Дыгъэгъазэм и 18-м Налшык къалэ администрацэм и хэщIапIэм щекIуэкIащ «Гуапагъэм и жыг» урысейпсо Iуэхум и зи чэзу зэхыхьэр. Ар къызэригъэпэщащ «Урысей пощтым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм.
Абы хэтащ республикэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ я унафэщIхэр.
«Урысей пощтым» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур зэрыжиIамкIэ, мы Iуэху щхьэпэр илъэси 10 хъуауэ республикэм щрагъэкIуэкI. Апхуэдиз дыдэ мэхъу ар Урысейм и щIыналъэ псоми щегъэкIуэкIын хуейуэ къызэрыхалъхьэрэ. Ар хуэгъэзащ жьы хъуахэм щакIэлъыплъ, сабий зеиншэхэр щапI унэхэм, гулъытэ хуэныкъуэхэм, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я унагъуэхэм, къуажэ библиотекэхэм, нэгъуэщIхэми республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ яIэрыхьэныр къызэгъэпэщыным.
- Мы IуэхумкIэ дэ дахуоупсэ республикэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ фIыуэ зылъагъухэм, ауэ абыхэм Iэ традзэну Iэмал зимыIэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт а къыдэкIыгъуэхэм я редактор нэхъыщхьэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ. Интернетымрэ иужьрей Iэмалхэмрэ зыщаужьа зэманщ дызыхэпсэукIыр. Арами, тхылъ, газет, журнал еджэным и пщIэр ехуэхауэ жыпIэныр щыуагъэщ. Ар щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ щыщщ. Быдэу си фIэщ мэхъу ди щIыналъэм цIыху еджэ куэд зэрыщыпсэур, - жиIащ Вэрокъуэм.
Вольнэ Аул администрацэм и Iэтащхьэ Ажэгъуей Аслъэнбэч къыщыпсэлъам къыхигъэщащ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, ар гъэкIуэтэным теухуауэ «Урысейм и пощтым» дяпэкIи дэлэжьэну зэригуапэр.