Иджырей армэ дэшыгъуэм хэхуащ цIыху 800

Дыгъэгъазэм и 22-м хъы­­барегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Па­хомов Дмитрийрэ (сурэтым) зэгурыIуэныгъэ (контракт) щIы­кIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ Iуэ­ху­щIа­пIэм и унафэщI Дмит­риев Виталийрэ. 

2025 гъэм и бжьыхьэ - щIы­махуэ пIалъэм дзэ къу­лыкъум пэрагъэувэхэр жэп­уэгъуэм и 1-м щегъэ­жьауэ дыгъэгъазэм и 31 пщIондэ ираджэ. А Iуэхур щызэкIэ­лъа­гъакIуэу Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым иужь­рей махуэхэм нэсыху щы­лэ­жьащ дзэм дэзыш комис­сэу 14: зыр - республикэм и къалащхьэм, пщыкIущыр - районхэм.
- Къыхэдгъэща пIалъэм къриубыдэу, бжьыхьэ дэ­шы­гъуэм хедгъэубыдэн ­хуей­уэ республикэм къытхуагъэувар цIыху 800-щ. Гуп-гупурэ, зым иужь адрейр иту, ахэр автобускIи, гъущI гъуэгукIи, уеблэмэ кхъухьлъатэхэмкIи (нэхъ жы­жьэ кIуэхэр) едгъэжьащ, - къыхигъэщащ дзэ комиссарым.
Иджырей дэшыгъуэм хэ­хуахэр, япэрейхэми хуэдэу, ягъакIуэ ди къэралым и щIыналъэхэу къухьэпIэмкIэ щыIэ Калининград облас­тым къыщыщIэдзауэ къуэ­кIыпIэмкIэ нэхъ тпэжы­жьэ къалэхэм ящыщ Петропавловск-Камчатскэр зи хэщIапIэ частхэм нэсыху. 
Лъэсыдзэм нэмыщI, щIа­лэ­хэм къахокI хыдзэм ха­гъэ­хьэхэри. Иужьрейхэм къулыкъу щрахьэкIыр Балтикэмрэ хы ФIыцIэмрэ, хы Хуэмым. ЩыIэщ хьэуа-десант, хьэршыдзэ, лъэпкъ гвар­­дие, гъущI гъуэгум еп­ха­­х­эм ираджэхэри. Къэралым и дзэ зэщIэгъэуIуахэр хуейщ Урысейм и ДОСААФ-ми нэгъуэщI абы хуэдэ еджа­пIэхэми ягъэхьэзыра, С категорие зиIэ машинэзехуэхэми. Апхуэдэхэр щыдогъэхьэзыр Къэбэрдей-  Балъкъэрым и Тэрч, Бахъ­сэн, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ районхэм щыIэ еджапIэхэми. 
2025 гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ дзэм дашахэм яхэтщ зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуахэри 30-м нэблэгъахэри. Нэхъапэхэми хуэдэу, пIалъэкIэ дымыгъэпIейтеину хуитыныгъэ яIэщ IэщIагъэ щызрагъэ­гъуэт еджапIэхэмрэ универ­си­тет-институтхэм щIэтIыс­хьахэмрэ.
Япэхэми хуэдэу, щIалэхэр щызэхуашэс щIыпIэхэм зэ­ры­Iуашыр гуфIэгъуэ щыты­кIэм тетущ. Дэтхэнэри, емы­­жьэ щIыкIэ, армэм зэ­ры­хэтыну щыгъынхэмкIэ яхуапэ, гъуэгу гъуэмылэхэм­кIи къызэрагъэпэщ. 
- Бжьыхьэ - щIымахуэ пIалъэм къриубыдэу армэм дгъэкIуэну къытхуагъэлъэгъуа цIыху 800-р къызыхэтшар республикэм абы теу­хуа и комиссэхэм къетшэлIа щIалэ мини 5-м щIигъурщ. Нэхъапэр армэм дэдгъэкI­хэр я IэпкълъэпкъкIэ сэкъатыншэу зэрыщытыпхъэрщ. Узыншэмэ - хыдогъэхьэ, хуэ­мыхьэзырхэр - доутIып­щыж, - дыщIегъу и псалъэм Пахомовым.
КъБР-м и Дзэ комиссарым зэрыжиIам тет­щIыхь­мэ, зи дэкIыгъуэу армэм ираджэхэр дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыпIэхэм ­ягъа­кIуэркъым, къэралым къы­­ха­гъэхьэжахэми ирагъэхьэркъым. Дауи, УФ-м и щIыналъэхэу гъунапкъэм еуалIэхэм я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ. Абдежым къулыкъу щезыхьэкIхэм ди щIалэхэри щахэхуэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ, Воронеж, Белгород, Курск областхэм ягъакIуэхэри къахокI. 
Пахомовым зэрыжиIэмкIэ, дзэм къулыкъу щезы­хьэ­кIыну къызылъысхэм ящыщу зызыгъэпщкIухэм те­­зыру тралъхьэм хуэдэ Iэ­джэкIэ хагъэхъуащ. Нэхъапэхэм апхуэдэм зэретхьэ-къур сом 500 - 1000-м щIимыгъуу щытамэ, иджы ар нагъэсащ сом мин 30 - ­40-м. 
- УФ-м Зыхъумэжыны­гъэм­кIэ и министерствэм къыт­хуигъэува къалэнхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам езым я фIэфIыныгъэкIэ кIуэ­­ну хуейхэм гуп щхьэ­хуэ­хэр къахэтшынри, - къыпещэ Пахомов Дмитрий. - Ахэр зэгурыIуэныгъэм тету дзэм къулыкъу щезыхьэкIынухэм яхыдогъэхьэ. 
Республикэм и дзэ комиссарым зэрыжиIэмкIэ, ди щIалэхэм ящыщу зэухы­лIэныгъэ езыщIылIэу дзэм дэкIхэм я бжыгъэм иужьрей зэманми зэрыкIэрыхуа щы­Iэкъым. 
- Фызэрыщыгъуазэщи, 2023­ гъэм мы щIыналъэми щызэдгъэуIуащ зэгурыIуэ­ныгъэкIэ дзэм къулыкъу ще­зыхьэкIыну хуейхэр зде­кIуалIэ, сыт хуэдэ зэманми лажьэ хэщIапIэ, - къыхигъэщащ, зэIущIэм щIэсахэм зы­къыщытхуигъазэм зи ­гугъу ящI екIуэлIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталий. 
Адрей илъэсхэми хуэдэу, армэм а щIыкIэм тету зэгурыIуэныгъэ езыщIылIэ­хэм псэуныгъэ и лъэныкъуэ­кIэ я хуитыныгъэхэм зрагъэубгъу. Дзэ Iуэху хэхар къы­щыхъея щIыпIэм ягъа­кIуэхэм, УФ-м Зыхъумэ­жы­ныгъэмкIэ и министерст­вэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 15-м щIэрыщIэу къыдигъэкIыжа унафэм ипкъ иткIэ, федеральнэ центрым къикIыу зэ тыгъуэу сом мин 400 ират (къекIуэкIа сом мини 195-м ипIэкIэ). Къинэ­мыщIауэ, апхуэдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къыбгъэдэкIыу сом мелуанрэ мин 800-рэ къыIэрохьэ. ЗэгурыIуэныгъэ езыщIылIэу дзэм хы-хьэ­хэм, зэрыхуэхьэзырым теухуауэ, япэщIыкIэ яхоплъэ, армэм щыIамэ зэхагъэкI, зэгуэр къулыкъу щрихьэкIамэ зыхэта частым елъытауэ адэкIэ ягъа­сэ, дерсхэр драгъэ­кIуэкI. Хьэ­зыр хъуауэ къалъытэхэр япэ лъэбакъуэу зы­ха­гъэхьэр «резерв батальонкIэ» зэджэхэрщ. 
Езым и фIэфIыныгъэкIэ дзэм зэгурыIуэныгъэ езы­щIы­­лIэм къэралым зыкъы­зэрыщIигъакъуэм щыщщ «Ветеранхэм яхуэгъэзауэ» зыфIаща федеральнэ хабзэм къызэрыщагъэлъэ­гъуауэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и мылъку­кIэ фэтэр зыIэригъэхьэну хуитыныгъэ зэ­риIэр, езыми и унагъуэм щыщхэми я узыншагъэм щакIэлъыплъ хъуну IуэхущIапIэхэм пщIэ щIамыту зыщрагъэIэзэну Iэ­мал зэ­раIэр, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм, зэпеуэ къы­хэ­мы­кIыу икIи пщIэн­шэу, щIэ­тIысхьэну хуит зэращIыр. Дзэм зэгурыIуэныгъэ ири­щIылIэфынущ зи ныбжьыр илъэс 18-м къы­щы­щIэдзауэ 60-м фIэмыкIа дэтхэнэми.
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: