Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж. Налшык, НыбжьыщIэхэм я теат­рым (ТЮЗ-м) щекIуэкIащ «Iуданэ» зыфIаща щыгъын гъэлъагъуэ пшыхь. Щоджэн ФатIимэ, Хьэгъэжей Елдар, Сэралъп зэшыпхъухэу Лалинэрэ Ликэрэ сымэ ящIа фэилъхьэгъуэхэр ягъэ­лъэгъуащ ,«Щыблэ» уэрэ­джы­IакIуэ гу­пым я макъамэм щIэту. Гъэ­лъэгъуэ­ны­гъэм и фIэщыгъэм и мы­хьэнэр дэ­ным, щэкIым, щыгъыным епхауэ узэ­­регупсысым хуэдэу, щIагъыбзэ да­хи хыболъагъуэ. IуданэкIэ щэкIыр «зэрызэIулIам» хуэдэу, гуп­сысэрэ IуэхущIафэкIэ зэтехуэ цIы­ху­хэр ­къуэпс быдэ гуэркIэ зэпыщIащ. Щы­гъы­ным деж щыIэр Iуданэмэ, цIы­ху­хэм я зэхуакум - псэщ…

«Хьэцыбанэ» брендыр зей Щоджэн ФатIимэ игъэлъэгъуащ «Амазонкэхэр» зы­фIища фэилъхьэгъуэхэр. Лъэпкъ тхып­хъэхэм, езы брендыр къызытри­щIы­кIа къэкIыгъэм - хьэцыбанэм - зыми емыщхьу къигупсыса пщампIэхэмрэ Iэщхьэхэмрэ, пщэдэлъхэм, щIыIухэм, щхьэ­рыпхъуэнхэм, IэлъэщIхэм, щы­гъын­хэм я плъыфэхэр зэрызэгъэ­кIуам фэилъхьэгъуэхэр щIэщыгъуэ ящIащ. Пщащэу хъуам я щхьэцыр зэхуэмыдэу-рэ ухуэнауэ утыкум зэритар а псом хэлъ­хьэжи - адыгэ амазонкэхэм я иджырей теплъэ хьэзырщ. ЗэкIужу, хуиту, нэмыс яхэлъу, ягу утIыпщауэ! Фэилъхьэ­гъуэхэр зы­щыгъ пщащэхэр утыкум къихьэным ипэ къэхуэу, ягъэлъэгъуащ моделье­рым и коллекцэм «Амазонкэ» щIыфIищар къэзыгъэнаIуэ видеотеплъэгъуэр. Щоджэн ФатIимэ ида фэилъхьэгъуэхэм плъыфэхэм ящыщу плъыжьыр къы­щы­хэщащ, мащIэми, гупсысэр ипхъуатэу. И брендым и фIэщыгъэм - хьэцыбанэм - и дамыгъэ хуэдэт ар. БгъэIулъхэм яхэп­лъагъуэрт, псалъэм папщIэ, хьэцыбанэ теплъэ зиIэ тхыпхъэу хэдыкIахэр. Зы фэилъхьэгъуэм щхьэрыпхъуэн плъыжь щIыгъут - ар псоми ягу ираубыдауэ си гугъэщ. ИкIи абы теухуауэ плъыфэми къылъыс мыхьэнэигъэзэщIауэ къы­щIэ­кIы­нущ. 
Сэралъп Ликэ и фэилъхьэгъуэхэм фIищащ «Черкесский круг». Фащэхэр зыщыгъ пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ утыкум къихьэн ипэ, фэилъхьэгъуэхэм я ­теплъэхэр зэблэхъуу иджырей техникэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэмкIэ слайдхэм къы­щагъэлъэгъуащ. Коллекцэм хэтащ бзылъхугъэ, цIыхухъу фэилъхьэгъуэ­хэр. Бгырыпхым, бзылъхугъэ бгъэгуIулъхьэм, пыIэм Ликэ ялейуэ гу­лъы­тэ зэрахуищIар плъагъурт. Бгырыпх зэ­хуэмыдэхэр ящIэлът, бгъэгуIулъ­хьэ­хэр иджырей бзылъхугъэ фэилъхьэ­гъуэм екIуу хэзэгъат, пщащэ пыIэхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэ хъурт. ГъэщIэ­гъуэныщэт щIыIутелъ щыгъынхэри. 
Сэралъп Лалинэ и коллекцэм щы­зэ­хэу­хуэнат махуэ къэс щатIагъэ фэилъ­хьэгъуэхэмрэ пшыхьхэм щыкIуэкIэ зыщатIагъэхэмрэ. «Стилистический микс изделий повседневных и вечерних» фIищащ и коллекцэм. Езы модельерыр пщащэ гъусэ иIэу утыкум къихьащ. Хъыджэбзым щыгъ фащэм щэкIыр зэ­ралэ краскэкIэ хицIэлыхьащ Лалинэ - Iэщхьэтхьэмпэхэм, бгъэIулъым хужьу, фIыцIэу тхыпхъэхэр хищIыхьащ. Ап­щIон­дэхункIэ и коллекцэм хэт щыгъынхэр утыкум щагъэлъэгъуащ пщащэ­хэмрэ щауэхэмрэ. Лалинэ и фэилъхьэгъуэхэм я плъыфэт хужь, фIыцIэ, яжьафэ. Модельерым IэкIуэлъакIуэу зэ­ригъэкIуащ тхыдэмрэ иджырей гъащIэмрэ. ЩэкIыр, мастэ-Iуданэр, къы­зэ­рымыкIуэ гупсысэр и Iэмалу пасэреймрэ иджыреймрэ хуэфэщэну зэлъигъэIэсащ. 
ЕплIанэу ягъэлъэгъуащ «Хасэ» брендым и фэилъхьэгъуэхэр. Хьэгъэжей ­Елдар и коллекцэм хигъэхьащ бзылъхугъэ, цIыхухъу фэилъхьэгъуэхэр. Махуэ къэс тыншу щыбгъагъ хъу иджырей фэилъхьэгъуэхэм кIэрилъхьащ адыгэ тхыпхъэхэр, лъэпкъ гупсысэ зыхэлъ сурэтхэр. Плъыфэхэм ящыщу куэд хэтащ Хьэгъэжейм и щыгъынхэр къызыхищIыкIа щэкIхэм. Нэжэгужагъ гуэр къыхэщащ коллекцэм. 
Адыгэ гупсысэ къызыхэщ иджырей фэилъхьэгъуэхэр ягъэлъэгъуэныр къы­зэ­­рымыкIуэу щIэщыгъуэ ящIащ макъамэмрэ уэрэдымкIэ «Щыблэ» гупым. Абыхэм ягъэзащIэ хабзэщ пост-фолк, нео-фолк макъамэ лIэужьыгъуэхэр. Ар цIыхубэм ягу дыхьащ макъамэ щIэ­щыгъуэкIэ. Пасэрей уэрэд жыIэкIэри макъамэ гъэIукIэри иджырей IукIэм хуа­гъакIуэ, пасэреймрэ иджыреймрэ зэрапх щIалэгъуалэми нэхъыжьыIуэхэми ягу дыхьэн хуэдэу. Гупыр къы­щыу­нэхуар 2024 гъэрщ, итIани куэдым ­къацIыхуащ, я макъамэхэр кърагъауэ, псом хуэмыдэу адыгэ щIалэгъуалэм  ягу ирохь абыхэм я макъамэ-гъуазджэ дунейм зыщагъэпсэхуну. Хэт гупым ­хэтхэр? Къардэн Анжеликэ Гъуазджэ­хэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтыр музыканту къиухащ, дирижёрщ, хормейстерщ, оранжировщикщ. Пащты Гупсэ ГъукIэ Замудин и гъэсэн шы­кIэп­шы­науэщ. КIатэ (Кятова) Зуридэ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым еджэну къэкIуащ, макъамэ гупыр гъуазэ хуэхъуащ. Пшынэ йоуэ, уэрэд жеIэ. Ашыбокъуэ Астемыр оранжировкэмкIэ жэуап ехь, уэрэд жеIэ. Гупым ягъэзэщIэну уэрэдхэр зэ-хуехьэс икIи къыхех. Дэтхэнэ уэрэдми и хъыбар зрегъащIэ, уэрэдыжьхэм я тхы­дэхэр фIэгъэщIэгъуэну едж. «Щыб­лэ» гупым хэт щIалэгъуалэр зэ­чи­ифIэщ, макъамэм и дунейм гурэ ­псэкIэ хы­хьэф къудей мыхъуу, езыхэми я Iэдакъэм къыщIокI макъамэ дахэхэр. «Iуданэ» щыгъын гъэлъэгъуэныгъэм хэлъщ абыхэм я лэжьыгъэшхуэ. «Щыб­лэм» бренд къэс макъамэ щхьэхуэ хуатхащ. Макъамэм яхэтт нэхъ хуэми, нэхъ нэжэгужи, философие зыхэлъи, жьым хэту къыпфIэщ макъамэ хуити. Макъамэр щыгъыным ебгъэкIун папщIэ а щыгъыным и дыкIэм, и хъыбарым, и тхыпхъэхэм, зэрыгъэщIэрэщIа Iэмалхэм хэпщIыкIын хуейщ. АтIэ ма­къа­мэ гупым а псор яджащ икIи зэпалъытащ, макъамэ къыхуагупсысын ипэ­­кIэ. Къай­хъулIащ. Иджырей адыгэ дуней, ди щIалэ­гъуалэм я гупсысэ узын­шэ, щэнхабзэ дагъэлъэгъуащ, макъамэм лъэр зэ­ры­щIигъэкIыр, фэилъ­хьэгъуэ тын­шым ­Iэпкълъэпкъыр зэриузэхур къыд­гу­рагъэ­Iуащ «Щыблэ» гупым, «Iуданэ» зыфIаща Iуэхум зи фэ­илъ­хьэгъуэхэр щы­зыгъэ­лъэ­гъуа Що­джэн ФатIимэ, Сэралъпхэ Лалинэрэ ­Ликэрэ, Хьэгъэжей Елдар сы­мэ. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: