ЦIэхэм хэкIыпIэ яхуэхъуар

Нарт эпосым щыцIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ Сэтэней, Нэсрэн, Бэдынокъуэ, Хъымыщ и къуэ Батэрэз, Къанж и къуэ Щэуей, Албэч и къуэ Тотрэш сымэ я цIэхэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэми, нэгъуэщI нартыцIэ Iэджэми хэкIыпIэ яхуэхъуар гъэбелджылыгъуафIэкъым, щIэныгъэлIхэр Iэджэрэ иризэдэуащ абы, иризэдэуами, зыгуэрым траубыдэфакъым. Дауи, языныкъуэхэм зэралъытэу, а псор адыгэбзэм и лъапсэм щызэфIэувауэ плъытэныр тэмэмкъым, абы нэхъри ухигъэзэрыхьын фIэкIа, Iуэхум и пэжыпIэм уришэлIэнукъым. Пэжщ, Лъэпщ, Къанж, Щэуей, Лъэбыцэжьей сымэ я цIэхэр адыгэбзэм зэрыщызэфIэувам шэч хэлъкъым – ар нэрылъагъущ, IупщIщ, дауи иращIэкIыркъым. Дауэ зращIэкIыр Сэтэней, Нэсрэн, Бэдын (Бэдынокъуэ), Хъымыщ, Батэрэз, Тотрэш сымэ я цIэхэрщ. Зыбжанэм шэч къытрахьэркъым Хъымыщ, Батэрэз, Тотрэш, Бэдын сымэ я цIэхэр нэгъуэщI щIыпIэ къызэрикIам (нэгъуэщIыбзэхэм къызэрыхэкIам). Нэхъ зэхэмыбзыр Сэтэней, Нэсрэн сымэ я цIэхэрщ, абыхэм хэкIыпIэ яхуэхъуауэ ялъытэмкIэ арэзы хъугъуейщ, гъэщIэгъуэн гуэрхэм гу лъызыта щыIэми. Сэтэней и цIэр къызыхэкIар езым и образырауэ жызыIэхэм акъылэгъу ядэхъупхъэу къыщIэкIынущ. Дигу къэдгъэкIыжынщ абы и образым и купщIэр. Нартхэ я Iэхъуэр Псыжь Iуфэ Iухьауэ, Сэтэней адрыщIкIэ къотIысри жьыщIыгъэр псым хеудыныщIэ. Iэхъуэр Сэтэней дехьэх: псым хыхьэ щхьэкIэ, зэпрыкIыфыркъым. А макъамэ дыдэм Бэдынокъуэ и пшыналъэми дыщрохьэлIэ: нартхэ я санэхуафэм кIуэ Бэдынокъуэ къыпоув Сэтэней, зэрыдихьэхыным щIокъу... Академик Марр Н. гу лъитэгъащ а макъамэм; абы къызэрихутамкIэ, Сэтэней и цIэр бзэ куэдым хэт «сэтэнэ» псалъэм къытекIауэ хуэбгъэфащэ мэхъу – а пасэрей псалъэм «дэзыхьэх», «дэзышэх», «зытхьэкъу» мыхьэнэ къокI. Дауи щрети, академик Марр нэхъ благъэу а цIэм и хэкIыпIэм иджыри къэс зыри бгъэдыхьакъым. Гу лъытэн хуейщ пасэрей египет мифологием «Сетне» цIэм узэрыщрихьэлIэми. 
Пасэрей бзэжьхэм (псалъэм папщIэ, шумерыбзэм, аккадыбзэм) къыщежьагъэнущ Нэсрэн и цIэр – пасэрей къуэкIыпIэ лъэпкъыжьхэм я деж ущрохьэлIэ «Нашр», «Нашур» лIыцIэхэм. 
Мыхьэнэшхуэ иIэщ нарт эпосым хэт щIыпIэцIэхэм (Барс губгъуэ, Хьэрэмэ Iуащхьэ, Кхъаблэбанэ, н.), лъэпкъыцIэхэм (чынт, испы), къинэмыщI пасэрей псалъэхэм (жаншэрхъ) хэкIыпIэ яхуэхъуар къэхутэнми. ЩIэныгъэлIхэр куэдрэ иризэдэуащ абыи, псалъэм папщIэ, «испы», «чынт» лъэпкъыцIэхэр, «жаншэрхъ» псалъэр убзыхуным, ауэ арэзы узытехъуэ хъун жэуап гуэр иджыри къэс иратыфакъым. Зи цIэ къитIуа псом я хэкIыпIэм и гугъу тхуэмыщIми, гу лъыттэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм, псалъэм папщIэ, «жаншэрхъым», «Хьэрэмэ Iуащхьэм» я мыхьэнэр щагъэбелджылыкIэ тегъэщIапIэ пщIы хъун гуэрхэм. Жаншэрхъыр нартхэм лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэу яIащ: Хьэрэмэ Iуащхьэ кърагъэжэхыурэ ириджэгурт; Сосрыкъуэ аращ зэраукIар: и куэпкъыщхьэ цIынэмкIэ щрагъауэм, пихащ. Шэрхъ жан – аращ псом япэ дигу къэкIыр, ауэ ар тэмэмкъым, псалъэм и хэкIыпIэри аракъым…
Пасэрей франкхэм мыпхуэдэ хабзэ яIащ: шэрхъым хьэуазэ кIэрапхэрт, мафIэ щIадзэжырти, Iуащхьэм кърагъэжэхырт, гъэр гъэфI хъун щхьэкIэ. Шэрхъыр Iуащхьэм къыщрагъэжэхыр Иуан и махуэрат. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Иуан и махуэм (июным и 22-м) Iуащхьэм кърагъэжэх шэрхъым Иуан шэрхъкIэт зэреджэр. Осетинхэр Балсаг и шэрхъым (дэ жаншэрхъкIэ дызэджэм) «Ойнан шэрхъкIэ» («Иуан шэрхъкIэ») щеджэ щыIэщ. Адыгэхэм я бзэм «жан» щыхъужари а пасэрей къуэкIыпIэ псалъэрщ – «Иуан» («Иоан»). Иоан и цIэр адыгэбзэм лIэужьыгъуитIу (къэпсэлъыкIитI иIэу) къыхыхьащ – Иуан, Жан. Жаншэрхъыр къызытекIыжари абы и цIэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, жаншэрхъыр къызэрыбгурыIуэнур Иуан (Жан) и шэрхъ жиIэущ. 
Жаншэрхъыр нартхэм къызрагъэжэх Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр къызытекIам и гугъу щыпщIкIэ, гъэщIэгъуэнщ пасэрей египтянхэм къызэранэкIа пирамидэ цIэрыIуэхэм «хьэрэм»-кIэ зэреджэм гу лъыптэныр. Дауи, Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэм апхуэдэ хэкIыпIэ иIэу зэкIэ жыIэгъуейщ, итIани гу лъумытэу ублэкI хъунукъым. 
Къартул Хьисэ.
Поделиться: