IУЩАГЪЫШХУЭ ЗЫХЭЛЪ IУЭТЭЖХЭР

Да Винчи Леонардэ хъарзынэу къехъулIэу итхыжащ Iущагъышхуэ зыхэлъ псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ а Iуэтэжхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.
 
Бжей
Зы хадэ гуэрым бжей къыщыкIырт. Илъэс къэси зиужьырт абы - нэхъ ин, нэхъ дахэ хъурт. Пащтыхьыфэ зытет бжейм и пкъы уардэм жьауэшхуэ ищI хъуащ. Ауэ абы нэхъ зиIэтыху, зыгъэпэгэн-зыгъэщIэгъуэн хьэлри нэIуащэу дэплъагъурт. Зыри зримыпэсрэ псоми къахуеплъыхыу,  унафэ зыхэлъ макъкIэ кIиящ ар зэгуэр:
- Iуфх мыбдеж мы дэшхуей теплъаджэр! 
Арати, лажьэ зимыIэ жыгыр и лъабжьэм деж щыпаупщIащ. 
- Мы тутейр схуэшэчыжыркъым! Мыбы и теплъэ фэншэри сужэгъуащ! Си гъунэгъуу щывмыгъэту Iуфх! - аргуэру унафэ ищIащ бжей къынтIэкъынтIэм. 
Тутейми дэшхуейм и махуэр къыхуэкIуащ.
Зыхуэарэзыжу, и къудамэхэр игъэуфафэу, пагагъэ егъэлея зыхэлъ бжей дахэкIейр, зикI, увыIэртэкъым:
- Си хъуреягъкIэ вгъэкъабзэ - Iуфх мы кхъужьеижьхэмрэ мыIэрысеижьхэмрэ! 
А жыгхэри ираупщIыкIри, пхъэгъэсын ящIащ. 
Апхуэдэу увыIэгъуэ зимыIэ бжейм, зым адрейр кIэлъыкIуэу, ихъуреягъкIэ жыгыу иту хъуар и унафэкIэ ирагъэсыкIащ. Иджы абы жыг хадэр езым ей дыдэ хъуащ. Ауэ а жыг хадэм и япэрей дахагъэр иIэжтэкъым, и закъуэу пIийуэ къэнар къэзыухъуреихьыр дакъэжь защIэт. 
Ауэ зэгуэр борэнышхуэ къэхъуащ. ЗыкъызыфIэщIыжа бжейр и къару къызэрихькIэ пэщIэтащ абы, и лъабжьэ-къуэпс лъэщхэмкIэ щIыр быдэу иIыгъыу. Борэныр, къыпэщIэувэн нэгъуэщI жыг хуэмызэу, и закъуэу щыт жыг дахэшхуэм теуэрт, гущIэгъуншэу зэхикъутэу, и къудамэхэр къыгуищIыкIыу, щIым иригухыу. ИкIэм-икIэжым зэхэкъута-зэхэфыщIа бжейр, удын гуащIэхэр хуэмышэчыжу, сенычыпэм хуэдэу, и лъабжьэм деж щыпыщIыкIри, и къудамэхэр зэхикъутэ-зэхигъэщащэу, щIым хьэлъэу къытехуащ. 
 
Жэнэтбзу
Жэнэтбзур, хьэмбылу цIыкIу жьэдэлъу, и абгъуэм бгъэдэлъэтащ, ауэ и шырхэр исыжтэкъым. ЩакIуэ щыIэху, бзаджащIэ гуэрхэм ирадыгъукIат.
Жэнэтбзум, кIийрэ гъыуэ, фIэкIуэда и шырхэм лъыхъуэу щIидзащ. Мэз псор зэщIилъысащ, ауэ и тхьэусыхэ щэIумрэ и джэ макъымрэ жэуап лъэпкъ къыкIэлъыкIуакъым. 
ЕтIуанэ пщэдджыжьым жэнэтбзу тхьэмыщкIэм пцIащхъуэ къыхуэзащ; абы къыжриIэжащ и шырхэр зы мэкъумэшыщIэ унагъуэ гуэрым зэрыщилъэгъуар. 
Жэнэтбзур, гуфIэгъуэм зэщIищтауэ, и къарум къызэрихькIэ къуажэмкIэ лъатэри, пцIащхъуэ хьэлэлым жыхуиIа унэм деж къыщыхутащ. Унащхьэм тетIысхьэри зыкъиплъыхьащ, ауэ и шырхэр къыIэщIэлъэгъуакъым. МэкъумэшыщIэм и хьэмым къелъэтэхри - зы псэ щыдымкъым. И щхьэр къиIэтмэ, щхьэгъубжэ щIыбымкIэ фIэдза гъущI хъарым гу лъитащ; абы и шырхэр гъэру ист. Жэнэтбзум абыхэм я деж зидзащ. 
Я анэр щалъагъум, шырхэм зыжьэу тхьэмыщкIафэу бзэрэбзэн щIадзащ, нэхъ псынщIэу гъэрыпIэм къришыжыну елъэIухэу. Жэнэтбзум, гузэвэгъуэр телъу, и пэмрэ и лъакъуэхэмкIэ лъащэурэ, хъарым и гъущIычхэр зэпэщIигъэкIуэтыну, къарууэ иIэр ирихьэлIащ. Ауэ абы и гугъуехьыр пщIэншэу къыщIэкIащ. Бзу къарукIэ гъущI хъар быдэм сыт пхуещIэнт? Зэрыпэмылъэщынур къыщыгурыIуэжым, ину къыхэгъыкIри, IулъэтыкIыжащ. 
ЕтIуанэ махуэм гуауэм зи щхьэр зэригъэкIуэкIа жэнэтбзум и шыр тхьэмыщкIэхэр гугъу ехьу зэрыс гъущI хъарым деж къигъэзэжащ. Жэнэтбзур гумащIэу куэдрэ еплъащ и шырхэм, иужькIэ мэжалIэхуэлIэу зи жьэхэр ущIауэ щысхэм, гъуэрыгъуэурэ, щабэ дыдэу удзыпэ цIыкIу зырыз яжьэдилъхьащ. 
Къэзылъхуам и пэмкIэ и шырхэм щхъухь гуащIэ зыхэлъ удз къахуихьауэ арати, жэнэтбзу шыр цIыкIухэм псоми зэуэ я лъакъуэ цIыкIухэр яукъуэдиящ…
«УлIэмэ нэхъыфIщ, ущхьэхуимытрэ пщылIыпIэм гугъу ущехь нэхърэ», - гущIыхьэу ар жиIэри, жэнэтбзу пагэр мэзымкIэ лъэтэжащ. 
 
ДжэшнэпцIымрэ шындырхъуомрэ 
Дэгъуэу къызэщIэрыуа джэшнэпцIым и тхьэмпэ щабэ налкъутыфэхэр, дыгъэм пэлыду, лъагэу иIэтащ. Езым и дахагъэм гухэхъуэ къритыжу, ар апхуэдизкIэ пагэ хъуати, адрей и гъунэгъу къэкIыгъэхэр ерагъмыгъуейуэ хуэхьыжу арат. Псом хуэмыдэжу зэгуэзыгъэпыпэр къэмыуIэбжьыжу и гъунэгъу дыдэу щыт жыгыжьым и къудамэ гъуарт, езым зызришэкIарт. 
- Мыдэ къэдаIуэт, тхьэмадэ! - зэгуэр жыгым зыхуигъэзащ джэшнэпцIым. - Сыт уэ ущIэзэрыхьауэ си лъабжьэм ущIыкIэщIэсыр? ЩIыхьыр зищIысыр пщIэну и чэзу мыхъуауэ пIэрэ? Напэ гуэр уиIэн хуейкъэ, си нэхэм ущамылъагъужыным ихьын!
Жыгыжьым, гурбияным жиIар зэхимыха нэпцI зищIри, зыри къыпидзыжакъым, езым и щхьэ егупсысыжу фэ зытригъэуащ. Ар щымыхъум, джэшнэпцIым абдеж ихъуреягъкIэ зэщIэкIэжауэ блыным хуэдэу щыт пыжьейм зыхуигъэзащ:
- Ей, хэтыт уи цIэр, сщыгъупщэжащ, нтIэ… пыжьей! ПсэупIэ къыдитыжкъым, къуэш, мы уи банэжь папцIэхэм – нэр мэпщIыпщI. КъыбгурымыIуэу ара мы уи къудамэхэм нэхур зэрысхущIахъумэр? ЛъэныкъуэкIэ гъазэ уи къудамэхэр!
Ауэ пыжьейм апхуэдэ псалъэхэм жэуап иритыжыну и щхьэ трилъхьэххакъым, зыщхьэдигъэIухри, езым и щхьэ Iуэху зэрихуэу ежьэжащ.
ДыгъафIэм зезыгъэу шындырхъуоужьым хуэмышэчыжу джэшнэпцIым егиящ:
- Сыноплъри, сыту уакъылыншэ дыдэ мыгъуэ уэ, джэшнэпцI-щхьэщытхъур! А жыгыжьым и къудамэ гъуам и фIыщIэкIэ уопсэу, захуэу удокIей, абы зыкIэрыпщIэурэ. Уи щхьэ къимыхьэу ара пыжьейм и банэжь папцIэ жыхуэпIэхэм къыпхуащIэр? Ахэр мыхъуамэ, уэ фэншэжь цIыкIур узыпэмыплъа хьэщIэхэм щIым щыщ узэращIыжрэ куэд щIат!
Къэгубжьа джэшнэпцIыр абы пэрыуэну хэтат, ауэ зыкъызыфIэщIыжам и жьэр зыщIихыну шындырхъуоужьым хунигъэсакъым: 
- Си нэхэм уамылъагъужащэрэт уэ сэбэпыншэжьыр! Убэлыхьу уи фIэщ хъужауэ пщIэншэу лъагапIэхэм ухущIэкъу нэхърэ, уи гъунэгъухэм уадэплъейуэ, акъыл тIэкIу зэбгъэгъуэтамэ нэхъыфIт. 
 
Мывэмрэ гъуэгумрэ 
ЩыIащ-псэуащ зы мывэшхуэ дахэ гуэр. И гъунэгъуу блэж псы цIыкIум абы и джабэхэр, дыгъэр пэлыду, игъэцIууащ. Ауэ, зэман дэкIри, псы цIыкIур гъужри, езы мывэр Iуащхьэ цIыкIум къытенэжащ. Абы ихъуреягъкIэ хъун кIырхэмрэ губгъуэ удз гъэгъа дахэкIейхэмрэ къыщыкIырт. 
Мывэм, къеплъыхмэ, илъагъурт илъабжьэкIэ фIыуэ щIа гъуэгу зэрыблэкIыр, гъуэгубгъухэм мывэ джафэхэмрэ гъуэгум иралъхьэ мывэ къыхэхахэмрэ Iуащхьэ-Iуащхьэурэ зэрыщызэтелъыр. 
И закъуэу зэшу къэна мывэр, зэсэжа псы цIыкIу нэжэгужэм и жьгъыру макъыр зэхэзымыхыжыр, зэхэзекIуэ, Iэуэлъауэ сыт щыгъуи щекIуэкI гъуэгум еплъырей хъуащ. Зэгуэр, зэшым щихьыжыпэм, хуэмышэчыжу къыхэкIиикIащ:
- ИгъащIэкIи си закъуэу сыпсэуну! Удзхэмрэ гъэгъахэмрэ сытым и сэбэп? КуэдкIэ нэхъыфIкъэ икIи губзыгъагъэкъэ гъащIэр къыщибыргъукI гъуэгубгъум уи къуэшхэм урагъусэу ущыпсэуну!
Ар жиIэри, зэсэжа и щысыпIэм къыщыхъейри, псынщIэ дыдэу къеджэрэзэхащ, езым хуэдэ мывэхэм хэлъадэу къэувыIэжыху. 
Дунейм теткъым а гъуэгум иримыкIуэмрэ иримыжэмрэ! ГъущI гупхъэтIэкIу зытегъэлъэда гу шэрхъхэр, шыхэм, жэмхэм, мэлхэм, бжэнхэм я фIалъэхэр, гъущI налхэр зыщIэIулIа шырыкъухэр, гъущI IунэхэмкIэ зыщIэIулIа мэкъумэшыщIэ пхъэ вакъэ быдэхэр…
Мывэр гъуэгу зэрызехьэ-зэрыхьзэрийм хэхуащ, адэкIэ-мыдэкIэ ядзу, зэхаутэу, и джабэм щыщ къыгуауд-къыгуагъэщэщу, ятIэхэр, ятIэпсхэр уэру ираупцIу, къыщыхъуи щыIэт жэм вейм щыщIихъумапи. 
Дэни кIуэжа абы и япэрей дахагъэр! Иджы ар мамыру зытелъа Iуащхьэ цIыкIум нэщхъейуэ дэплъейрт, мэ гуакIуэ къызыпих гъэгъа дахэхэмрэ удз кIырхэмрэ къаухъуреихьу зэрыщытар игу къэкIыжу. Абы зыри къыхуэнэжатэкъым, зэи къэзымыгъэзэжыну махуэ мамырхэм пщIэншэу щIэхъуэпсын фIэкIа. Ауэ сытми жаIэркъым: «ДиIэр - тхуэхъумэркъым, тфIэкIуэдмэ - дытогъэж». 
ЦIыхухэри аращ, къыщалъхуа къуажэ щIыпIэ дахэхэр, щэхухэр емыгупсысу ябгынэ, Iэуэлъауэшхуэ, зэрызехьэшхуэ здэщыIэ къалэхэм къокIуэхэри, асыхьэтуи лъэуджыджэным и хъым еубыд, лъэпощхьэпомрэ гузэвэгъуэмрэ хэмыкIыу, игъащIэкIи зытемыIэбэн хъуэпсапIэхэм щIэкъуу я гъащIэр яхь. 
Поделиться: