Налшык и уэрамхэр къагъэщIэрэщIэжКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «ГъащIэм папщIэ ухуэныгъэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу мы илъэсым зыхуей хуагъэзэжа гъуэгухэр. ЩIыналъэм и УнафэщIым и гъусэу щIыпIэхэм щыIащ республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймуразрэ. Республикэм и къалащхьэм сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу щызэрагъэпэщыжащ Нэгумэм и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Мыбы лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ - псы зэрыкIуэ бжьамийхэр щIэкIэ яхъуэжащ, гъуэгум телъ асфальтыр къагъэщIэрэщIэжащ, унэхэм я пщIантIэхэр, лъэс лъагъуэхэр, гъуэгурыгъуазэхэр, транспорт къэувыIэпIэхэр зыхуей хуагъэзэжащ, уэздыгъэ пкъохэр зэрахъуэкIащ, «Уафэ къабзэ» программэмкIэ кIапсэхэр псори щIы щIагъым щIалъхьащ.
Поделиться:
Читать также:
31.01.2026 - 09:00 →
Электрокъару къэзылэжь IэнатIэм зэрызиужьыр
12.01.2026 - 15:55 →
IэнатIэхэм я Iуэху зыIутым зыщегъэгъуазэ
07.01.2026 - 12:07 →
Зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр
22.11.2025 - 12:52 →
IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщ
22.11.2025 - 11:30 →
IэмалыщIэхэр жану къагъэщхьэпэ
| ||




