ПэхуэщIэм и фIыгъэ хэлъщ

Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ дыжьын медаль къыщызыхьа Картоев Калой и щIыхькIэ Ингушым и къалащхьэ Магас иджыблагъэ щекIуэкIа, щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм и гъэсэнхэр. 
Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэу 100-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ икIи ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 11-м. 
Бахъсэндэсхэм ящыщу Даур Амир дыщэ медаль къыщихьащ килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж. Бакъей Имран етIуанэ, Абазэ Алихъан ещанэ хъуахэщ. Иужьрей щIалитIыр щыбанэр килограмм 48-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ. 
БэнакIуэ ныбжьыщIэхэм ядэлажьэр ПщыукI Артуррэ Бэрэгъун Рустамрэщ.
Спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэм «Демографие», 2021 гъэм «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэ хъужам и фIыгъэ куэд хэлъу къелъытэ Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим. Сыту жыпIэмэ, а программэм ипкъ иткIэ «Олимп» физкультурэ-узыншагъэр щагъэбыдэ комплексыр яухуащ икIи спортым зыхуагъэсэну къалэдэсхэм Iэмал нэхъыбэ яIэ хъуащ. 

ЩЭУЕЙ Мысост.
Поделиться: