АР-м щIыхь зиIэ и журналист, режиссёр, сценарист Даур Хъусен триха «Пщы Марыхъу» адыгэ тхыдэ-художественнэ фильмыр иджы Мароккэм щагъэлъагъуэ. Ар хагъэхьащ а къэралым щекIуэкIа XIX дунейпсо фестивалым. Хъусен и гъусэу Мароккэм щыIащ актерхэу Къыкъ Iэдэмрэ Даур Батыррэ.
Илъэс зыбжанэ ипэ ди кинотеатрхэм щыIащ, адыгэхэри, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэри дихьэхыу еплъащ зи гугъу тщIы фильмым. Хъусен мурад зэрищIам тету, хамэ къэралыбзэхэмкIэ субтитрхэр тету фильмыр къыдигъэкIащ икIи дунейпсо утыку ирихьащ. И лэжьыгъэр интернетым кърилъхьа нэужь, хамэ къэралыбзэхэмкIэ субтитрхэр трилъхьэ-ну къыщIэлъэIуащ цIыхухэр. Апхуэдэу ар ирагъэблэгъащ Мысырым щрагъэкIуэкIа фестивалым, ауэ абы кIуэфакъым. Мароккэм щыIэну кинофестивалым и IэдакъэщIэкIыр щригъэхьым, ар ирагъэблэгъащ, текIуэдэнухэр езыхэм я пщэм далъхьэжри. Къэбгъэлъагъуэмэ, Мароккэм щекIуэкIа кинофестивалыр адыгэ фильмымкIэ зэхуащIыжащ, ар хуабжьу пщIэшхуэщ Хъусен зэрыжиIэмкIэ. Абы и IэдакъэщIэкIыр зэпеуэм хэтакъым, езыр къэпщытакIуэ гупым ящыщти.
Режиссерым зэрыжиIэмкIэ дунейпсо кинофестивалым щагъэлъэгъуащ Мысырым, Ираным, Къыргъызым, Тыркум, Сауд Хьэрыпым, Тунисым, Франджым, Москварэ Санкт-Петербургрэ щытраха фильмхэр.
- Псоми сфIэгъэщIэгъуэну сеплъащ, фильм лъэщхэр яхэтащ. Тунисым щытраха «Красные дети» жыхуиIэм Гран-прир лъыдгъэсащ. Урысейм щытраха «Группа крови» фильмым увыпIэ гуэр къезгъэхьыну сыхуеящ, ауэ IэIэтыр ирикъуакъым. Си щхьэкIэ, псом нэхърэ нэхъ сигу ирихьар мы зи гугъу сщIаитIращ. Ауэ дэтхэнэми къыхэпхын, къэбгъэсэбэпын хэлът, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр къыщыIэтат. Къапщтэмэ, апхуэдэ кинофестивалхэм укIуэну фIыщ, уи IэщIагъэм, лэжьыгъэм къыщыпхуэсэбэпын куэд къыщыбощIэри. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, къэпщытакIуэ гупым и нэхъыщхьэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэр хуабжьу згъэщIэгъуащ, щапхъи къытесхащ, дызыхуэза режиссерхэм я щIэныгъэкIи зэчийкIи уатхьэкъурт, дэтхэнэми зыщумыгъэнщIу уедаIуэрт.
Хъусен зэрыжиIэмкIэ, езым и фильмым лIыхъужь нэхъыщхьэ хуэхъуа пщы Марыхъу теу-хуа куэд тхыдэм ущрихьэлIэркъым. Абы монографие гуэрым къриджыкIат Марыхъурэ бжьэдыгъупщымрэ зэрызэпэщIэувам теухуа мащIэ тIэкIу. Ар фIэгъэщIэгъуэн хъури, фильмыр триухуащ. ЛIэщIыгъуитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, лIыгъэр, хахуагъэр, щIыхьыр, лIыхъужьыгъэр щытепщэу щыщыта зэманым укъыщегъэхутэ фильмым. Хуабжьу гъэщIэгъуэну зэхэлъщ лIыхъужь нэхъыщхьэм и гъащIэр. «Сыт и гухэлъу щытами сщIэркъым, ауэ, и закъуэу, и пщылIхэр имыгъусэу, и фащэкIи зэрыпщыр закъримыгъащIэу, гъунапкъэхэр щызэпиупщIкIэ, хабзэр къыщызэпиуди щыIэу, зэрыхьэ щIыналъэм и пщым хуэмызэу, Шэрджэсейр къызэхикIухьри, Нэтхъуейм игъэзэжащ. КъуэкIыпIэм пIалъэкIэ щыпсэуа, зи хэкужь къэзыгъэзэжа, зи унагъуэр зыфIэкIуэда, ныбжьэгъуи жэрэгъуи зимыIэж щIалэр зыри хуейкъым, тыншу, гупсэхугъуэ иIэу псэун фIэкIа. Аращ ар шу закъуэу щIежьэри», - жеIэ Хъусен.
Даурыр илъэсиплIкIэ елэжьащ мы проектым. Сценарий тхыным щегъэжьауэ филь-мым и презентацэм щыщIэкIыжу кино техыным елэжь гуп иIакъым, атIэ псори езым къызэригъэпэщыжащ, уеблэмэ зы актёр роли игъэзэщIащ.
- Адыгэхэм щIыхьэху яIэу щытащ, апхуэдэ IэмалкIэ тетхауэ аращ кинор, - жеIэ Хъусен. - Роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа ТIэш Руслан куэдкIэ къыздэIэпыкъуащ. Фильм тесхыну сызэримурадыр къыщищIэм, аращ япэ дыдэу къыспэджэжар. Ахъшэ хэмытуи тхутехынущ, жиIэу сытезыгъэгушхуари аращ.
Кином хэта псоми зыкъысщIагъэкъуащ. ИлъэсиплIкIэ тесхащ, ауэ езы сценариер ипэжкIэ стхын щIэздзат, хэтынухэр гукIэ къэслъыхъуэрт, щIалэхэм сахэплъэрт. Хэтлъхьэн мылъкушхуэ дызэримыIэм къыхэкIыу, тынштэкъым ди Iуэхур. Уеблэмэ плIэ-тхуэ сыкъэувыIэжауэ къыщIэкIынщ. Лэжьыгъэр куэдым къилъахъэрт. Ауэ къезгъэжьар и кIэм нэзмыгъэсыну хуитыныгъэ сиIэтэкъым. Сценариер тхын щыщIэздзам си адэрат япэу зэзгъэлъэгъуар, еджат, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри хилъхьат. Абы иужь куэд дэмыкIыу ар дунейм ехыжащ. Си адэм уэсят къысхуищIат, сыт къэмыхъуами, а фильмыр и кIэм нэзгъэсыну. Дапщэрэ сыкъэувыIэн хуей хъуами, абы и псалъэхэр сигу къэкIыжырти, къару къысхилъхьэжырт, - жеIэ Даурым.
Фильмыр адыгэбзэкIэ зэрытрахам уигу химыгъэхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэуи и фIагъхэм ящыщщ адыгэбзэм и диалект зыбжанэ къызэрыщыIур. Ди анэдэлъхубзэкIэ псалъэ щIалэхэм фильмым и кIыхьагъкIэ Iущагъ куэд жаIэ, хабзэм щыщ Iыхьэхэри ягъэлъагъуэ.
- Сэ адыгэбзэм и диалектхэр хуабжьу сигу ирохь. Дэтхэнэ псэлъэкIэми езым и беягъ, дахагъ иIэжщ. А къэдгъэлъэгъуэжа лъэхъэнэм ущегупсыскIэ, апхуэдэ дыдэу псэлъэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпсалъэу къызэдэгъуэгурыкIуауэ къысщохъу ди адэжьхэр.
Фильмыр техын щIэзмыдзэ щIыкIэ а гупсысэр сигу къэкIащ, лIыхъужьхэм езыхэр къызыхэкIа лIакъуэм и диалекткIэ згъэпсэлъэну. Журналист хуэдэуи жысIэнщи, интервью къызэIысххэр езыхэм я бзэкIэ згъэпсэлъэну сфIэфIщ. СфIэфIым къыщыгъэнауэ, къэбэрдеймэ - къэбэрдей диалекткIэ псэлъэн хуейуэ тызогъэчыныхь. Дахэщ ар. ИкIи ди бзэм и беягъыр къэзыгъэлъагъуэщ.
ЛIыхъужьхэр къыщыхэсхми, абы тесщIыхьащ: бжьэдыгъуу джэгун хуейр бжьэдыгъут, абазэхэр - абазэхэ щIалэт, къэбэрдейр - къэбэрдейт», - жеIэ режиссёрым.
Иджыри зым гу лъытап-хъэщ. Фильмым хэта лIыхъужьхэр актеркъым, атIэ жэрдэм зиIэу Iуэхум къыхыхьа щIалэхэрщ, пщащэхэрщ. ИтIани, абы иригъэкIэкIуакъым кином и фIагъыр. Дэтхэнэми и псалъэр уи фIэщ ищIыфу, и плъэкIэр зыхыуигъащIэу джэгуащ. ДжэгуакIуэтэкъым, джэгун хуэдэу, атIэ цIыху къызэрыгуэкIти, дэтхэнэми ищIэ Iуэхур и гум, и псэм дыхьауэ зэригъэзащIэм актёрхэм къакIэригъэхуркъым. ЛIыхъужьхэр Адыгэ Республикэм къыщацIыху цIыху жыджэрхэщ, жылагъуэ лэжьакIуэхэщ, лъэпкъ Iуэхуу къаIэтым хэт щIалэгъуалэщ, бзэр, хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр хъумэным теухуауэ хузэфIэкI зыщIэщ.
Режиссёрым къехъулIащ XIX лIэщIыгъуэм Адыгэ хэкум иIа теплъэмрэ адыгэхэм я шыфэлIыфэмрэ къигъэлъэгъуэжын. «Захуэр Тхьэм къехъумэ», - аращ фильмым гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышар. Хьэл-щэн зэтеубыда уиIэу, пщIэ къыпхуащIу, пщIам уримыукIытэжрэ уи бынхэр умыгъэукIытэу упсэуныр - аращ кином укъызыхуриджэр.
Фильмым хэтхэм ящыгъхэр «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым и фащэхэрщ, Лъэпкъ музейм къыщIаха фэилъхьэгъуэхэрщ, ауэ лIыхъужь нэхъыщхьэхэм ящыгъхэр езыхэм хуадащ. ЛIыхъужьхэм я Iэщэхэр Твердохлебов Николай и уней гъэтIылъыгъэщ, абы зэхуихьэсахэм щыщщ.
Мароккэм щагъэкIуа махуитхум къриубыдэу куэд зрагъэлъагъуну хунэсащ Адыгейм икIахэм. Ахэр щыIащ «Мароккэ ГоливудкIэ» зэджэ щIыпIэм. Абы зэпыу имыIэу фильм хьэлэмэтхэр щытрах. Рабат къалэм дэт КинематографиемкIэ институтым щыIахэщ. ЖыпIэнуракъэ, ялъэгъуамрэ зэхахамрэ уасэ хуэщIыгъуейуэ Адыгейм къагъэзэжащ ди лъэпкъэгъу щIалэхэм.
- Хамэ къэралхэм ис цIыхухэм нэхъ гъэщIэгъуэныжу ялъагъу дэ дызэсэжа фащэ-хэр, Iэщэхэр, щIыуэпсыр, Адыгэ хабзэр, - жеIэ Хъусен. - КъищынэмыщIауэ, хуабжьу ягъэщIэгъуащ фильмым бюджет зэримыIар, ар щIыхьэхукIэ зэрытесхар. Апхуэдэ IуэхущIэкIэ здэщыIэ зы къэрали бгъуэтынукъым. Езы Мароккэм киностудие зэгъэпэщахэр иIэщ, КинематографиемкIэ институт хъарзынэ щолажьэ. Дэ ди республикэм апхуэдэ Iэмал щыдиIэкъым иджыри. Ауэ абы щхьэкIэ дыкъэмыувыIэу, дылэжьэн, зедгъэужьын хуейщ, - жеIэ режиссерым.