2025 гъэм и щIышылэм - щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 108,7-рэ хъуащ. Республикэм и экономикэ IэнатIэхэм къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр зэпэщхьэхуэу къатщтэмэ: щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ IэнатIэм - проценти 101,2-рэ, продукцэхэр къыщIэзыгъэкIхэм, абыхэм елэжь IэнатIэхэм – проценти 111,8-рэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм - процент 96,0-рэ, псы яхуэзыутIыпщхэм, къагъэсэбэпар Iузышхэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэхэм, уэрамхэр, пщIантIэхэр зэлъыIузыххэм - проценти 113,2-рэ къагъэлъэгъуащ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкI консервхэм, гъэшым, кхъуейм, кхъуейлъалъэм, шатэм, хьэжыгъэм, Iусыпхъэм, IэфIыкIэм, псыIэфIым, щэкIымрэ щэкIхэкIхэмрэ, лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп щыгъыным, лъэпэдымрэ вакъэмрэ, пластмассым, пластмассым къыхэщIыкIа бжэ-щхьэгъубжэм, гъущIым къыхэщIыкIа продукцэм, рентген аппаратхэм, медицинэ Iэмэпсымэхэм, нэгъуэщIхэми я куэдагъым хагъэхъуащ.
КIэрыхуащ лым, нэкулъ лIэужьыгъуэхэм, крупам, семышкIэ дагъэм, маргариным, тхъуцIынэм, йогуртым, шхум, печенэм, нарзаныпсхэм, псыIэфIым, тепIэнщIэлъыным, унэлъащIэм, пыIэм, картоным къыхэщIыкIа ашычхэм, тхылъымпIэ канцтовархэм, пластмассым къыхэщIыкIа ашычхэмрэ коробкэхэмрэ, чырбыш гъэжьам, асфальтрэ бетонрэ зэхащIэм, зэрылажьэ Iэмэпсымэхэм, полупроводник приборхэм, кабель продукцэхэм, автомат аппаратурэхэм, автотранспортым и пкъыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми. А пIалъэм къриубыдэу электрокъарурэ хуабэу къалэжьар нэхъ мащIэ хъуащ.
2025 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу фэтэр куэду зэхэт унэу 66-рэ яухуащ, унагъуэхэм унэу 3116-рэ. ФэтэрыщIэу яухуащ псори зэхэту 5889-рэ. ПсэупIэу яIэтар псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 593-рэ хъуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 17,3-кIэ нэхъыбэу. Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 419,0-р унагъуэхэм яухуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIэ бжыгъэхэм нэхърэ процент 14,2-кIэ ар нэхъыбэщ. Фэтэр куэду зэхэт унэхэр зыухуэ IуэхущIапIэхэм яIэтащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мини 174,0-рэ. 2024 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм яхузэфIэкIар псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мини 138,5-рэщ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм псэупIэу псори зэхэту щаухуам щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 303,8-р къуажэхэм щаIэтащ икIи нэгъабэ и мазэ пщыкIузым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 6,9-кIэ нэхъыбэщ ар.
2025 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм продукцэу къыщIигъэкIащ сом мелард 78,2-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм хузэфIэкIам проценти 105,7-кIэ хуэкIуэу.
ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту кърахьэлIэжащ хьэцэпэцэрэ джэш хъурейуэ (нартыхури хэту) тонн мин 1086,8-рэ (2024 гъэм – тонн мини 1148,7-рэ), абы щыщу нартыху жылэу тонн мин 804,9-рэ (2024 гъэм – тонн мин 881,7-рэ). Хьэцэпэцэу зы гектарым ику иту къытрахащ центнер 56,8-рэ (2024 гъэм – центнер 55,6-рэ).
Нартыхуу зы гектарым ику иту къытрахащ центнер 68,2-рэ (2024 гъэм – центнер 66,5-рэ).
Сэхурану кърахьэлIэжам и куэдагъым процент 48,4-кIэ хагъэхъуащ икIи тонн мин 32,8-рэ ар хъуащ икIи зы гектарым хуэзэу ику иту центнер 19,2-рэ къытрахащ (2024 гъэм – центнер 14,7-рэ). КIэртIофу къатIыжащ тонн мини 160,9-рэ (нэгъабэ елъытауэ процент 0,2-кIэ нэхъыбэщ). ХадэхэкIыу кърахьэлIэжащ (губгъуэхэми хуэбэщхэми къыщагъэхъуахэр зэхэту) тонн мин 424,8-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 7,9-кIэ ар нэхъ мащIэщ.
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу (нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ) Iэщышхуэ, джэдкъаз щхьэ бжыгъэу яIыгъам щыщу мин 272,9-р Iэщышхуэщ (2024 гъэм – мин 272,6-рэ), абы щыщу мини 139,9-рэ жэму (2024 гъэм – мини 139,3-рэ). Кхъуэр мини 2,1-рэ хъуащ (2024 гъэм – мини 4,1-рэ), мэлымрэ бжэнымрэ – мин 432,3-рэ (2024 гъэм – мин 425,0-рэ), джэдкъазыр – мелуани 4,8-рэ (2024 гъэм – мелуани 4,7-рэ).
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу Iэщышхуэрэ джэдкъазу республикэм щаIыгъам щыщу Iэщышхуэм и процент 72,6-р (абы щыщу жэмым и процент 68,3-р), кхъуэм и процент 95,1-р, мэлымрэ бжэнымрэ я процент 47,3-р, джэдкъазым и процент 37,2-р унагъуэхэм ейщ.
Фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ Iэщышхуэм и процент 16,1-р, жэмым и процент 18,7-р, кхъуэм и проценти 4,9-р, мэлымрэ бжэнымрэ я процент 28,9-р, джэдкъазым и процент 11-р къалъысащ.
2025 гъэм и щIышылэм - щэкIуэгъуэм къриубыдэу республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 115,6-рэ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 7,2-кIэ нэхъыбэу. Гъэшу къашащ тонн мин 519,7-рэ (процент 1,6-кIэ нэхъыбэщ), джэдыкIэу кърахащ мелуан 212,5-рэ (проценти 2,3-кIэ нэхъыбэщ).
Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм зы жэмым шэуэ къыщIашащ килограмм 7244-рэ (2024 гъэм – килограмм 7552-рэ), зы джэдым къыщIахащ джэдыкIи 170-рэ (2024 гъэм – джэдыкIи 195-рэ).