Налшык дэт курыт еджапIэ №12-м щекIуэкIащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм и «Пэрытхэм я саугъэт» пшыхьыр. Абы щагъэлъэпIащ къызэрыунэхурэ илъэсищ ирикъуа зэгухьэныгъэм жыджэру хэтхэр, а Iуэхум сэбэп хуэхъухэр, жэрдэмщIакIуэхэр.
Iуэхур екIуу ирагъэкIуэкIащ Муртаз Ланэрэ Гугъуэтыж Идаррэ. Пшыхьым къеблэгъащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Налшык дэт курыт еджапIэ №-9-м и унафэщI Коротких Ольгэ, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур, «ЮНАРМИЯ» урысейпсо сабий-ныбжьыщIэ дзэ-хэкупсэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Джатэ Темболэт, КъБР-м и Росгвардием и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, дзэ Iуэхухэм хэта Хъужокъуэ Руслан, КъБР-м футболымкIэ и федерацэм и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн, КъБР-м самбомкIэ и федерацэм и унафэщI Бабыгуей Аслъэн, программэхэр зэхэгъэувэнымкIэ «KiberOne» школым и унафэщI Мамбэт Дианэ, «Астра-Сфера» медицинэ еджапIэм и проректор Щоджэн Азрэт.
ЗэIущIэр къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэмкIэ.
- Нобэрей пшыхьым щыдгъэлъэпIэнущ щапхъэу къэтлъытэхэр: ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр, щIалэгъуалэ жанхэм я гъэсакIуэ-ущиякIуэхэр, зэпеуэ щхьэхуэхэм бжьыпэр щызыубыда-хэр, апхуэдэуи, «Пэрытхэм я зэщIэ- хъееныгъэ» зэгухьэныгъэм хэту школым, районым, республикэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэр. Абыхэм я лэжьыгъэрщ, я зэфIэкIырщ лъабжьэ хуэхъур «Пэрытхэм я саугъэт» дамыгъэ лъапIэм, - жиIащ Муртаз Ланэ.
- Ауэ щыхъукIи, нобэ къэпщытэныгъэхэм я махуэ къудейкъым. АтIэ, мурадыщIэхэм я щIэдзапIэщ. Пэрытхэр щыIэнущ, ныбжьыщIэхэр щIэныгъэм хуэпабгъэмэ. Мис ноби, мы гуфIэгъуэ пшыхьыр иухмэ, «Пэрытхэм я деж къыщыщIедзэ гупсысэщIэхэм» зэхыхьэр екIуэкIынущ, - къыпищащ Гугъуэтыж Идар.
Пшыхьым кърихьэлIахэм гуапэу захуигъэзащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн.
- Фыкъеблагъэ, ди нэхъыжьыфIхэ, ди дарэгъухэ, ди щIалэгъуалэ Iущхэ! ЩIэрыпсу яухуа школ дахэм къыщызэхуэсащ зэгухьэныгъэм и къудамэхэу районхэм, къалэхэм къикIахэр. Ди зэгухьэныгъэр къызэрыунэхурэ мураду тщIыхэм къыпэджэжу, Iуэхуу къетхьэжьэм яхузэфIэкI къыхалъхьэу, чэнджэщэгъу тхуэхъуу къыддэгъуэгурыкIуэ ди дарэгъу лъапIэхэр къызэреблэгъар псом хуэмыдэу ди гуапэщ.
ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ курыт еджапIэхэм щызэрагъэпэщ пэрыт гупхэр зыхуэдэм. Гуп хъужри зи гупсысэхэр бзыгъэ ныбжьыщIэхэр, гудзакъэ зиIэ гъэсакIуэхэр, сабийхэр фIым хуэзыущий егъэджакIуэхэр аращ. А псоми я гуращэхэр щIагъэбыдэ адэ-анэ гумызагъэхэм. Аращ ди зэгухьэныгъэр лъэщ зыщIыр. Нобэ дыкъыщIызэхуэсам и щхьэусыгъуэр тхузэфIэкIар къэтпщытэжу, дызыхунэмысахэм гу лъыттэжыну дызэрыхуейрщ.
Накъыгъэм и 28-м республикэм щекIуэкIащ сабий нэхъыщIэхэр зыхэта «Зарница 2.0» урысей дзэ-хэкупсэ джэгукIэм и щIыналъэ Iыхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщ сабии 120-рэ хэтащ абы щIэныгъэ къагъэлъагъуэу, ныбжьэгъугъэм и пIалъэр зэращIэм щыхьэт техъуэжу, спорт унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм зэрыдихьэхыр ягъэнаIуэу, тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэм зэрыхащIыкIри ягъэбелджылыуэ.
ФIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр, медалхэр, кубокхэр хуагъэфэщащ нэхъ жану абыхэм хэтахэм, я гъэсакIуэ-ущиякIуэхэм. А зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм я медалхэр яритыжащ Хъужокъуэ Руслан. Ещанэ увыпIэр яIэрыхьащ Iуащхьэмахуэ куейм щыщ «Победа 80» гупым. Я гъэсакIуэр Борэн ФуIэдщ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Османовэ Татьянэ игъэса «Кольцо» гупым. Ахэр Налшык къалэм щыщхэщ. Япэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ прохладнэдэсхэм – «За наших 07» зыфIэзыщыжа гупым. Абыхэм я гъэсакIуэщ Басковэ Еленэ.
- АдэкIи ехъулIэныгъэфIхэр фиIэну, нобэрей махуэ дахэр фи гум ивубыдэну, щапхъэ дахэуи фи гъащIэм хэтыну сынывохъуэхъу! - жиIащ Хъужокъуэм.
«Юннатские экспедиции» проектым хэтащ щIыуэпсыр хъумэным теухуауэ гудзакъэ зиIэ куэд. А Iуэхум щIэныгъэ хэзылъхьа, зэпеуэм нэхъ лъэрыхь дыдэу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр утыкум кърагъэблэгъащ. ФIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ «Семейные команды», «Клуб юных натуралистов» джэгугъуэ IыхьитIым къыщыхэжаныкIахэм. «Семейные команды» зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщахьащ ЛIыхъурейхэ я унагъуэм. ЕтIуанэр ялъысащ Кузнецовхэ я унагъуэм. Бжьыпэр яубыдащ Башийхэ я унагъуэм.
«Кубок юных натуралистов» Iыхьэм ещанэ щыхъуащ «Лашин» гупыр. «Бабугентский экопатруль»-р етIуанэщ. «ГъущIохэ я унагъуэ» гупыр псоми ятекIуащ.
Жэпуэгъуэм республикэм щекIуэкIащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» щIыналъэ зэгухьэныгъэм и къудамэхэр зыхэта урысейпсо зэпеуэ. Республикэм щыщу абы къыщыхэжаныкIахэр пшыхьым щагъэлъэпIащ. ФIыщIэ тхылъхэр иратащ Бахъсэн районым хиубыдэ Куба къуажэм дэт езанэ курыт еджапIэм щеджэ пэрытхэм я лэжьыгъэр зыунэтI Къанкъул ФатIимэ, Бахъсэн районым хиубыдэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт ещанэ курыт еджапIэм щIэс пэрытхэм я ущиякIуэ КIурашын Лянэ, Май къалэм дэт етхуанэ курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм я гъэсакIуэ Кузнецовэ Светланэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэм, Хьэбэз къуажэм я гъэсэнхэм зи нэIэ ятета Бад Жанетэ сымэ.
Илъэсым къриубыдэу «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и къудамэу щIыналъэхэм щыIэхэм я лэжьэкIэр къапщытащ, ахэр федеральнэ проектхэм зэрыхэтам, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ щалэжьа IуэхуфIхэм, жылагъуэ гъащIэм зэрыщысэбэпам теухуа мардэхэмкIэ. ИкIи пшыхьым я цIэ къыщраIуащ район пщыкIущым я пэрытхэм.
ИужькIэ, пшыхьым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэм нэсащ - «Пэрытхэм я саугъэтыр» зыхуэфащэхэм иратащ. «Илъэсым и къызэгъэпэщакIуэ» цIэр фIащащ Геккиевэ Лейлэ, Къуэдзокъуэ Самир, Гетериевэ Сабинэ, Нэгъуей Рианэ, Къудей Анзор, Алиев Алигбер сымэ. Пэрытхэм я гуп нэхъыфIу къалъытащ Прохладнэ районым и ныбжьыщIэ гупыр - Бахтиевэ Татьянэ, Мельниковэ Екатеринэ, Алакаев Ибрэхьим, Деминэ Наталье, Кудрич Владислав, Бондарь Марие, Гындыгъу Дамир, Искандаров Руслан, Алиевэ Алинэ. Пэрытхэм я совет нэхъыфIу къыхагъэщащ Тэрч щIыналъэм щыIэр. Абы хэтщ Хъуран Индирэ, Бэв Камилэ, Къущхьэ Даянэ, Уэрэзей Iэминат, Уэрщо Азнаур, Чэрим Елдар, Абыдэ Дисанэ, Iэщыжь Адилэ, Къущхьэ Даянэ сымэ. «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» хъуащ Жабоевэ Зухра. «Илъэсым и унагъуэ» фIащащ Шэрэдж щIыналъэм щыщ Башиевхэ я унагъуэм - Марат, Сулиман, Алия, Саидэ, Iэминат сымэ. Пэрытхэм я къудамэ нэхъыфI щыIэу къалъытащ Бахъсэн щIыналъэм. Абы хэтщ Що-къуийхэ Мухьэмэдрэ Роксаланэрэ, Азычэ Алымбэч, КъуэщIысокъуэ Эвелинэ, Къардэн Русалинэ, Емкъуж Лаурэ, Щэрмэт Идар сымэ. «Пэрытхэм я гъэсакIуэ нэхъыфI» хъуащ Май щIыналъэм щыщ Кузнецовэ Светланэ. «Дарэгъу нэхъыфI» цIэр хуагъэфэщащ гъуазджэм, спортым, еджэным, щIэныгъэм къыщыхэжаныкIа сабий зэчиифIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Антарес» щIыналъэ центрым.
УэрэдкIэ, къафэкIэ, макъамэкIэ пшыхьыр ягъэдэхащ «Калисто» къэфакIуэ гупымрэ уэрэджыIакIуэ Бэрэгъун Зауррэ.
Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.