Дыгъэгъазэм и 4-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зэIущIэ. Абы ДАХ-м къыщипщытэжащ 2025 гъэм и иужьрей мазищым къриубыдэу яхузэфIэкIар, адэкIэ тепсэлъыхьащ дызытехьэ илъэсыщIэм зэлэжьыну яубзыхуам.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Сытым дежи хуэдэу, жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Адыгэ республикэхэм, Шапсыгъым, Европэм, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, нэхъыжьхэр.
- Дунейм и зэхэзэрыхьыгъуэмрэ языныкъуэ хамэ щэнхабзэхэр адрейхэм хапщэну щыхущIэкъу лъэхъэнэмрэ дыщопсэури, зэи хуэмыдэжу дызэкъуэтын хуейуэ къысщохъу. Ди бзэр, хабзэр, щэныр тхъумэжын, ди тхыдэр щIэблэм едгъэцIыхун папщIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр къыддэзыIыгъ дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхузощI. Дыщыпсэу урысей къэралыгъуэр сытым дежи лъэпкъыбэу, зэгурыIуэу щытащ. ИкIи зи цIэр лъагэу яIэт урысей лIыхъужьхэм адыгэлI хахуэхэм я цIэр бгъурыту къыщраIуэкIэ уи гур хэмыхъуэу къанэркъым. Апхуэдэу, Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэ къэблэгъам ирихьэлIэу фигу къэзгъэкIыжынут ХьэтIокъущокъуэ Кургъуокъуэ, Къардэн Къубатий, Мэсей Аслъэнджэрий, Байсултанов Алим, Тэмазэ Тимур сымэ я цIэхэр. Апхуэдэ лIыхъужьхэмрэ пхъу хахуэхэмрэ я куэдщ лъэпкъ къэс икIи Урысейр зэрыщыту дропагэ абыхэм. ЛIыгъэмрэ цIыхум и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэмрэщ лъэпкъ зэхэгъэжыр зыгъэкIуэдыр, Урысейм щыпсэу лъэпкъ щэ бжыгъэхэр зэкъуэш зыщIыр, зэкъуэзыгъэувэр. Аращ ди къару нэхъыщхьэри, - жиIащ Сэхъурокъуэм зэIущIэр къыщызэIуихым.
Иджыблагъэ КъБКъУ-м щекIуэкIа зэIущIэм ДАХ-м и унафэщIхэр зэрыхэтам и гугъу ищIащ тхьэмадэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Абхъазым щыщу студент 55-рэ КъБКъУ-м кърагъэблэгъащ икIи ахэр тхьэмахуитIкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щагъэхьэ-щIащ. ИужькIэ ди къуэш лъэпкъым и лIыкIуэхэр хэтащ университетым щызэхаша зэIущIэм. Абы папщIэ Сэхъурокъуэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБКъУ-м и унафэщIымрэ мы Iуэхур зэфIэзыха проректорхэмрэ.
- Дызэрыщыгъуазэщи, ди къуэш абхъазхэмрэ адыгэхэм-рэ зы къуэпсщ дыкъызытехъукIар. А къуэш зэхущытыкIэ дахэр зыгъэбыдэ, къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ, щIэныгъэ куу ябгъэдэзылъхьэ, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзых ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщIхэм фIыщIэ лей яхуэфащэщ, - жиIащ Сэхъурокъуэм, икIи мы Iуэхур къызэзыгъэпэща, абы хэлIыфIыхьа унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ.
ФIыщIэмрэ хъуэхъумрэ зэфIэкIа нэужь, ДАХ-м и тхьэмадэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэмрэ тепсэлъыхьащ 2025 гъэм и фокIадэ-дыгъэгъазэ мазэхэм къриубыдэу зэлэжьам.
- ФокIадэм и 19-м КъБКъУ-м щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща, «Урысеймрэ Тыркумрэ геополити- кэ Iуэхухэм - 2025» етIуанэ дунейпсо зэIущIэр. КъэралыгъуитIым дунейпсо утыкум щаубыд увыпIэм, а тIум я зэхущытыкIэм, абыхэм щыпсэу адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм дыщытепсэлъыхьа зэIущIэм хэтащ Европэм, Тыркум, Абхъазым, Урысейм и щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я пашэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ, СНГ-м я IуэхухэмкIэ, евразие зэпыщIэныгъэхэмрэ хэхэс IуэхухэмкIэ Къэрал Думэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Затулин Константин, Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ УФ-м и министерствэм Минеральные Воды щи-Iэ къудамэм и унафэщI Нюппэ Сергей, УФ-м и цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Гукъинэу екIуэкIащ Адыгэ фащэм и махуэшхуэу Черкесск къалэ щызэхашари. А махуэм къигъэлъэгъуащ тхъумэнрэ ди щхьэр лъагэу щIэтлъагъужынрэ дызэриIэр. «В единстве наша сила» лъэпкъ щэнхабзэхэм я фестивалми хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр. КъищынэмыщIауэ, Владикавказ щекIуэкIа «Мозаика дружбы» зэIущIэм гукъинэу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр. Апхуэдэу, ДАХ-р жыджэру хэтащ Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэмкIэ советым и зэIущIэу щэкIуэгъуэм и 5-м зэхашам, ди лъэпкъэгъу, тхакIуэ, режиссер, макъамэтх Къандур Мухьэдин и фэеплъу Сочэ къалэ иджыблагъэ щекIуэкIа зэхыхьэм. ЩэкIуэгъуэм и 20-м ДАХ-р хэтащ адыгэ усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу ягъэхьэзыра пшыхьым, - жи-Iащ Сэхъурокъуэм.
Тхьэмадэм гу лъитащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам къыхэкIкIэ зэлэжьын зэракуэдынум, икIи абы адыгэ Iуэхур нэхъри гъэкIуэтэным ар сэбэп зэрыхуэхъунум.
Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламентымрэ Шапсыгъ Хасэмрэ 2025 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ ЛIымыщокъуэ Рэмэзанрэ КIэкIыхъу Мэжидрэ.
- Мы гъэм Адыгэ Республикэм, адрей щIыналъэхэми хуэдэу, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Абы къепхат Мейкъуапэ къалэмрэ Адыгэ Республикэмрэ фашистхэм къызэрыIэщIахыжрэ бжыгъэ «хъурей» зэрырикъуари. УФ-м и ЦIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 95-рэ ирикъурти, ари Iэтауэ щагъэлъэпIам ди Хасэр жыджэру хэтащ. Щхьэхуэу Хасэм и закъуэ иригъэкIуэкIащ «Iэнэ хъурей», зэIущIэ зыбжанэхэр. Гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэщ хэхэс адыгэхэм ехьэлIауэ едгъэкIуэкIа лэжьыгъэм: «Адыгэлэнд», «Хабзэ» зыфIэтща Iуэхухэм япкъ иткIэ, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр Адыгэ Республикэм щрахыну къедгъэблэгъащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. КъищынэмыщIауэ, Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр Адыгэ Республикэм и университетым къедгъэблэгъэн, мы лэжьыгъэр зэтедублэн мурадкIэ Анкара дыщыIащ, уна-фэщIхэми дахуэзащ, - жиIащ ЛIымыщокъуэм.
Шапсыгъ Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ абы и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид къэпсэлъа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий абы фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ Къандур Мухьэдин и фэеплъу Сочэ къалэ щекIуэкIа «Тхылъ зэIуха» зэIущIэр къызэгъэпэщыным зэрыхэлIыфIыхьам папщIэ.
Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан къыхигъэщащ щIалэгъуалэм гулъытэ хэха зэрыхуащIыр, я лэжьыгъэм и нэхъыбэр абы зэрытеухуар.
- Ди щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъу, хабзэ яхэлъу, щэнхабзэр яхъумэу къызэрыдгъэтэджыным дыпылъщ мэздэгу адыгэхэр. Быдэу ди фIэщ мэхъу - абыхэм нобэ яхэтлъхьэращ ди пщэдейр зэлъытари. Абы къыхэкIкIэ, адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм щекIуэкI зэIущIэхэм зэи захэдгъэнкъым, абыхэм гупсысэ щхьэпэу къыхэтхар ди щIалэгъуалэм зэрылъэдгъэIэсынми дыхущIокъу, - жиIащ Руслан.
КупщIафIэу къэпсэлъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Ставрополь щыIэ «Адыгэ щэнхабзэ IуэхущIапIэм» и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий сымэ.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм 2026 гъэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ къыщыпсэлъам жиIащ адыгэ щIэныгъэлIхэр илъэс куэдкIэ зэлэжьа, IыхьиплIу зэхэлъ «Адыгэ эпосыр» дунейм къызэрытехьар.
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, «Адыгэ эпосым» и тхылъиплI дунейм къытехьащ. АбыкIэ фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт УФ-м ФедерацэмкIэ и Сове-тым и сенатор, ЩIэныгъэхэм-кIэ Дунейпсо Адыгэ академием и унафэщI Къанокъуэ Арсен. Абы и мылъкукIэщ мы тхылъхэр къызэрыдагъэкIар, - жиIащ Дзэмыхьым.
ДАХ-м и Уставым икъ иткIэ, зэфIигъэкI лэжьыгъэхэмрэ и мылъкур къызэригъэсэбэпымрэ теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ къэпщытакIуэ гупым и тхьэмадэ Теркъул Мухьэмэд.
ЗэIущIэм и кIэм абы хэтахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым.
- Псом япэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI мы зэIущIэм хэта дэтхэнэ зыми. Адыгэ Iуэхур зыгъэкIуатэхэм, ди тхыдэм, щэнхабзэм, бзэм иригузавэхэм хъуэхъуу щыIэм я нэхъыфIымкIэ зыфхузогъа-зэ. Сытым дежи хуэдэу дывигъусэщ, дызэкъуэтщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм IуэхуфIу ирихьэжьэр дэтIыгъыну дыхьэзырщ, - жиIащ къэрал къулыкъущIэм.
ДАХ-м и зэIущэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм теухуауэ унафэ пыухыкIахэр зэдэарэзыуэ къызэдащтащ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.