгъазэм и 6-м, иращIылIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм турист мини 6,6-рэ кърихьэлIащ. 2024 гъэм щIышылэм и 2-м щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар тIэкIу нэхъ мащIэщ - абы щыгъуэ Iуащхьэмахуэ и джабэ нэкIухэм къыщажыхьащ е я нэгу зыщрагъэужьащ цIыху мини 7,2-м. Унагъуэхэрщ бжыгъэхэр къыдэзыщIейр2025 гъэм и щIышылэм – жэпуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту джэдыкIэу мелуан 31,6-рэ кърахащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 4,4-кIэ ар нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.10.2026 - 14:47 →
Улъыхъуэмэ, къэбгъуэтынущ
05.10.2026 - 16:30 →
Адыгэшыр щагъэбагъуэ «Бибердым»!
05.10.2026 - 15:25 →
Зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ
05.10.2026 - 15:00 →
ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ
05.10.2026 - 12:48 →
Къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэр
| ||




