Анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ хъумэным хуэгъэпсауэ «Адыгэ дуней» жылагъуэ фондым илъэситху ипэкIэ къызэригъэпэща «Сыринэ» адыгэ ныбжьыщIэ театрым ехъулIэныгъэфIхэр иIэщ. Абы щыджэгу ныбжьыщIэхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъагъуэ, утыку итыкIэм деж щегъэжьауэ лъэпкъыбзэр зэрагъэбзэрабзэм деж щыщIэкIыжу. Гупым утыку кърихьэ лэжьыгъэхэм цIыхухэр яфIэфIу йоплъ.
- Япэу гупыр щызэхэтшэм ныбжьыщIэхэм нэхъ яхуэгъэза, зи гъэсэныгъэр иджыри мыпсыхьыпахэм щIэгъэкъуэн яхуэхъун хуэдэу къызэдгъэпэщу арат, - къыджиIащ театрым и унафэщI, КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд. - Япэу дызыIууар щIалэгъуалэм яхуэгъэза пьесэ дызэримыIэрщ. АбыкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Абы тхуитх пьесэхэмкIэ спектакль тхуигъэувыну Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым абы щыгъуэ щылэжьа Къанкъул Ислъам дыщелъэIум, дигъэщIэхъуакъым, нобэми ныбжьыщIэхэм аращ ядэлажьэр. Театру къежьа гупыр зэман дэкIри студие тщIащ, утыку итыкIэм зэрыхуеджамкIэ щыхьэт тхылъхэр ядот иджы.
Iуэхум гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыхухэр и щIэгъэкъуэнщ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и «Сыринэ» ныбжьыщIэ театрым. Ар фондым и унафэщI ХьэцIыкIу Рае, гупым и унафэщI Гугъуэтыж Артур, мылъкукIи, IуэхукIи, чэнджэщкIи гупыр къызэзыгъэпэщ Шыкъ Гупсэ, Хасащхьэм хэт Аскэр Атилэ, режиссёр Къанкъул Ислъам сымэщ, нэгъуэщIхэри.
ИлъэситIкIэ щеджэу, «Адыгэ дунейм» и мыхъурыр зытелъ дэфтэрыр ирата иужь, гупым хэкIыжыну хуитщ дэтхэнэри, апхуэдэущ зэрыщытын хуейри. Ауэ театрыр щызэхэша япэ махуэм къыщыщIэдзауэ зигу пымыкIыу абы хэтхэр яIэщ – ар узыщыгуфIыкI хъунщ.
- Япэ дыдэу «Сыринэм» игъэуващ Заринэ и «Унащхьэ» спектаклыр, абы къыкIэлъыкIуащ «МафIэгу», «КъежэкI» жыхуиIэхэр. ЕплIанэр тхуитхащ Аброкъуэ Аслъэн. «Къуажэ» зи фIэщыгъэ ныбжьыщIэ спектаклыр и кIэм нагъэблагъэ, илъэсыщIэм дызэрытехьэу утыку къитхьэну ди мурадщ, - къыджиIащ Ахьмэд. – НэгъуэщI зыгуэрым гупыж ищIрэ итхми, ди гуапэу дыхэплъэнущ, дигу ирихьмэ, къэтщтэнущ.
«Театральная завалинка» урысейпсо фестиваль-зэхьэзэхуэм япэ увыпIэмрэ «Анэдэлъхубзэр зэрахъумэм папщIэ» и дипломымымрэ къыщыхуагъэфэщауэ щытащ театрым. Къыхэгъэщыпхъэщ а зэхьэзэхуэм гупи 150-рэ зэрыхэтар. «Сыринэм» игъэлъэгъуат и лэжьыгъэр зытещIыхьа Заринэ и «КъежэкI» пьесэмкIэ Къанкъул Ислъам игъэува спектаклыр. Илъэс щэщI хъуауэ ирагъэкIуэкI мы зэпеуэм иджы япэу щагъэлъагъуэу арат лъэпкъыбзэкIэ ягъэува лэжьыгъэ.
Мы гъэм «Сыринэр» хэтащ Анкара щекIуэкIа дунейпсо фестивалым. Абы иужькIэ Къайсэр Хасэр къыкIэлъыджэри, абыи махуэ зыбжанэкIэ щыIащ, зыкъыщагъэлъэгъуащ. А къэралым щыпсэу адыгэхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнащ щIалэгъуалэм я театрыр, абыхэм я утыку итыкIэр. Истамбыл Хасэри къеджащ «Сыринэм», зэман гъунэгъум абыи кIуэну я гурылъщ.
«ПщIэншэу зыкъэдгъэлъагъуэ щхьэкIэ, ди пшыхьхэр гукъинэжу зэрыщытым къыхэкIыу, цIыхухэр куэду къокIуалIэ, лъэIукIэ къешэлIэн хуей мыхъуу. Псалъэм и хьэтыркIэ, Дзэлыкъуэ районым щыщ Шордакъ къуажэм драгъэблагъэу дыщыкIуам, тIысыпIэ имыIэжым и закъуэтэкъым, щыту къыдэплъхэри гъунэжт. Апхуэдащ Тэрч, Аруан, нэгъуэщI районхэри», - жеIэ Ахьмэд.
Мазэ зы-тIу ипэкIэ Налшык и Киноконцерт гъэлъэгъуапIэ Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэм и пэшышхуэм «Сыринэр» илъэситху зэрыхъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Абы министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я къулыкъущIэхэри кърагъэблэгъащ, и спектаклхэри щагъэлъэгъуащ, Заринэрэ Ислъамрэ щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Апхуэдэуи ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министерствэм илъэсищ хъуауэ театрым хухех грант. Спектаклхэр пщIэншэу зэрагъэлъагъуэр, мылъку къызэрыхэмыхъуэр къэплъытэмэ, а ахъшэ саугъэтыр куэд и уасэщ театрым и дежкIэ.
Къэрэшей-Шэрджэсым зыкъыщигъэлъэгъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и район псоми щыIахэщ, иджыри къуажэ псоми кIуэну я гугъэщ. Мурадхэм щыщщ Адыгей Республикэм я лъэр нахусыныр. Налшык мазэ къэсыхукIэ зэ зыкъыщагъэлъэгъуэну, Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и пэш цIыкIур ЩэнхабзэмкIэ министерствэм хуит къахуищIауэ щытщ. Илъэс лэжьыгъэр иризыхуащIыжу дызэрыт дыгъэгъазэ мазэм театрым зыкъыщигъэлъэгъуэнущ Искож хьэблэм дэт Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ IуэхущIапIэм.
- Мурадрэ хъуэпсапIэу диIэр куэдщи, къыдэхъулIэну, абы щхьэкIэ дызыхуэныкъуэ псомкIи дызэпэщыну сыхуейщ. Ди лъэныкъуэкIэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым щIэблэр гъуазджэм, дахагъэм дегъэхьэхынымкIэ, анэдэлъхубзэр, къыщалъхуа лъахэр фIыуэ илъагъуу къэгъэтэджынымкIэ, - жеIэ Ахьмэди, афэрым, фигу ифлъхьэ псори къывдэхъуну!