Къэхьэуэм къыхэкIа хъуаскIэ

ЩIыналъэм и щытыкIэр къэпщIэну ухуеймэ, ихъуреягъкIэ зыплъыхь. Пщэдей Хэкум щыпсэуну щIалэгъуалэм я гуращэхэр къы­щалъхуа щIыпIэм ирапхмэ, абы насыпыфIэ зэ­ры­­щыхъунум шэч къытрамыхьэмэ, псори дэгъуэщ, ущIэгузэвэн щыIэкъым.
 
Ди щIыпIэм лэжьапIэ щу­мыгъуэтыну, бей ущымыхъуфыну, уи унагъуэр щып­хуэ­мыпIыжыну жызыIэхэр куэд мэхъу. Къыщалъхуа Хэкур цIыхушхуэ хъунымкIэ зэ­ран зыхуэхъухэм я сурэт щIэ­ращIэхэм интернетыр къакъутэ, ауэ щыхъукIэ, я на­сыпыр я щхьэ Iуэху зэры­дэ­кIым деж щеух. Хуэмыхур абыхэм ехъуэпсэху, жы­джэрхэм пщIэ хъуну Iэмалхэр зэпалъытри, хэкIыпIэ ­къагъуэт. Кавказым и мы­закъуэу, Урысейм и къалэшхуэ зыбжанэм щолажьэ япэ лъэбакъуэр Налшык щы­зыча, «Баланс-кофе» фIэ­­­щыгъэмкIэ яцIыху къэ­хьэуэ (кофе) ефапIэхэр. Ахэр зей Муртазалиев Къурбан, къы­зэрыщIэкIымкIэ, ди щIы­­на­лъэм щыщщ, и хэщIапIэу къигъэлъагъуэр «Звездный» жылагъуэрщ. 2019 гъэм Налшык «Культура» зы­­фIища кофе хэщIапIэр къызэрыщызэIуихрэ дэкIа зэманым, абы и «тIолъ­хуэ­ныкъуэхэр» къыщыунэхуащ гъунэгъу республикэхэми, Урысейм и къалэшхуэхэми. 2027 гъэ пщIондэ «Баланс-кофе»-м зыщиубгъуну и ­мурадщ Екатеринбург, Краснодар, Мэхъэчкъалэ, Мейкъуапэ, Кисловодск, Чер­кесск, Сочэ и Iэгъуэблагъэм ит Красная Полянэ зыгъэпсэхупIэхэм, Архъыз, Iуащ­хьэмахуэ лъапэ, Къэзан, Новгород Ищхъэрэм. 
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, Муртазалиевым и Iуэху докI, лэжьапIэ мини 2-м щIигъу къызэIуихыфыну мэгугъэ. Налшык абы и «кофе хэп­лъы­хьар» щагъэхьэзыр шхапIэ 14 щолажьэ, Владикавказ - 3 дэтщ, Ставрополь - 1, Дон-Iус-Ростов - 3, Сочэ - 2, Самарэ - 1. 
Муртазалиевыр и Iуэху зехьэкIэм тепсэлъыхьыжрэ пэт, псалъэ гуэрхэр бэлэ­рыгъауэ IэщIэкIащ зымахуэ. Езым зыщиузэщIа          Налшыкрэ зыщиубгъуну и мурад Владикавказрэ щы­зэригъапщэм, Къурбан зэ­ры­мы­щIэкIэ къыжьэдэхуащ езым и кофе ефапIэхэр Влади­кавказ къыщы­зэIуахын ипэ, абы уэрамым къыщрагъэж кофе фIэкIа щымыIа хуэдэу. Арати, сыт щыгъуи зэкъуэту утыкум къи­хьэ осетин блогерхэм щIа­лэм зрагъэ­цIыхужын къа­­лэныр я пщэ далъ­хьэж­ри, узэхъурджэуэнумэ, къеб­лагъэ. Жьы къепщар ужьы­хыжынти зэфIэ­кIат, Налшык щыщ щIалэм ады­гэ­хэмрэ осетинхэмрэ я зэхуакум мафIэ хъуаскIэ дидза хуэдэу мыхъуамэ. Налшык къэхьэуэмрэ осетин дэлэнхэмрэ я зэдауэр ­гуащIащэ щыхъум, губ­зыгъэ­хэри кIуэ­дыжатэкъыми, Кавказым и зэкъуэты­ныгъэр зэрынэ­хъапэр, ­Мурта­залиевыр Налшык щы­лажьэ щхьэкIэ, езыр Да­гъыстэным зэ­рыщыщыр, Къэбэрдей- Балъкъэрымрэ Осетиемрэ я зэхуакум ар ­къаугъэ къэ­гъэхъеипIэу щIы­дэлъын щхьэусыгъуэ зэ­ры­щымыIэр жаIэри, зэт­рауIэ­фIэ­жащ. 
«Дэ дунейр фIы и лъэныкъуэкIэ дохъуэж», - жиIэу дэп­сэлъея «Баланс-кофе» IуэхущIапIэм и унафэщIым жиIахэр сэри згъэщIэгъуащ, - итхащ блогер Пухаев Алик. - Аращи, фIы дыдэу къыз­гуроIуэ ар зэхэзыхахэр а­­фIэкIа «Баланс»-м щIы­щIэ­мы­хьэжынур. Ауэ мы Iуэхум хэпсэлъыхьхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыхуэдзэ­лашхэр си жа­гъуэ мэхъу. Япэрауэ, мы кофе ефапIэ гупыр зейр дагъыстэн ­щIалэщ. ЕтIуанэ­рауэ, республикэри абы щыпсэу цIыхубэри бгъэ­къуэншэным фIым ухуишэнукъым. Кавказым щыщ дэтхэнэ зыми ещхьу, сэри Къэбэрдей-Балъ­къэрми ­Дагъыстэнми ныбжьэгъу щызикуэдщ, а псоми Осетиер фIы дыдэу ялъагъу, абыхэми я гуапэ хъуакъым къэпсэлъам жиIахэр. Осетием ахъшэ щагъэлэжьэну тфIэфIмэ, ап­хуэдэ гуэрхэр дигу тедмы­гъахуэу хъуну къыщIэкIынкъым». 

Поделиться: