ЗэфIэкIыфIхэр къагъэлъагъуэ

«Локодзюдо» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ Iыхьэ куэду зэхэт зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым Налшык къалэм и «Локомотив» спорт клубым и бэнакIуэ ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ, къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм. Зэхьэзэхуэр щекIуэкIар Челябинск къалэрщ. 
Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Джафаров Инал, Къэжэр Самир, Срыкъуэ Ахьмэд, Мисиров Мансур, Къунаш Дамир сымэ. Щокъуий Ренатрэ Шишхов Инверрэ етIуанэ хъуахэщ. Биттиров Эмирхъан, Щоджэн Къаплъэн, ГъущIо Iэдэм сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ. 
Хуламханов Рустамрэ Абазэ Самиррэ етхуанэ увыпIэм къыщыувыIащ. 

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: