Усыгъэм и дыгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIы­хубэ усакIуэ, КъБАССР-м гъуаз­джэ­хэмкIэ и лэжьакIуэ пашэ, адыгэ лъэпкъ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ЩоджэнцIы­кIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрыхъум теухуа зэIу­щIэ­хэр, пшыхьхэр, гъэлъэгъуэ­ны­гъэхэр ди республикэм и къалэ, къуажэ псоми, мы илъэ­сым къриубыдэу, щекIуэкIащ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, шэч хэмылъу, зи гъащIэр лъэпкъым щхьэузыхь хуэзыщIа усакIуэм и гуащIэм цIыху нэхъыбэ щы­гъуэзэнымкIэ, и фэеплъыр ­хъума хъунымкIэ, щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэ­джы­нымкIэ. 
Бобруйск щыIа концлагерым усакIуэм и псэр щыщита щэкIуэгъуэм и 29-м (илъэс 84-рэ ипэкIэ, 1941 гъэм) ирихьэлIэу ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым утыку къыщрахьащ абы и фэеплъу ягъэува спектаклыр. 
ТIэкIу ипэ дилъадэу жытIэнщи, къэмыгупсыса хъыбархэр, гукъэкIыжхэр зи лъабжьэ спектак­лым махуэ къэс дызыхэт гъащIэм, абы усакIуэм щиубыд увы­пIэм, зэманри дунейри пэмылъэщу гъуазджэм мыхьэнэшхуэ зэ­риIэм урагъэгупсысынущ. Ар блэкIам «уезыгъэпсалъэщ», но­бэрей гъащIэмрэ къэкIуэну зэманымрэ хуэгъэзауэ. Гулъы­тэшхуэ хуащIащ утыкур зэрыубзыхуам: нэхъ мащIэ дыдэу къэбгъэсэбэп хъуну хьэпшыпщ абы иплъагъуэр, актёрхэм я джэгукIэмрэ усыгъэм и къарумрэ гулъытэ нэхъыбэ яхуэпщIыфын ­папщIэми ярейуэ. 
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩоджэнцIыкIу Алий и пхъурылъху ХьэкIуащэ Мадинэ и «Неотосланные письма» пьесэращ «Адыгэ усыгъэм и дыгъэ» спектаклыр къызытращIыкIар. Театреплъым и пащхьэ кърахьа лэжьыгъэ нэщIысам цIыху куэ­дым я гуащIэ хэлъщ. Артистхэм я щыгъынхэр зыдхэм деж щегъэжьауэ утыкум тридзэ нэхумкIэ жэуап зыхьым деж щыщIэкIыжу. Лэжьыгъэм елэжьащ сурэ­тыщI­хэу Дагъыстэн Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Эл Марийрэ щIыхь зиIэ и су­рэтыщI Голодницкий Борисрэ. Пьесэр адыгэбзэм къригъэзэ­гъащ РСФСР-м щIыхь зиIэ, ­КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Жьа­кIэмыхъу КIунэ. Спектаклым и бзэм лейуэ ущIытепсэлъын щы­мыIэу, ар зэрыщIидзэу уи тхьэкIу­мэм къиIуэ адыгэбзэ къабзэм гур егъэпсэху. Режиссёрым и лэ­жьыгъэм занщIэу хыболъэгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман и хъэтI. 
ЛэжьапIэ пэшу зыхуэбгъэ­фэ­щэнум щIэтщ Динэ (пьесэр зытхар уи нэгу къыщIэзыгъэхьэщ Соблыр Дианэ зи роль игъэзащIэр), компьютерым бгъэдыхьэ-бгъэдэкIыурэ кофе къищIыну зегъэхьэзыр. Бжэм къытоуIуэри къы­щIохьэ Нинэ Ираклиевнэ (КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зи­Iэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Балъкъэр Тамарэ). Абы Динэ къыхуихьащ хъыбар и адэшхуэ Алий теухуауэ – и адэм и гъусэу концлагерым ар ­исащ, иужьрейуэ итха усэри ­иIыгъщ. Динэ бзылъхугъэм жреIэ и адэшхуэм и щIэин тIэкIуфэкIу­хэр, я гукъэкIыжхэр щIыгъуу, зэ­ра­Iэр. 
АдэкIэ ди нэгум къыщIохьэ Щэ­джэнцIыкIум и гъащIэ теплъэгъуэхэр: ар Тыркум къызэ­рыщыхутар, еджэурэ лэжьэн ­хуей хъуа ныбжьыщIэм бэлыхьу телъар, ди республикэм и тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыщытам къылъыкъуэкIа цIыхугъэмрэ къалэмыр зыгъэунэху щIалэщIэхэм (КIуащ БетIал и щапхъэкIэ) ар зэрадэIэпыкъуамрэ, лъэпкъым фIы хуэлэ­жьыныр зи хъуэпсапIэу щыта усакIуэр политикэ залымыгъэм хэхуэным зы тIэкIу фIэкIа къы­зэрымынэжатэр, а псом я щIыIужу зауэ мыгъуэжьым езыр хуейуэ кIуэуэ къызэримыгъэзэжар…
Алий хы ФIыцIэ Iуфэм мэ­жэщIалIэу щигъэкIуа зэманым IупщIу уи нэгу къыщIегъэувэ щIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэр, ар зригъэхъулIэн папщIэ, сыт хуэдэ гугъуехьми зэрыпэлъэщынур. 
КIыфIым, пшагъуэм къыхэIу­кIыу зэхыбох Алий и усэхэр, абы къоджэ езыр, зэми щIалэщIэу, зэми нэхъыжьыIуэу (щыщIалэм и ролыр зыгъэзащIэр Хьэщ­хъуэжь Ислъамщ, балигъыр - ­Къардэн Заур). Ахэр уи гущIэм нос, усакIуэм игъэва псори псэкIэ зыхыбощIэ. 
Нало Жансэхъу ягъэтIысауэ зэ­хэзыха и щхьэгъусэр (зыгъэзащIэр ДыщэкI-ХьэхъупащIэ ФатIи­мэщ, нэгъуэщI джэгугъуэм Хурзокъуэ Элинэ хэтынущ) мэгузасэри, Алий жреIэ Къалмыкъ Бе­тIал (зыгъэзащIэр ТIымыжь Владимирщ) и деж кIуэуэ къихъу­мэну елъэIуну. Апхуэдэуи бзылъ­хугъэр мэгугъэ Цагъуэ Нурий къыдэIэпыкъуну. КIуэнущ Алий БетIал и деж, ауэ елъэIун папщIэкъым. И щхьэм зыгуэр зэрыщыхъэр пщIэуэ гупсысалэщ, иужь­кIи IупщI мэхъу зэригъэзэхуар: абы псэупIи псэхупIи къратынукъыми, зэуапIэм кIуэрэ и Хэку ихъумэжмэ нэхъыфIщ, мамыр гъа­щIэм абы зыри зыкIи къы­щыщыгугъыркъым, уеблэмэ хуа­гъэхьэзырыр нэгъуэщI Iуэху шынагъуэщ. Зауэм и «къуагъым» зыкъуи­гъапщ­кIуэу политикэ залымыгъэм пэIэщIэ зищIами, и уна­гъуэр­ нэсу щихъумэфакъым абы. Ар ди нэгу къыщIагъэхьэ Ди­­нэ къызэджэ, Алий хурагъэ­хьыну зыхунэмыса письмохэм. Абыхэм къахощ унагъуэр зэпымыууэ зэрымэжалIэр, Алий и бынхэм я цIэхэр яхъуэжын хуей зэрыхъуар, Бахъсэн Iэпхъуэу зы унагъуэ гуэрым и пкIэунэм пIалъэкIэ зэ­рисахэр, къагъэзэжа иужь, я унэм зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ щIэсу кърихьэлIэжу, абыхэм я ­гъусэу псэун хуей зэрыхъуар, иужь­кIэ ди къэралым и ­къалащхьэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и фIыгъэкIэ, Хэкум папщIэ зи псэр зыта усакIуэм и уна­гъуэм талон къратын зэры­щIадзар, нэгъуэщI куэди. АпхуэдизкIэ гуузу, пэжагъ ин хэлъу абы­хэм къоджэ Дини, плъэ­мы­кIыу уи нэпс кърагъакIуэ, пэ­шым щIэс куэдми я нэгум губ­жьым­рэ гумэщIагъэмрэ зэщIыгъуу иболъагъуэ. 
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къагъэIурыщIэну яужь итами, ныбэрэ фэбжькIэ гугъущэ ирагъэхьами, Алий апхуэдэ напэншагъэ илэжьакъым. Аргуэру яубэрэжьу хьэпсым къыщIадзэжа иужь, къэзыухъуреихьа и ныбжьэгъухэм захуегъазэ тхылъымпIэрэ къэрэндащрэ къагъуэтыну, лъэпкъым къыхуэнэну иужьрей усэр итхынущи. КъыбгурыIуэ зэрыхъунумкIэ, спектаклым и пэм и деж аращ Нинэ Ираклиевнэ Динэ къыхуихьыжыр. 
Зи гугъу тщIа псори наIуэу ди нэгу къыщIагъэуващ зи цIэ къитIуа артистхэм къинэмыщIауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд, Битохъу Миланэ, Щхьэгъэпсэу Рустам, Хьэжмэт Iэдэм, Бейтыгъуэн Жамболэт, Кокэ Имран, ДыщэкI Рауят сымэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и студентхэу (гупу утыкум итахэщ) Быгуэ Тимур, Кашаев Темирлан, Кивалов Ислъам, Чып Тембулэт, Мамышэ Ислъам, МатIу Тембулэт, Тубай Айдэмыр сымэ. 

Сурэтыр  Къарей  Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: