Псалъэ бутIыпщар шэ икIам хуэдэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ щIыхь зиIэ я артист ДыщэкI Артур адыгэхэр зэрыс хэгъэгухэм къыщызымыцIыху щыIэжкъым, щIалэр утыку япэу къызэрихьэрэ цIы­хубэм я гум дыхьауэ жыпIэ хъунущ. Зи уэрэд жыIэкIэмрэ макъымрэ зыми хыумыгъэгъуэщэну ДыщэкIыр ящыщщ мы илъэсыр зыхуэфIахэм, ехъулIэныгъэ зиIэхэм. Ахэр къызэщIэткъуэжыну артистыр ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ.
Псом япэу къыхэдгъэщыну дыхуейт иджыблагъэ Налшык щагъэлъэгъуа зы лэжьыгъэ гуапэ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ Кавказ Ищхъэрэм иджы япэу щытраха макъамэ клипырщ зи гугъу тщIыр - «Борись» хэкупсэ уэрэдыр и лъабжьэу. Измайловэ Венерэ и псалъэрэ Карамышев Вильдан и музыкэрэ зы­щIэлъ уэрэдыр зыгъэзащIэр Ды­щэкI Артурщ. Дакъикъищым къы­зэщI­рагъэубыдащ ди хэкум и хъумакIуэхэм я гугъуехьи, гугъи, лIыгъи. Абы зэ­релэжьам дыщегъэгъуазэ Артур:
 
- Ар клип къудейуэ схужыIэнукъым, гуп­сысэшхуэ зыхэлъщ - ди пэжагъымрэ пщIэмрэ хъумэным, ди щIэблэм и къэкIуэнымрэ Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ дыщIэбэныным дыкъыхуе­зыджэщ. Нобэ, зэи хуэмыдэжу, къаруу­фIэу, хэкупсэу, пэжу дунейм дытетын зэрыхуейм и мыхьэнэр нэрылъагъу ­хъуащ. Абы и IуэхукIэ къэралым иджыпсту щекIуэкI лэжьыгъэшхуэм и зы Iы­хьэу къэплъытэ хъунущ мы уэрэдыр. Ар «Звук-М»-м и гъусэу нэгъабэ къыдэзгъэкIащ. ЗэрыжысIауэ, зытеухуар иджыпсту къекIуэкI Iуэхугъуэми хуэпхь хъунут, къищынэмыщIауэ, зигу хэщIа, гунэдж къримыту зы гузэвэгъуэ гуэрым хигъаплъэ дэтхэнэ цIыхуми гугъэ иригъэщIыжу апхуэдэти, си гум къыдыхьэрт. Уэрэдыр згъэзащIэу зэхихри, дзэ Iуэху хэхам и ветеран, гугъуехьыр зищIысыр зи нэгу щIэкIа Шевчук Герман (мы зэманым КъБР-м и Парламентым и депутатщ) зыкъысхуигъэзащ, уэрэдыр СВО-м теухуауэ зэрилъагъур, ар клип тщIыныр зэригуапэр къыхигъэщу. Абдежщ сыщегупсысар ар зауэлIхэм зэрахуэгъэзам, арати, си гуапэу арэзы сыхъуащ. Лэжьыгъэр япэу Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым утыку къыщитхьащ, щIыналъэ депутатхэр, республикэм и Жылагъуэ палатэм и лIыкIуэхэр, творческэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр къекIуэлIауэ. Дызэрыгушхуэнщи, ар къыддаIыгъащ, я гум нэсауэ къысщыхъуащ. 
Дунейм утетыху зыгуэрым ухущIокъу, гъуэгуанэ гуэр къыбокIу: лъагапIэ гуэр унэса иужькIэ, аргуэру лъагъуэщIэ утеувэжу. ЖысIэнуращи, сыт щыгъуи улъэ­пIэстхъэн хуейщ, гъащIэм сыт хуэдэ лъэпощхьэпо ухуимышами. «Борись за жизнь» - уэрэдым и фIэщыгъэми къыбжеIэ ар. ЦIыхум и гъащIэм и нэгу щы­щIэкIым къримыгъэкIуэту, и гурылъхэм зэ­рыхущIэкъуныр, и лъэр щIимыгъэхуныр, зыри и фIэщ щымыхъужми, уа­фэгумкIэ плъэуэ Алыхьыр къызэ­ры­дэIэпыкъуфынур зыщимыгъэгъуп­щэ­ныр - ахэр псори къыхощ мы зы лэжьыгъэм. 
- Артур, мы илъэсым уиIа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр къызэрып­хуа­гъэфэщар. Уи щIыналъэм ущигъэ­лъэпIа махуэм, дакъикъэм сыт хуэдэ гурыщIэхэр зыхэпщIа?
- Сыт хуэдэ IэщIагъэ уиIэми, укъы­зыхэкIа лъэпкъым укъыщилъытэжым, гулъытэ къыщыпхуищIым деж, шэч хэ­мылъу, уи щхьэр лъагэу уегъэлъа­гъуж. Уи лэжьыгъэмрэ гуащIэмрэ зэ­ры­мыпщIэншэр абдеж нэхъ зыхэпщIэ мэхъу. Сэри аращ - си гур нэхъ хэ­хъуауэ, нэхъыбэжым сытегушхуауэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм иджы зэрызеспщытыным сыхущIокъу. Уи жылэжь лIыхъужь ущымыхъуу, дуней псом лIыхъужь ущыхъунукъым жыхуаIэращи, мы гъэм си щхьэр сагъэIэтащ, сропагэ, срогушхуэ. 
- Дыгъэгъазэм и 9-м уи пшыхь екIуэ­кIащ. Абы утезгъэпсэлъыхьыжынут. Арэ­зы укъищIа?
- Узыщытхъужыныр фIыкъым, ауэ и къы­зэгъэпэщыкIэм теухуауэ сызэригугъам нэхърэ нэхъыфI хъуауэ къысщохъу. Къапщтэмэ, абы 2025 гъэм и закъуэкъым къризыщIэскъуэжар. Иужьрей илъэс зытхухым щхьэусыгъуэ зэхуэ­м­ы­дэхэмкIэ сэ пшыхь къызэзгъэпэщатэкъым. Абы къыхэкIыу си уэрэдхэм едэ­Iуэну зыфIэфIхэм я пащхьэ ислъхьэну, яжесIэну сызыхуейр гъэм и кIэм къызэхъулIауэ къысщохъу. «Кабардинка» гуп цIэрыIуэм, «Шагъдий» сабий ансамблым си пшыхьыр къыздаIыгъащ. Апхуэдэуи сыт щыгъуи си чэнджэщэ­гъуу къызбгъурытащ КъБР-м и цIыхубэ артист Лосэн Тимур. Сыт хуэдэ IуэхукIэ си щхьэр езмыхьэлIэми, абы зэи сы­къигъэщIэхъуркъым. Къищынэмы­щIауэ, адыгэ уэрэдыжь зыбжанэм пшы­нэ, гитарэ, нэгъуэщI Iэ­мэп­сы­мэ­хэм я макъамэ щIэту  къызэгъэ­пэ­щыныр схузэзыгъэуIуар Чылар Нэсрэнщ. Икъу­кIэ фIыщIэ яхузощI къыздэIэпы­къуахэм, пшыхьыр схуэзыгъэдахахэм.
- Утыку къипхьа лэжьыгъэщIэхэм ящыщщ псалъэри макъамэри Лосэн Ти­мур итхауэ «Песнь адыга» зи фIэщыгъэ уэрэдыр. Ар, зэрысщIэмкIэ, Адыгэ Республикэм и махуэш­хуэм щыбгъэзэщIащ. Лосэным зэритхымкIэ, абы арэзы техъуат МэшбащIэ Исхьэкъ. Сыт и хъыбар мы уэрэдым?
- Лъэпкъыр дыкъызыхэкIамрэ дызищIысымрэ къызэщIэзыубыдэ зы уэрэд, ар нэгъуэщIхэми къагурыIуэн хуэдэу, сы­щIэхъуэпст згъэзэщIэну. Тимур ап­хуэдэ зы усэ урысыбзэкIэ итхауэ зэ­риIэр сщIэрт. Ар сигу дыхьат занщIэу. Ауэ езмыIуэкIыурэ декIуэкIащ зы зэман. Адыгэ Республикэм мы гъэм кхъуейм теухуауэ къыщызэрагъэпэща зэхы­хьэш­хуэм дыкIуауэ, МэшбащIэ Исхьэкъ ды­хуэзащ. А усэ дыдэм ар къыхуеджэри, дэнэкIи щикъухьа адыгэ лъэпкъым тыгъэ папщIэу уэрэдыр яхуэтщIыну ды­зэ­римурадым щыдгъэгъуэзащ. Нэхъы­жьым занщIэу фIэкъабыл хъуащ, арати, къэдгъэгугъащ Адыгэ Республикэм и махуэр щагъэлъапIэкIэ ар утыку къит­хьэну. ЗэрыжытIауи, ди къуэш республикэм япэу ар щыжысIащ. Уэрэдым и лъабжьэр гуфIэгъуэщ, адыгэу ущыты­ным и мыхьэнэр, адыгэ цIэр зэрызетхьэм ди щхьэр лъагэу зэрыдигъэIэтыр, абы щыгъуэми къыдбгъэдэс лъэпкъхэри зэредмыудыхыр, жагъуэу зэрыдмылъагъур къыхэщу. Мурад зыхуэдгъэувыжар къыдэхъулIауэ къысщохъу.
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, Лосэным и гъу­сэу апхуэдэ лэжьыгъэ дахэ куэд дунейм къытевгъэхьащ. «Нысэгъа­фIэ» уэрэдыщIэри абыхэм язщ. Фы­зэ­­рызэдэлажьэм, фи гъуэгухэр зэ­хуэзышам утезгъэпсэлъыхьынут.
- Ар кIэщIу пхужыIэнкъым, ауэ Тимуррэ сэрэ лэжьыгъэкIэщ зэрыщIэддзар. Зы уэрэд дызэрызэделэжьу, нэры­лъагъу сщыхъуат ди гупсысэхэр зэ­рызэтехуэр. Альбом зэдэттхыну селъэIури, сыкъигъэщIэхъуакъым. Ди япэрей альбомым уэрэд 11 ихуащ, си япэ дыдэ пшыхьыр зытеухуауэ щытар арат. Абыхэм къакIэлъыкIуащ иджыри альбомих хуэдиз - къэдгъэщIэрэщIэжа уэрэ­дыжь­хэри, хэхэсхэм яхъумахэри, дэ езым ­ттхахэри, кIахэ лъэныкъуэмкIэ къитхыу зэманым къедгъэзэгъыжахэри яхэту. Илъэс 13-м нэблэгъауэ дызэдолажьэ, а пIалъэм къриубыдэу къэралибл хуэдизым ди закъуэу драгъэблагъэурэ ­концертхэр щытхуэщIащ. Сэ сыхэтащ Ло­сэн Тимур къызэригъэпэща «Бзэрабзэ» гупми. Лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ­къуэш зэхущытыкIэ ди зэхуаку дэлъ ­хъуащ, унагъуэкIэ дызэкIэлъокIуэ. Си IэщIагъэм щIэгъэкъуэнышхуэ къыщы­с­хуохъури, сыхуэарэзыщ.
- Уэрэдым и къарур къатщтэмэ, цIы­ху­х­эм сыт хуэдэ лъапIэныгъэхэм гу лъебгъэтэфыну абыкIэ?
- Япэ изгъэщыр адыгэ уэрэдхэращ. Си лъэпкъым нэхъ егъэщIылIауэ жысIэмэ, сыхуейщ уэрэдым зэми игъэгумэщIу, зэми и гур игъэхуабэу, зэми и щхьэр лъагэу иригъэIэту, языныкъуэми зыщIигъэгупсысыжу щытыну. ЖысIэнуращи, гупсысэ куу зыхэмылъ сфIэфIкъым. 
- 2025 гъэм апхуэдэ уэрэд куп­щIа­фIэхэр къохъулIауэ къысщохъу. КъыдэбгъэкIахэм ящыщщ: «Голос Победы», «Остановись», «Знаю» жыхуи­Iэхэр. Уи уэ­рэдхэр я купщIэкIэ нэхъ «балигъ» ­хъуауэ къыпщыхъурэ?
- КъеббжэкIахэри иджыблагъэ «Тише» фIэтщауэ къыдэкIари хэкупсэ уэрэдхэщ, гъащIэм ухэзыгъаплъэщ. Уэрэдыр адыгэбзэкIэ жысIэми, урысыбзэкIэ ­утыку къисхьэми, къызэрыхэзгъэщауэ, зыгуэрым уригъэгупсысу, уи гур фIым къыхуигъэушу зэрыщытыпхъэрщ зытесщIыхьыр.
- Ди зэманым уэрэджыIакIуэ IэщIагъэр зыхуэкIуэм утезгъэпсэлъыхьынут. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, ахэр къоунэху. Зы лъэныкъуэкIи фIыуэ къы­щIэ­кIынщ щIалэгъуалэр щэнхабзэм, гъуазджэм зэрыхуэпабгъэр. Ауэ щыхъукIи, езыхэри утыкум хуэмыхьэзыру, ягъэ­защIэ уэрэдри, зэрыпIащIэм къыхэкIыу, купщIэншэу къыщыщIэкI щыIэщ. Уэ ­дауэ уеплърэ абы?
- ЕпIэщIэкIыу яутIыпща уэрэдыр нэхъ щIэхыжуи яIэщIоужагъуэ. Аращи, иджырей уэрэджыIакIуэхэм, щIалэ­гъуалэм яжесIэфынур зыщ: мазэ бжыгъэкIэ бзэгупэм утелърэ цIыхум уащыгъупщэж нэхърэ, зэман куэд дэкIа нэужьи къызыщIэупщIэжын уэрэд птхы­мэ куэдкIэ нэхъыфIщ. ПIащIэгъуэкIэ псалъэ бутIыпщар шэ икIам хуэдэщ. Адыгэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэлъ пхъуантэшхуэ ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнауэ диIэщи, ахэр зэры­тIэ­тынрэ зэрыдгъэбэгъуэнрэщ зиужь дитыпхъэр. 
Уэрэдыр птхын ипэ, пщIэ уегупсысын хуейщ. Сэри срикIуащ а гъуэгум си щIалэгъуэм, ауэ апхуэдэ куэд къытезнакъым, зэрызгъэкIуэдыжынуми сыпы­лъащ сыт щыгъуи. Абы жыжьэ узэрынимыгъэсыныр пасэу къызгурыIуащ. Нобэ псалъэр «IуэнтIауэ», купщIэншэу къэдгъэсэбэпмэ, къыдэкIуэтеину щIэб­лэм ар «адыгэбзэу» къащыхъуныр хэлъщ. 
Сэ си зы мурад ущызгъэгъуэзэнщ. Дызытехьэну илъэсым щIалэгъуалэм садэлэжьэну сыхуейщ, республикэм и дэтхэнэ жылэми дылъэIэсу, уэрэд жыIэным, гъуазджэм дихьэххэр къы­хэтшыным ехьэлIауэ. Ар щIалэгъуалэ центр хуэдэу къызэдгъэпэщынри ­хэ­лъщ, къекIуалIэхэр утыку ихьэфу, зедгъэужьу, гъэм и кIэм фестивалышхуэ къызэдгъэпэщыжу. Сэ сщIэращи, гъуазджэ щыIэн хуейщ. Махуэ къэс дызэгупсыс Iуэхуу щымытми, ар IэмалыфIщ цIыхум и гур къызэщIэбгъэу­шэ­нымкIэ, фIым хуебджэнымкIэ. Зи гугъу сщIы Iуэхур си закъуэкIэ, дауи, зэфIэкIыну къыщIэкIынкъым. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэхэр диIэщи, си жэрдэмыр къысхуагъэдахащи, деплъынщ зэры­хъум. 
- Артур, уэ утыку укъызэрихьэрэ цIыхубэм фIыуэ уалъэгъуащ жысIэмэ, езгъэлейркъым. ЦIыхум зы зэчий гуэр зэрыхэлъыр иджыри щыцIыкIум щыдалъагъу къохъу, псом хуэмыдэу ар гъуазджэм епхамэ. Пасэу апхуэдэ зыгуэр уэ езым зыхэпщIат е къыбдалъэгъуат?
- Си анэшхуэм и куэщIым сису, иджыри тэмэм дыдэу сыземыкIуауэ, ауэ, и жьэр джатэм хуэдэщ, жыхуаIэм ещхьу сыщыпсалъэм, сабий уэрэд цIыкIухэр жысIэрт, нанэ сигъэщIауэ. Апхуэдэуи ди щIыпIэ телевиденэм «Музыкальное поздравление» и нэ­тыным къиту зэ фIэкIа зэхэзмыха уэрэдыр асыхьэту сигу изубыдэрти, жысIэжырт. Уэрэдым седаIуэ къудей мыхъуу, ар зытеухуар, зытепсэлъыхьыр, гъуджэм къищым хуэдэу, IупщIу слъагъурт. Уэрэдым ухыхьауэ уеплъыфу щытын хуейщ, зэхэпхым къищы­нэ­мыщIа. Сигу ирихьын уэрэд зэхэсхамэ, си нэр зэтызопIэри, псори теплъэгъуэ-теплъэгъуэу си нэгу къыщIоувэ, абы сыхешэ. Апхуэдэу уэрэдым си гур ­етауэ сыкъэгъуэгурыкIуащ, иужьым Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым сыщеджащ. ГъэсакIуэфIхэр си­Iащ: КъуийцIыкIу Валерийрэ Батыр Мухьэдинрэ куэд къысхалъхьащ. Ди къэралми хамэ щIыпIэхэми щрагъэкIуэкI мастер-класс куэдым онлайн­уи офлайнуи сфIэфIу сыхэтащ, си IэщIагъэм нэхъри зэрыхэзгъэхъуэным нобэми сыхуопабгъэ. 
- ЩIэблэ дахэ къыпщIэхъуащ, быниплI уиIэщ. Я адэр куэдым къызэрацIыхур, утыкушхуэхэм зэритыр дауэ къащыхъурэ абыхэм?
- Дауи, яфIэгъэщIэгъуэнщ, сэркIэ ­пагэуи гу лъызотэри, сэри абы куэдым сытрегъэгушхуэ. Нэхъ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа щIыхьыцIэм хуэдэхэр е узэрагъэлъапIэ тхылъ гуэр къып­хуагъэфэща нэужь, уи щIэблэм ар ­къищтэрэ зищIысым, сыт щыгъуэ къуа­та жиIэу къоупщIмэ, мис а дамыгъэр къызэрыпхуагъэфэщам и мыхьэнэр абы нэхъ иныж ещI - ар абы еплъынурэ, сэри мис мыпхуэдэу сыхъуну сы­хуейщ жиIэнущ, щапхъэ ухуэхъунущ. Аращ дыщIэлажьэри дызытелажьэри - уи щIыбагъ щIэблэм яхуэщхьэпэн гуэр къыдэбнэн зэрыхуейрщ.
- Сыт хуэдэ хабзэхэр фи унагъуэм илъ? 
- Си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ ядэслъэгъуа зэхущытыкIэр щапхъэ схуэ­хъужауэ жысIэфынущ. Си адэшхуэм унагъуэр зыхуейр кърихьэлIащ, си анэшхуэм ар зэригъэзэхуащ. ЦIыху­хъуми цIыхубзми щхьэж и къалэн ­игъэзэщIащ. Сэ сызыдапIыкIа лъапсэм илъэсипщI сыщыхъуам щегъэжьауэ си анэшхуэм и пэш сыщIыхьамэ, зэрыс ­гъуэлъыпIэм зыкъытриIэтыкIыу е къэ­тэджу щытащ, цIыхухъущ, жиIэу пщIэ къысхуищIу. Сэ сыхуэтIысыртэкъыми «хьэуэ, утIысын хуейщ» жиIэти, езыр лъэныкъуэкIэ кIуэрт. Сэри си унагъуэм цIыхухъум и пщэ дэлъыр зэфIигъэкIыу, цIыхубзым къытехуэр ищIэу апхуэдэущ зэрыщытыр. Абы утетмэ, пщIэ-нэмыс уи зэхуаку дэлъынущ.
- Упсэу, Артур, укъызэрытхуеблэ­гъам папщIэ. ЕхъулIэныгъэщIэхэр уиIэну, уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ.
Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: