Къалэным щIрагъэгъу2025 гъэм и мазэ пщыкIузым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым экспортым игъэкIуа и мэкъумэш продукцэм и куэдагъым хэпщIыкIыу хигъэхъуащ, жыпIэнурамэ, илъэс къалэным процент 80-кIэ щIригъэгъуащ.
Ди республикэм нэхъыбэу ираш жылапхъэхэр, IэфIыкIэхэр, фадэр, спиртыр, псыхэкIхэр, нартыху крахмалыр, нэкулъ зэ мылIэужьыгъуэхэр, лыхэкIхэр, хадэхэкI фIэIугъэхэр, Iусыпхъэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ продукцэу хамэ хэкухэм ирагъашэм и процент 83-р мэкъумэшхэкIхэм къыхэщIыкIа ерыскъыщ.
Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыдэлажьэ хамэ къэралхэм я бжыгъэр нобэкIэ 20-м ноблагъэ, тпэгъунэгъу щIыналъэхэри яхэту икIи илъэс къэс абыхэм къахэхъуэ зэпытщ. Абы къегъэлъагъуэ республикэм и мэкъумэш продукцэм щIыпIэ куэдым щIэупщIэ зэрыщиIэр, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
ЖыгыщIэхэмкIэ зэрахъуэкI
Дызэрыт илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэмрэ щыхасащ гектар 1800-м - ар мы гъэм зыхуагъэувыжам хуэдиз мэхъу.
Нэгъабэ абыхэм хухахар гектар 1040-рэщ. Республикэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ псори зэхэту гектар мин 29-м нэблагъэ нобэ щаIыгъщ.
ЖыгыщIэхэр зэрыхасэм къадэкIуэу, щIыналъэм и хадэхэм илъэс 20-м щIигъуа, жьы хъуа жыгыжьхэр щраупщIыкIыж.
Гъавэ бэвым и шэсыпIэщ
Дызэрыт илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм щIыгъэпшэрхэмкIэ зыхуагъэувыжа къалэнхэр къанэ щымыIэу ягъэзэщIащ - мы гъэм зрикъуну тонн мин 47,5-р кърашэлIащ.
Къыхэдгъэщынщи, щIыгъэпшэру щIым халъхьэм и куэдагъымкIэ къэралым щынэхъыфI щIыналъитхум ди республикэр зэпымыууэ хабжэ иужьрей илъэсхэм. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр гъавэ бэвым ар и шэсыпIэщ, жаIэ мэкъумэшыщIэхэм.
Хуэдищым щIигъукIэ нэхъыбэу
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым щэкIуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ джэдкъазу яIыгъар мелуани 4,8-рэ хъуащ, абы щыщу мелуани 2,5-р мэкъумэш IуэхущIапIэхэм ейуэ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хэхъуэу проценти 7,1-рэ абыхэм къагъэлъэгъуащ.
Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм ящыщу джэдкъазу нэхъыбэ зыIыгъыр Прохладнэ районырщ - мелуан 1,45-рэ. ЕтIуанэр Аруан щIыналъэрщ – мелуан 0,542-рэ иIэу. Ещанэр Шэджэм районырщ – мелуан 0,273-рэ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу джэдкъазым я куэдагъым нэхъыбэу хэзыгъэхъуар Аруан щIыналъэрщ: нэгъабэ щэкIуэгъуэм и 1-м щыIа бжыгъэхэм елъытауэ хуэди 3,9-кIэ нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.10.2026 - 14:47 →
Улъыхъуэмэ, къэбгъуэтынущ
05.10.2026 - 16:30 →
Адыгэшыр щагъэбагъуэ «Бибердым»!
05.10.2026 - 15:25 →
Зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ
05.10.2026 - 15:00 →
ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ
05.10.2026 - 12:48 →
Къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэр
| ||




