«Мамэ, бжьыхьэр щIэгъанэ!»Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ выставкэр фигу зэрыдыхьэнум шэч хэлъкъым. КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт сурэтыщI Абисаловэ Заринэ и IэдакъэщIэкIхэр.
Выставкэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Лъэпкъ музейм, КъБР-мрэ Ставрополь краймрэ я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм я правленэхэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ иужьрей илъэситхум Заринэ и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ сурэт щхъуэкIэплъыкIэу 50-м щIигъу. Ахэр нэхъыбэу зытеухуар бзылъхугъэм и нэкIэ дунейр зэрилъагъурщ. Лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр, щIыуэпсым гупсэхугъуэ къузэритыр, сабиигъуэм теухуа гукъэкIыжхэр. Дэтхэнэ зы сурэтри лъагъуныгъэрэ гъащIэм теухуа гупсысэкIэ гъэнщIащ.
- Заринэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къызэрызэIуахыр щызэхэсхым, и адэ Юрэ сцIыхурти, абы и сурэт щIыкIэм ижь и пхъум къыщIихуауэ хуэзгъэфэщат, арщхьэкIэ мыбдеж щыдолъагъу мы лэжьыгъэхэр зыми зэремыщхьыр, - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан. - Юрэ илъэс куэдкIэ ди щIыпIэм щыпсэуащи, доцIыху, пщIэ худощI. Иджы и пхъур абы и лъагъуэм зэрыри-кIуэр долъагъури, и IэрыкIхэр куэдрэ Налшык щагъэлъэгъуэну, гъуазджэм зэфIэкI ин щиIэну ди гуапэщ. Заринэ, си гуапэу сынохъуэхъу! Уи адэ-анэр Тхьэм пхуигъэузыншэ!
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правле-нэм хэт Аккизовэ Имарэ жиIащ Заринэ и IэдакъэщIэкIхэр Налшык къызэришар гуапэ зэрыщыхъуар, езы тIум тыншу икIи псынщIэу «бзэ» къызэрыздагъуэтар, ныбжькIэ щIалэми, сурэтыщIым дилъэгъуа Iущыгъэм зэрыдихьэхар. Имарэ зэхуэсахэм ехъуэхъуащ мы выставкэ гъэщIэгъуэнымкIэ илъэсыр зэрызэхуащIыжымкIэ.
УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, художник, Заринэ и адэ Абисалов Юрэ къытеувыIащ я унагъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым пыщIэныгъэ быдэ къызэрыхуиIэм, 60 гъэхэм и адэр лэжьэну къыщрагъэблэгъам я унагъуэр Налшык къызэрыIэпхъуам икIи зэрыщыпсэуам, иджыри и къуэш нэхъыщIэр мы къалэм зэрыдэсым, щIэх-щIэхыурэ адэжь лъапсэм къызэрыкIуэжхэм, Осетиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щыпсэухэр зэрызэхуэгуапэм зэрыригушхуэм. Лэжьыгъэхэм теухуауэ Юрэ жиIащ Заринэ езым и лъагъуэ къызэригъуэтыжам, плъыфэхэм зэрыщымышынэр, и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ куу зэращIэлъыр, дяпэкIи нэхъри зыкъызэкъуихыну зэрыщыгугъыр. Абы и псалъэм щIигъужащ езым и IэдакъэщIэкIхэр иджыри Налшык щигъэлъэгъуэну къыхуимыхуами, и пхъум и лэжьыгъэхэр ягу зэрыдыхьам зэрыщыгуфIыкIыр. Абисалов Юрэ фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ и псалъэм къыхигъэщащ республикэм и щэнхабзэмкIэ мы мы гъэлъэгъуэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар гъуазджэм и махуэшхуэу къызэрилъытэр. Абы игу къигъэкIыжащ Владикавказ щыкIуам, Абисалов Юрэ и лъэщапIэм, Заринэ и сурэтхэр япэу зэрыщилъэгъуар икIи ахэр игу дыхьэу сурэт ятрихауэ зэрыщытар. Жаннэ жиIащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ нэгъабэ къызэрагъэпэща зэпеуэм Заринэ зэрыщытекIуар икIи КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм ахэр щыщызэхуэзам, мы гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщыну мурад зэращIар.
- Мы сурэтхэр псэр зыгъэгуфIэщ. Нобэ гъуазджэм и махуэшхуэу жыпIэ хъунущ. Гъэлъэгъуэныгъэр щагъэхьэзырым, плъыфэхэмрэ гупсысэмрэ куэду щызэ- хэухуэна дэтхэнэ зы сурэт-ми зыщызмыгъэнщIу сеплъырт. Абыхэм къуат гукъыдэжым гъуни нэзи яIэкъым. Мы сурэтхэр зи IэрыкI Заринэ зэрыцIыху Iущым икIи гъэщIэгъуэным шэч къытепхьэркъым. Апхуэдиз дахагъэ къызэрыбгъэщIамкIэ сынохъуэхъу, Заринэ! АдэкIи Тхьэм уригъэфIакIуэ! - жиIащ Къаныкъуэ Жаннэ.
Абисаловэ Заринэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ. Гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэм теухуауэ Заринэ жиIащ и сабиигъуэм теухуа гукъэкIыжыр абы лъабжьэ зэрыхуэхъуар икIи ардыдэр - «Мамэ, бжьыхьэр щIэгъанэ!» - зыфIища зы сурэти гъэлъэгъуэныгъэм зэрыхигъэхьар.
Илъэситху щыхъум, Заринэ и адэшхуэр дунейм ехыжащ. Абы ехьэлIа дауэдапщэхэм щымыгъуазэ сабийм зыхилъхьэ щыIэтэкъым урыс уэрэджыIакIуэхэм ящыщ зым игъэзащIэ «Осень» уэрэдым едэIуэныр. Ар зэпымыууэ и анэм и ужь итт: «Мамэ, бжьыхьэр щIэгъанэ!» жиIэу лъаIуэу. И анэм абы жэуап къритыжырт: «Зэ умыпIащIэ, тIэкIу дэкIмэ, щIэзгъэнэнщ». Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэмкIэ, цIыхур дунейм ехыжа нэужь, махуэ 40 дэмыкIауэ уэрэд уедэIуэныр емыкIущ.
- А гукъэкIыжхэр зэпхар анэм быным хуиIэ шыIэныгъэрщ, хуабагъэрщ, лъагъуныгъэрщ. Анэр зэрызгъэгузавэмрэ къызэрызэлъэIумрэ кърикIуащ «Мамэ, бжьыхьэр щIэгъанэ!» фIэщыгъэр. Сабиигъуэм епха нэгъуэщI си гукъэкIыжхэми нэгъуэщI сурэтхэри къагъэщIащ… Абыхэм щыщ хэзгъэхьащ мы гъэлъэгъуэныгъэм, - жиIащ Заринэ. -Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми кIэщIэстхащ абы теухуа тхыгъэ кIэщI. Владикавказ сыкъыщыхъуащ, иджыпсту Ставрополь къалэм сыщопсэу. Си IэдакъэщIэкIхэм къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр щызгъэгъуэзэну сыщIохъуэпс. Мы выставкэр зэ Ставрополь утыку къыщисхьащ. ИужькIэ Владикавказ къалэм и Лъэпкъ музейм щагъэлъэгъуащ. Иджы Налшык къэсшащи, фигу дыхьэмэ, си гуапэщ!
Гъэлъэгъуэныгъэр щIышылэм ику пщIондэ екIуэкIынущи, ИлъэсыщIэм и зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирихьэлIэу сурэтхэм феплъыну Iэмал фиIэщ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
09.01.2026 - 10:15 →
Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….
06.01.2026 - 11:04 →
Усыгъэм и дыгъэ
05.01.2026 - 09:00 →
Ди фильмыр Мароккэми нэсащ
04.01.2026 - 14:59 →
«Сыринэм» и зэфIэкIыр
04.01.2026 - 09:56 →
Ухэт уэ, хьэт?
| ||




