ТхакIуэ, усакIуэ, УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт Хьэту Пётр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи усэхэр, рассказхэр, очеркхэр етх. И тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ («Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Литературная газета», «Адыгэ псалъэ» газетхэм) щIэх-щIэхыурэ къытохуэ, радиомрэ телевиденэмкIэ къат. И Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я программэм хыхьэу ирагъэдж. КъищынэмыщIауэ, Налшык, Москва, Санкт-Петербург, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщыдэкI журналхэми традзэ. Апхуэдэхэщ щIэупщIэ зиIэ, сабийхэм яхуэгъэза «Тхьэгъэлэдж» (1993 гъэ), «Гугъэм и кхъухьхэр» (1995 гъэ), «Жьырытэдж» (1998 гъэ), «ПщIыхь плъыфэхэр» (2000 гъэ), «Бжьыхьэ удж» (2005 гъэ), «ПщIащэпыху» (2010 гъэ), «Псэгъэкъабзэ» (2003), «Зауркъан и дыщэ фалъэр» тхылъыр (2016 гъэ).
Илъэс зыбжанэкIэ зэхуихьэсыжа «Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ» тхылъыр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыхуэныкъуэщ икIи абы ихуа тхыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ. Пётр и Iэдакъэ къыщIэкIа усэ зыбжанэ хагъэхьащ усыгъэ щызэхуэхьэса тхылъхэм. И усэхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Куллэ Виктор, Латынин Валерэ, Яропольский Георгий, нэгъуэщIхэми.
ТхакIуэм журналистикэмрэ литературэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «Илъэсым и журналист нэхъыфI» саугъэтыр (1993 гъэ), «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» Iуэхум хыхьэу, «Жьырытэдж» усэ тхылъым папщIэ «Илъэсым и сабий усакIуэ нэхъыфI» саугъэтыр (2002 гъэ).
Хьэтум и усэ-къебжэкIхэр, усэ-къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, гушыIэхэр, ауанхэр, щIагъыбзэхэр, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр къыщыгъэсэбэпа усэхэри и мащIэкъым. Курыт еджапIэхэм я егъэджакIуэхэм я лъэIукIэ, Хьэту Пётр и щIымахуэ усэхэр тыдодзэ.
ЩIЫМАХУЭ УСЭХЭР
ЩIЫМАХУЭЕДЖЭ
Ей, ЩIымахуэ, ди ЩIымахуэ,
Къытхуэупсэ – ухъу тхуэмахуэ!
Уэсыр къабзэрэ щабабзэу
Къытхуегъэс, узэрихабзэу!
Дэ Уэсгуащэ дахэ тщIынущ,
Абы джэгухэр етщIэкIынущ,
Хъуэхъу-уэрэдхэр хужытIэнущ,
Дади нани дгъэгуфIэнущ!
ДИ КХЪУЖЬЕЙР
Ди кхъужьейм гъэ дихати,
И пкъым зигъэпсэхужат.
Бжьыхьэр къэсри, щIыIэ хъуати,
Тхьэмпэри пылъэлъыжат.
Ауэ нобэ – сыт телъыджэ! –
Кхъужьеижьыр нэху къекIащ,
Мо Iумыл зытелъ гъурыджэм
Къуаргъхэр пызу къыпыкIау!
ХЬЭПШЫРЫМ И ТХЬЭУСЫХАФЭ
СеуфэнщIыр уэшхым, уэс къыстосэ,
Сэрей щIыIэжьым сыкIэщIэлъщ…
Сыхэлъщ ныжэбэ къеса уэсым, –
Си дзапэм си псэ тIэкIур фIэлъщ…
Мы пщIантIэм сэ сыкъэзыхьахэр
Нэхушхуэщ, хуабэщ зыщIэс унэр…
Абы къыщIэкIмэ, Iэ къыздалъэ,–
СхуащIын ягу къэкIыркъым хьэунэ!..
ЩIЫМАХУЭР КЪЭСЫПАЩ
Уэсыр къосыр, уэсыр къосыр,
Жыгми унэми ятосэ,
Губгъуи псыхъуи щоджэрэзыр,
ЩIихъумащ ди бгыщхьи мэзи…
Къосыр укхъуэу, къосыр щабэу,
Мы дунейм щIегъэкI и хуабэр,
УвыIакъым зы тхьэмахуэ…
Арти, къэсыпащ щIымахуэр!
ГЪЭРЭ ЩIЫРЭ
Жэщым жьыр къугъащ хьэмыщэу,
Бжэ-щхьэгъубжэм теухьащ…
СыщыщIэкIым нэху зэрыщу,
Дадэ жери: «ЩIыр къихьащ!
ТIэкIу нэхъ хуабэу зыкъэхуапэ,
Хьэнцэр къащти уэсыр тхъу!..»
Сэ ар зыуэ хъуат си гуапи,
СыгуфIэжу жысIащ: «Хъунщ!»
Сэ куэд щIауэ сежьэрт уэсым –
Дадэ Iэжьэ гъэм схуищIат…
Си лъэгуажьэм нэс къысхуэсми,
Iуэхур псынщIэу згъэзэщIащ.
СыщыдэкIым дэсшу Iэжьэр,
Сыту Iейуэ згъэщIэгъуа –
ЦIыкIуми инми ди Iуащхьэжьыр
ХъумпIэцIэджу яуфэбгъуат!
ЩIЫIЭЛIЭХ
Джэду цIыкIум зегъэхуабэ, –
Уэс къесамэ, абы пыкI! –
Махуэ псом кIэрысщ хьэку джабэм,
ЩIыбым ауи пхущIэмыкI.
Гъурнэ-гъурнэм тIэкIу зегъафIэ,
Абы фIэфIыр гъатхэ щIыбщ.
Нобэ ар щIэмышыгъуафIэ,
Бжэр Iупхамэ, иц къолыб.
ЩIэупщIауэ щысщи и кIэр,
Дэнэ ар щыпхущIэкIын!..
Щхьэукъуауэщи, къыхоскIыкIыр, –
Дзыгъуэ ещэу къыщIэкIынщ.
ЩIЫМАХУЭ ШУ
ПщIэгъуалэм тесыр сыт зезыхуэр?
Къэсауэ – куейм зыщейкъуэдий,
Шым и пэм щIыIэуей кърихум
Псы цIыкIухэр мылу егъэдий!..
Уэсукхъуэ джэгур и ужь иту,
Фиижу, хьэблэм къыдыхьащ,
ДыкъыщIэплъыну дыхуимыту,
ЩIымахуэ уае къытхуихьащ!
ЖЭЩ ЩIЫIЭ
ЩIыбым сыкъыщIокIри, –
Сыту щIыIэ! –
Iэгур щIичу,
Бжэкъур къызэпхъуащ.
Дуней псор мэпIэнкIыр,
ЗэщIоцIычэ,
Сытхъум ди кхъужьейр
ЗэщIигъэтхъуащ.
Жьыбгъэ Iэлхэр,
Фийхэу,
Зэподжэжыр…
Аддэ жыжьэу
Бзу макъ къыщыIуащ…
Мазэ ныкъуэм –
КъакIуэри –
И пэплъыр
Уэнжакъ хуабэм,
Месыр,
ИриIуащ.
Ди Хьэмыщэ
КъыщIэмыкI и унэм,
Зишыхьауэ,
Мы жэщ псом мэжей.
И шы Iэжьэм иту,
Папщэ-хъущIэу,
Уэс Дадэжьыр
МэзымкIэ дожей…
УЭС ДАДЭЖЬ
Хэт бгъэдэтыр ди щхьэгъубжэм,
ТхыпхъэщIыпхъэ мыл трищIыхьу,
Шхыдэу къытеуIуэр ди бжэм,
Уаер къыщIихуэн и пщIыхьу?
Ар Уэс Дадэщ, зи гур щIыIэщ,
Къыдыхьауэ пщIантIэм дэтщ,
ГущIэгъу лъэпкъ абы имыIэ,
Псори дигъэщтыну хэтщ!
Дэ абы дыщымышынэ,
Унэ хуабэм дэ дыщIэсщ,
КIущэ Гъурни, схуеуэу пшынэ,
Хуабэ-хуабэу къыскIэщIэсщ.
ЩIЫМАХУЭ ПЩЭДДЖЫЖЬ
Къудащ Рае и фэеплъу
Къепсыхащ ЩIамахуэ
Дыжьыныфэр,
ЩIылъэр уэс чэсейкIэ
ЗэщIибгъащ,
Губгъуи мэзи махуэм
ЕгъэбжьыфIэ,
ЖэщкIэ зэхекIухь
Жылагъуэу хъуар.
КъыщIэкIащ ЩIымахуэр
СурэтыщIу,
Сеплъри ди щхьэгъубжэм –
Ар къэсщIащ.
ТхыпхъэщIыпхъэ абджым
ТрищIыхьыр
Дуней псом и теплъэу
Къыпхыщащ.
ИлъэсыщIэм пежьэу,
КъикIухьами,
Ди жьакIащхъуэ
Дадэр Емыша, –
Iэжьэ зыкъизыхкIэ,
Пщэдджыжьыпэм,
Псей дахащэ тыгъэу
Къытхуишащ.
ДАДЭ И ЩЭХУ
Нобэ псей дахэшхуэ
Дадэ къытхуихьар
Дгъэувынщ Махуэшхуэм,
Ди гум ирихьар.
Сэ соцIыху Уэс Дадэр –
Ар си дадэращ,
Ауэ ар сэ дадэ
ЖезмыIэнуращ…
Псейр ИлъэсыщIэм
Сэ згъэщIэрэщIэнщ, –
Сэ щэху гуэр зэрысщIэр
Зым къезмыгъэщIэн.
Тыгъэ и гъунэжу,
Дадэ къыщIыхьэнщ,
Макъым зригъэхъуэжу,
Хъуэхъухэр къыджиIэнщ.
ИЛЪЭСЫЩIЭ ЖЭЩ
ИлъэсыщIэр къытхуопIащIэ,
КъокIуэ, къокIуэ… Уей, къэсащ!
Ди НыбжьыщIэм иугъащIэ!..
Дэри, мис, дызэхуэсащ!
ПщIантIэр нэхущ, уэсышхуэ къосыр,
Ди куэбжэшхуэр зэIутхащ,
Сыхьэт бжыгъэр и щхьэм носыр,
Уей, ди хьэщIэр къыдыхьащ!..
Ар ди унэм къыщIыхьэнущ,
Ёлкэм вагъуэхэр фIидзэнщ,
Дадэ хъуэхъухэр къыджиIэнущ,
Дэ «Псей цIыкIур» къыхэддзэнщ.
ДУНЕЙ ХУЖЬ
Уэсым щIылъэр зэщIибгъауэ –
Гур хигъахъуэу – уэсчэсейщ,
Жыгхэр пфIощIыр къэгъэгъауэ, –
Уэсбзууплъхэр щыдолъей.
Жьыр кхъужьейм хэгъуэщыхьауэ
ЩещI, фиижу, ислъэмей…
Ди Хьэмыщэ зишыхьауэ,
Гъуэм къиплъыну зикI хуэмей.
Пэжу, щIыIэщ, пэр писыкIыу,
Уэс Дадэжьми зефыщIыж…
Ауэ сфIэфIщи, сыхэмыкIыу,
Дуней хужькIэ зызотIыж.
СОГЪЭЩIАГЪУЭ
«Мы уэс цIыкIухэр хэтми сщIарэт
ТхыпхъэщIыпхъэу хэзыбзыкIыр,
Зэмыщхь защIэ-тэрэфарэу
Iэпэ Iэзэу зи IэрыкIыр?» –
ЖысIэу уэм сыдэплъеяти,
Уэс Дадэжьыр пэм къепхъуащ:
«Псори пщIэуэ си гугъати
Уэ тхылъеджэм… Ин ухъуащ!
Класс етIуанэми укIуащи,
СыпцIыхуну игъуэ хъуащ!..»
Еплъыт, а Дадэжьым жиIэр,
Ар сэ сымыцIыху нэхъей,
ТхыпхъэщIыпхъэхэр зэрищIри
Сэ куэд щIауэ сощIэ, ей!
Ауэ, пэжу, уэс щабабзэр
СогъэщIагъуэ: налъэ къэс
ЦIыху IэпапIэхэм хуэдабзэу,
Зэмыщхь защIэу къытхуегъэс.
ДИ ХАДЭМ
Сыту бзаджэ ЩIыIэ Дадэр!
КъыщекIухьри итщ ди хадэм,
Умылъагъуу Iулъщ нэщыпхъуи,
Дунейм теткъым ар зэмыпхъуэ:
Ди пэр плъыжьу писыкIащ,
Ди нэкIущхьэр трижьыкIащ,
Хадэ псор зэщIегъэцIычэ,
Дыхигъэткъым мы уэсмычым!
КIий къытфIощIыр: «ФикI мы хадэм!
Мыр си лъапсэщ!.. Сы-Уэс Дадэщ!..
Сыпащтыхьщи, Уаеу щыIэм
Сыкъеджэнщи –
фисынщ щIыIэм!..»
Дэ уэсгуащэ щыдощI хадэм,
Къидмыдзэххэ а Уэс Дадэр…
Псэ хэтлъхьэнщи ди Уэсгуащэм,
ПщIэ хуэтщIынщ абы хуэфащэу:
Усэ цIыкIу дыкъыхуеджэнщ,
Джэгу хуэтщIынщ – дыкъыдэфэнщ!
УЭСГУАЩЭ-ХЪУМАКIУЭ
Дадэ пщIантIэм щыхисауэ
Зы псей щхъуантIэ дахэ дэтщ,
Ди мэзщIэсхэр къехъуэпсауэ,
Къощэр – ядыгъуну хэтщ.
Едгъэжьэжу Илъэсыжьыр,
ПщIантIэм Гуащэ дэтщIыхьащ,
Фоч къутауэ зэгуэтыжьыр
Дадэ къихьри кIэрищIащ…
Ар бгъэдэтщи ди псей щхъуантIэм,
ТфIэтелъыджэщ ди Iэужь, –
Мис иджы си Iуэхущ ди пщIантIэм
Къыдыхьэфмэ зы дыгъужь!
УЭСГУАЩЭ
Жьы бгъакъэ щIыкIейхэр
Зэпеуэу мэхъущIэ, –
ЖыгыщIэ хэтсар
ЯудыныщIэ, яфыщI.
Уэс Дадэу жьакIащхъуэм,
ГущIэгъур зымыщIэм,
ЕIуящIэ щыкIахэм
ФIыщIэшхуэ хуимыщI…
Уэс Дадэр шууейуэ
КуэбжэпэмкIэ блэжти,
Къуаншагъэр щилъагъум,
Абы къегъэзэж,
Уэс щабэ къауцыр
И Iэпэ къыпыщу,
И шыгъуэм къопсыхри,
Кхъужьейм къыщхьэщож.
«Уэсгуащэщ!» – жыпIэну,
Жыг цIыкIур ехуапэ, –
И пыIи, и вакъи,
И Iэлъи къауцщ.
Иджы къауц щабэм
Кхъужьейр егъэхуабэ…
Мис, сэри сыгуфIэу
Щхьэгъубжэм сыIусщ.
КЪУАЖЭХЬХЭР
Iуигъэщту щIыIэр, Дадэ Уаем,
Къопхъуэну зищIурэ, мэбзае.
ГъуркI IэплIэ дэ зэхуэтхьэсар,
Дакъикъэ бжыгъэм игъэсащ.
(ЩIымахуэ губгъуэ мафIэ)
* * *
Тхьэгъэлэдж щохьэжэ уафэм,
И кхъузанэм щIегъэпщыж,
Къелъэлъэхым къуакIи тафи
Къимыгъанэу есеиж.
(Уэс)
* * *
ТхыпхъэщIыпхъэ вагъуэ дахэу
Щэхурэ щабэу уафэм къох,
Жьым зэрихьэу ахэр махэщ –
Узэпхъуар уи Iэгу щобзэх.
(Уэс цIыкIу закъуэхэр)
* * *
Гъуэрыгъуэххэу зыр зым тежу,
ЗэкъуэшитIыр къызэдожэ,
Зыщыджэгур ахэр мылщ,
Дыжьыныфэхэщ, масилщ.
(Лъэрыжэхэр)
* * *
Джабэр лъагэщ, уафэм нэсу,
Ар щыдэсшкIэ, сегъэмэх,
Сэ абы сызэрышэсу –
Жьым дытежу дыкъожэх.
(Iэжьэ)
* * *
ЩицIывыгъуэ гъэмахуэкуми
Щхьэримых абы и пыIэр,
И уардагъ-инагъкIэ хэкуми
Къыпэхъун абы щымыIэ.
(Iуащхьэмахуэ)
* * *
А жыгыр мэзым къыщалъхуащ,
Ар мэзым къыщыхъуащ,
ЩIымахуэми гъэмахуэми
ЩхъуантIабзэу ар щытащ.
Иджы гъэщIэрэщIауэ ар
Махуэшхуэм къытхуэкIуащ,
ГуфIэгъуэ мыухыжхэри
Сабийхэм къахуихьащ.
(Псей)