Адыгэ лъэпкъым цIыху гъуэзэджэ куэд къыхэкIащ. Сурэ-тыщI, дохутыр, щIэныгъэлI, спортсмен жыпIэми, дуней псом зи цIэр фIыкIэ щраIуэ бын пажэхэр диIэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Абыхэм ящыщщ и хьэл-щэнрэ зэфIэкIхэмкIэ «иджырей нэрыбгейуэ» къыпщыхъу, Бахъсэн къалэм щыщ, ЦСКА-мрэ Урысейм и гуп къыхэхамрэ я регбист Алий Iэсият.
Спортыр зи псэм щыщ пщащэ цIыкIум и ехъулIэныгъэхэмрэ абыхэм зэрыхуэкIуамрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Курыт еджапIэм щыщIэсым футболым дихьэхащ, иужькIэ тхэквондом зритащ, каратэ киокушинкаймкIэ спортым и мастер хъуащ, ауэ и гъащIэм зыкъыщридзэкIар регбим къытеувыIа нэужьщ. Ар зэрыхъуари мыпхуэдэущ…
Футболымрэ тхэквондомрэ къапыкIыу каратэм нэхъ щытригъащIэм, япэ увыпIэ куэд къихьащ, спортымкIэ мастер хъуащ. Зэгуэр Дагъыстэным зэпеуэ щыIэу и тхьэкIумэм къицырхъат регбим и хъыбар. Абы кIуат регбимкIэ гъэсакIуэ гупи, адыгэ пщащэм кIэлъыплъауэ къыщIэкIащ. Зэпеуэ нэужьым къепсэлъащ, я гупым ирагъэблагъэу. ТхьэмахуэкIэ яхэтащ а джэгукIэм и хабзэхэм щыгъуазэ щащIу, хэзэгъэнрэ хэмыгъэзэгъэнрэ ягъэунэхуу. Тхьэмахуэр зэрызэфIэкIыу, регби джэгу гупым хагъэхьащ, ауэ псори къигъанэри, унэм къэкIуэжащ, арыххэуи кикбоксингымрэ Iэпщэрыбанэмрэ зритащ. АбыхэмкIи ехъулIэныгъэфIхэр зригъэгъуэтауэ, Москва Iэпхъуащ Iэсият. Мис абдеж регбим щыпищэжащ, икIи зэдихьащ, «ЦОП Москомспорт»-м зэгурыIуэныгъэ ирищIылIэху. ИлъэситIкIэ абы хуэлэжьауэ, ЦСКА-м гуагъэхьэ ар. Хъыджэбз зыбжанэ яхэкIыжауэ щытащ абы щыгъуэ, ауэ Iэсият къыхэнащ гупым.
«Сыт ехъулIэныгъэм и щэху нэхъыщхьэр жыпIэмэ, сэ иджыпсту сызыхэт спорт лIэужьыгъуэм и щэхур - гупыр зэрыIыгъынырщ. Щхьэж езым и щхьэ хих хъунукъым. Узэкъуэмытмэ, уи гупым щхьэкIэ «умызауэмэ» зыри къохъулIэнукъым. Ди гъэсакIуэхэр гупым диIэху ухэнэнкIэ Iэмал зимыIэщ, апхуэдизкIэ лъэщщи ахэр!», - жеIэ Iэсият.
2017 - 2019 гъэхэм къриубыдэу Псыхъуэ регбимкIэ тIэунейрэ Европэм и чемпион, 2019 гъэм щIымахуэ регбимкIэ Европэм и чемпион хъуащ Iэсият. РегбимкIэ ЦСКА гупыр 2019 гъэм къызэрагъэпэщат. Абы лъандэри мы гупым щоджэгу хъыджэбзыр. А зэманым къриубыдэу плIэнейрэ урысейпсо зэпеуэ екIуэкIати, плIыри къахьэхуащ. Европэм щекIуэкIа зэпеуэхэм тхуэнейрэ япэ увыпIэр къыщахьащ. Европэ чемпионхэм я кубокыр щагъэджэгум гуп 12 хэтати, а псоми яхэдэжу, джэгуакIуэ нэхъыфI дыдэр къыхагъэщхьэхукI хабзэти, а цIэ лъапIэр Алий Iэсият къыхуагъэфэщащ.
Пщащэм и лъакъуэм фэбжь игъуэтри, операцэ ящIауэ щытати, зэтеувэжыху джэгуакъым - зы джэгу закъуэ блигъэкIащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, илъэс бжыгъэ ихьын хуеящ Iэсият и узыншагъэр зэтеувэжыным. Ауэ мазэ зытхухым зыкъиужьыжри, джэгум пищэжат, гупым хэт хъыджэбзхэми я гъэсакIуэхэми ягъэщIагъуэу. «АпхуэдизкIэ си псэм щыщщ мы джэгу-ри, сысымэджэну зэманым сыщосхь», - жиIащ абы щыгъуэ хъыджэбзым.
Бахъсэн пщащэр пэрыту зыхэт гупым и гъэсакIуэ Алексеенкэ Александр щыхьэт тохъуэ Iэсият спортымкIэ зэрыпсэур, къызэрымыкIуэу зэрыгуащIафIэм, икIи жеIэ ЦСКА-р абы ехъулIэныгъэфIхэмкIэ дяпэкIи зэрыщыгугъыр.
«Iэсият зэрысцIыхурэ илъэсиплI мэхъури, а зэманым къриубыдэу дапщэрэ дыджэгуами, сыт хуэдэ зэпеуэ хэтами, фIы и фIыжу зыкъигъэлъэгъуащ, регбимкIэ Урысейм и гуп щхьэхуэм щоджэгу, ипэжыпIэкIи пэрыту щытын хьэ-лыр къыдалъхуауэ жыджэрщи, гу лъумытэнкIэ, къыхыумыгъэщхьэхукIынкIэ Iэмал имыIэу апхуэдэщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, здынэсамрэ зыIэригъэхьамкIэ и гур мызагъэу, нэхъыфIыж зэрыхъуным пылъщ пщащэр. Быдэу си фIэщ мэхъу Алий Iэсият и фIыщIэкIэ урысей регбир ипэкIэ зэрыкIуэтэнур, иджыри илъэс куэдкIэ а спорт лIэужьыгъуэм зэрыхэтынур. Ущытхъу пэтми мащIэщ», - жеIэ Алексеенкэм.
«Регби спорт лIэужьыгъуэм хэт, абы кIэлъыплъ ди хэкуэгъухэр зэрымащIэм къыхэкIыу, Асият щIалъхуа щIыналъэм и хъыбарыр апхуэдэу щыIуакъым. Арами, УрысеймкIэ фIыуэ къыщацIыху, пщIэшхуэ къыхуащI, щагъэлъапIэ, куэдкIи къыщогугъ ди пщащэм. Ар щеджа курыт еджапIэм щылажьэхэмрэ и Iыхьлыхэмрэ ди напщIэ телъщ Асият и ехъулIэныгъэхэр. Хуэфащэщ абы и сурэтыр тедзауэ, хэгъэрейми хьэщIэми ялъагъуу Бахъсэн дэлъэдапIэм фIэлъыну, и цIэр псоми ящIэну. Лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагъэ цIыхущ Iэсият», - жеIэ Бахъсэн къалэм и 2-нэ курыт еджапIэм и унафэщI Нэгъуей Ахьмэд.