Нэхъыбэр Шэрэдж щIыналъэм ейщДызэрыт илъэсым и щIышылэм - щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм мэлылрэ бжэнылу (псэууэ шэчауэ) къыщалэжьащ тонн мини 2,1-м нэблагъэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 30-м щIигъукIэ нэхъыбэщ ар.
Республикэм и щIыналъэхэм ящыщу а бжыгъэхэм нэхъыбэу хэлIыфIыхьар Шэрэдж районырщ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу абы и Iэщыхъуэхэм яхузэфIэкIащ мэлылрэ бжэнылу тонн мин 1,2-рэ къалъэщыну. ЕтIуанэ увыпIэр Бахъсэн щIыналъэм иубыдащ, тонн мин 0,67-рэ иIэу.
Къэдгъэлъагъуэмэ, дызэрыт илъэсым и мазэ 11-м къриубыдэу, республикэм лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) псори зэхэту тонн мин 45,8-рэ къыщалэжьащ, къитащ иджыблагъэ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Поделиться:
Читать также:
05.10.2026 - 16:30 →
Адыгэшыр щагъэбагъуэ «Бибердым»!
05.10.2026 - 15:25 →
Зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ
05.10.2026 - 15:00 →
ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ
05.10.2026 - 12:48 →
Къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэр
05.10.2026 - 12:46 →
ЩIыналъэр ирагъэфIакIуэ
| ||




